Атэбий Марат и текIуэныгъэСтаврополь къалэм дэт «Ставрополь Арена» спорт-зыгъэсапIэ центрым фокIадэм и 7-8-хэм щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ спортсмен 70-м щIигъу. Килограмми 110-м нэс зи хьэлъагъхэм и хьэрхуэрэгъухэм япэ щищащ, щылъу килограмми 180-рэ къэзыIэта КъБР м щыIэ МВД-м жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и инспектор нэхъыжь, полицэм и майор Атэбий Марат. «Спортым и мастер» цIэр абы къыхуагъэфэщащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
17.04.2024 - 12:54 →
Медалиблым щыщу щыр дыщэу
15.04.2024 - 17:00 →
КIыщ Аслъэнбэч и дыщэхэм къыхегъахъуэ
|