Наполеон Бонапарт пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ

Тхыдэтххэм къызэраIуэтэжамкIэ, Франджым и пащтыхь, дзэзешэ цIэрыIуэ Бонапарт Наполеон цIыху зэчиифIэт, алъандэрэ тхыдэм имылъэгъуауэ дзэпщ телъыджэт, ауэ ищIэмрэ къизэумрэ фIэмащIэу, и къэралым нэхъри зэрызригъэубгъуным, сыт и лъэныкъуэкIи зэрызригъэужьыным пылъу псэуащ. Мис а лIы гуащIэмрэ Мысырым щыIэ адыгэ мамлюкхэмрэ зэжьэхэуауэ щытащ зэгуэр…

Политикэмрэ зауэмрэ къыхуигъэщIа лIы Iущым илъэс 20-м щIигъукIэ IэщIэлъащ бжьыпэр. А зэманым къриубыдэуи Наполеон къизэуащ европей къэралыгъуэ, щIыналъэ зыбжанэ, хэIэбащ Африкэми Азиеми. Абы и закъуэ - ЩIым и гъунапкъэ жыжьэхэм щыIуат Бонапарт и Iущагъым и хъыбари, франджы пащтыхьым къригъэжьа зауэ хабзэхэмрэ Iэмалхэмрэ къызэращтэным хущIэкъурт псори.

ГъэщIэгъуэнракъэ, апхуэдэ зэфIэкI зиIа цIыхухъур къызэрыгуэкI унагъуэщ къыщалъхуар икIи гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ Iейуэ къелIалIэу  япIауэ пхужыIэнукъым – а зэманым зыхурагъаджэу щыта щIэныгъэхэмрэ IэщIагъэхэмрэ хуэдэщ игъуэтар. Ауэ Наполеон ныбжьыщIэу къыщыхутащ дзэ къулыкъум щыхурагъаджэ франджы школым икIи зауэм теухуауэ къыIэрыхьэ тхылъхэр зимыгъэнщIу щIиджыкIыу гу щылъатэм, псоми къагурыIуащ а щIалэ цIыкIум дзэлI еру къызэрыхэкIынур.

1798 гъэм бадзэуэгъуэм и 2-м Франджым и дзэр Мысырым теуэри, нэху къатемыщхьэ щIыкIэ яубыдат Александриер. Бадзэуэгъуэм и 4-м а хъыбар шынагъуэр ялъэIэсащ Каир щыIэ мамлюк бейхэмрэ эмирхэмрэ. Хасэ зэхашащ абыхэм, адэкIэ ящIэнур яубзыхуну икIи мамлюк дзэзешэхэм ящыщ Мурад-бей унафэ хуащIащ дзэ игъэшэсу, Наполеон езэуэну.

Мысырым и къалащхьэмкIэ хъыжьэу кIуэцIрыкI франджы шуудзитхур бадзэуэгъуэм и 11-м къыщызэтеувыIащ Ар-Рахманийа къалэм. Наполеон лъагъэIэсат шууей мини 4, зауэлI мини 10 хъу лъэсыдзэ, хыдзэ лъэщ щIыгъуу, Мурад-бей къызэрыблэгъам и хъыбар. Арами, франджы дзэзешэр къимыкIуэту, мамлюкыдзэм зэрыпежьэну щIыкIэр иубзыхури, и гъуэгуанэм пищэжащ. Ар-Рахманийа къалэм ипщэIуэкIэ щыIэ Шубхарит къуажэ цIыкIум деж щызэрихьэлIащ лъэныкъуитIыр. Наполеон и дзэр зауэлI мин 20 ирикъурт.  Франджы дзэзешэм фIыуэ зыхуигъэхьэзырат а зауэм. Мысырым теуэным ипэ къихуэу абы иджат урыс-тырку зэхэуэхэр зэрекIуэкIар икIи фIыуэ ищIэрт уэсмэныдзэр «каре» (дзэр зэпэплIимэу ягъэув, и кур нэщIу) Iэмалым зэрыпэмылъэщыфыр. КъищынэмыщIауэ, Нил псым тетт Наполеон зыщыгугъ и хыдзэр.

«Дыгъэм и къыкъуэкIыгъуэм ирихьэлIэу къэсащ Мурад-бей и дзэр. Мамлюкхэр IэщэфIхэмкIэ зэщIэузэдарэ дыщэрэ дыжьынкIэ гъэщIэрэщIа фащэ екIухэр ящыгъыу къыщыувым, франджы зауэлIхэм, ягъэщIагъуэу, зэпаплъыхьащ биидзэр. Абыхэм я гупсысэ псори зэтар – къапэщIэува мысырыдзэр зэтраукIэу апхуэдиз къулеигъэр зэрызэрапхъуэнырт», - итхыжащ маршал Девернуа Николя Филибэра.

Мурад-бей игурэ и щхьэрэ зэтелът. Абы лъагъэIэсыжат франджыдзэм фочгъауэ гуп зэримыIэр. Мамлюкым, Наполеон ауан ищIу, гухэхъуэу дыхьэшхри, «хъарбызым хуэдэу я щхьэр пысхынущ зэрыпхъуакIуэхэм» жиIауэ щытащ. Ауэ, франджы дзэзешэм и «каре»-р къигъэува нэужь, Мурад-бей Iэнкун къэхъуащ. Биидзэм и тIасхъапIэр къыхуэмыгъуэту, Мурад-бей зы жэщ-махуэкIэ зиIыгъащ. ЕтIуанэ махуэм, пщэдджыжьыпэм лъэныкъуитIми я хыдзэр зэхэуэн щыщIадзэм, Мурад-бей и гур къызэрыгъуэтыжри, франджыхэм ебгъэрыкIуащ. Абдежым, Наполеон алъандэрэ зыпэплъар къехъулIащ – мысырыдзэр къыщыблагъэм, «каре»-м зызэIуихри, Мурад-бей и зауэлIхэр къаухъуреихьащ. Мамлюкхэм хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтами, къызэтемыувыIэу, икIуэтыну ягу имылъыххэу зауэрт. Франджы дзэзешэм имылъэгъуарэ имыгъэунэхуарэ щыIэтэкъым, ауэ мамлюкхэм я зэуэкIэм къигъэуIэбжьат.

Апхуэдэу зы сыхьэткIэ зэхэуа нэужь, Наполеон къыгурыIуащ и хыдзэм зэрытеплъэкъукIар – ар мысырхэм Iисраф зэтращIат. Абдежым дзэзешэм унафэ ещI къарууэ яIэр зэхуахьэсыжу мамлюк лъэсыдзэмрэ шуудзэмрэ ирагъэкIуэтыну. ЗэрытемыгъакIуэу тэлайкIэ зэрыупщIэта нэужь, франджы кхъухьхэм ящыщ зым топышэ иутIыпщу, мысыр кхъухь нэхъыщхьэм и гын гъэтIылъыпIэм щытехуэм, ар къауэри, цIыкIу-цIыкIуххэу зэбгрипхъащ. Ар зылъэгъуа муслъымэнхэр зэрыгъэгужьейри, Мурад-бей унафэ ищIащ икIуэтыну - дзэм къыхэнэжар хъумэн хуейт. Псыщхьэм къытена кхъухьхэм зрадзэри, мысырыдзэм къыхэнэжар Каир екIуэлIэжащ, Наполеони зыри зэран къыхуэмыхъуу Шубрахитыр иубыдащ, мысырыдзэм зауэ губгъуэм кърана Iэщэ хьэлъэхэри къыхуэнащ.

Наполеони и дзэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтат, «каре»-м ираубыдами, мамлюкыдзэ IэмыщIэм франджы зауэлIхэм хьэлэчыр къыхалъхьат. Абы иригубжьа дзэзешэм унафэ ещI мамлюкхэм яужь иувэу, Каир къащтэну. КъызэрыщIэкIамкIэ, Мурад-бей пэжу ищIат зэрикIуэтыжар. Бонапарт и мурад бзаджэхэр къыщищIэм, мысырыдзэм и Iэтащхьэм Инбаб къыщыщIэдзауэ Баштил нэс игъэбыдащ.

ЗэпэщIэтыныгъэр мазэ бжыгъэкIэ екIуэкIащ зэрытемыгъакIуэу. Iуэхум къыхэмыIэбэу хъуакъым уэсмэн сулътIанымрэ Щамым и тетхэмрэ. Наполеон зыхуейр къыIэрымыхьэу, Мысырми зыкъимыту зауэр кIыхьлIыхь щыхъум, Бонапарт ЕвропэмкIэ къыщихьэхуа щIыналъэхэм я Iуэхур зэхэзэрыхьащ, цIыхухэм зыкъаIэтащ, зэщIэхъееныгъэ бжыгъэншэхэр къыщылыбым, франджы дзэзешэм и хэкум имыгъэзэжу хъуакъым.

Хамэ щIыгум щилъэгъуа псом нэхърэ нэхъыбэу Наполеон игъэщIэгъуар мамлюкыдзэм хэт адыгэ щIалэхэр зэрыхъыжьэмрэ зауэлI Iэзэу зэрызыкъагъэлъэгъуамрэт. «КъыхэщыпыкIа защIэу франджы сэлэт 370-р мамлюк зауэлI 40-м кърагъэкIуэтауэ си нэгу щIэкIащ. Сызэрыхуейуэ згъэсэжа мамлюк мин 20 сиIатэмэ, дуней псор къэззэунт!», - жиIауэ щытащ Наполеон а зекIуэм иужькIэ. Мысырым щыIэ адыгэ зауэлIхэм пщIэ зэрахуищIу щытам и щыхьэтщ Бонапарт а къэралым къришауэ мамлюк хъумакIуэ зэриIар. Франджы дзэзешэм сытым дежи щIыгъуу щытащ щIалитI – Тифлис щыщ ермэлы Рустамрэ, адыгэ мамлюк Хьэзешэрэ (Хозет Али Черкес). «1812 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м Регистэн жыхуаIэ адыгэ щIалэр Наполеон и ужьым иту Кремлыр ябгынащ. Абыхэм якIэлъыкIуэрт Франджым и маршалхэр», - къыхощыж литературэм иджыри зы адыгэ щIалэ, Наполеон и блыгущIэту щытауэ.

Наполеон псэуху зи гугъу тщIа Хьэзешэр пащтыхьым хуэлэжьащ. Бонапарт дунейм ехыжа нэужь, Хьэзешэ игъэзэжащ щалъхуа ХьэтрамэтIыгу къуажэм (нобэ Анапэ и Iэхэлъахэм щыIэ Суворово-Черкесскэ зыгъэпсэхупIэрщ).

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: