Шэр сэбэп?

Шэр цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ ерыскъыпхъэщ икIи ар къупщхьэмкIэ сэбэпу къалъытэ. Псалъэм папщIэ, дохутыр цIэрыIуэу тхыдэм къыхэщыж Боткин Сергей ХIХ лIэщIыгъуэм шэкIэ игъэхъужу щытащ узыфэ зыбжанэ. Абы зэрыжиIэу щытамкIэ, тхьэмщIыгъу, тхьэмбыл, лъатэ уз зиIэ, зи къупщхьэхэр мыщIагъуэхэм дежкIэ шэр хущхъуэшхуэщ. Ауэ, Гарвард щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, шэмрэ гъэшхэкIхэмрэ ди зэманым шынагъуэ хъуащ. 

 ЩIыуэпсым и щытыкIэр зэрекIэкIуам къыхэкIыу, шэм хэлъынкIэ хъунущ гыну ябж бдзапцIэ, дзыгъуэгъалIэ, антибиотикхэмрэ нэгъуэщI щхъухь цIыкIуфэкIухэмрэ. КъищынэмыщIауэ, шэм куэду хэлъщ эстроген жыхуаIэ, цIыхубзым и Iэпкълъэпкъым къигъэщI гормоныр. Эстрогеныр гъэшым хэлъу цIыхухъу Iэпкълъэпкъым куэду хыхьэмэ, бзылъхугъэ теплъэ иIэ мэхъу: и бгъэмрэ шхужьымрэ нэхъ ин, и макъыр псыгъуэ лъагэ мэхъу, мылъхуэ къахокI. 
КъищынэмыщIауэ, Iэщыр узыншэу щытын, псынщIэу хэхъуэн, пшэр хъун, лы ищIын папщIэ, хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд халъхьэ, гъэшыр зэрызэрахьэ хьэкъущыкъур щагъэкъабзэкIэ ар зэратхьэщIым щыщ къыхонэри, узыншагъэмкIэ зэранышхуэщ. 
Шэр щысэбэпыр ар къызыщIаша жэмыр хъупIэ къабзэ итамэщ, хущхъуэу халъхьапхъэмрэ гъэшыр зыхуэдэмрэ кIэлъыплъамэщ. ЗэрытщIэщи, тыкуэнхэм щащэ шэм куэд иращIэ, ар щIэх зэIымыхьэн папщIэ. Псалъэм папщIэ, шэр градус 63 - 98-м нэс къагъэпщт, абы хэлъ микроорганизмхэр яукIын щхьэкIэ. Микроорганизмхэм къадэкIуэу, шэм хэлъ минералхэмрэ витаминхэмрэ зэрызэкIуэкIым куэд егупсысыркъым. Апхуэдэу, шэр градус 65-м нэс къагъэпщта нэужь, абы хэлъ кальцийм сэбэп лъэпкъ пымылъыжу зехъуэжри, къупщхьэм нэмысауэ, мыхьэнэ гуэри имыгъэзэщIауэ цIыхум къыпкърокIыж. Градуси 150-м нэс ягъэпщтыр шэ лIэужьыгъуэ щыIэщ. Апхуэдэм зы бактерие хэсыжкъым, минерали витамини къызэрыхэмынэм хуэдэу. Пэжщ, апхуэдэ шэр илъэс ныкъуэкIэ щытынущ, ауэ зыри и сэбэпыжкъым. 
Шэм къупщхьэр быдэ ищIу жыхуаIэри пэжкъым. Уеблэмэ Iэпкълъэпкъым кальций куэду къылъысыным и пIэкIэ, къыхелъэсыкI! Сыту жыпIэмэ, шэм хэлъ белокыр лъатэм апхуэдизкIэ къытохьэлъэри, ар игъэткIун папщIэ минерал лей хуэныкъуэщ. Минералхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэу Iэпкълъэпкъым хэлъыр дызытепсэлъыхь кальцийращи, ар къупщхьэхэм къыхех, шэм и белокым пэлъэщын папщIэ. Пэжщ, сабийм и ныбжьыр илъэси 9 - 10-м нэсыху Iэпкълъэпкъым къегъэщI дызытепсэлъыхь белокым зэрыпэлъэщ фермент - реннин жыхуаIэр. Ауэ иужькIэ, цIыхум и ныбжьыр хэкIуэтэху, ренниныр мэкIуэдыжыпэри аращ шэр щIыхуэмыгъэткIужри. 
Шэмрэ гъэшхэкIхэмрэ сэбэпу жаIэу цIыхур къэгъуэгурыкIуащи, ар зэрызэраныр и фIэщ хъуркъым. 
Гарвард и профессор Кэмпбел Колин иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, шэм къыхокI къупщхьэ узыр, лъатэ узыр, уеблэмэ лышх узыфэр. Абы жеIэ цIыхум къылъыс казеинымрэ (шэм и зы пкъыгъуэ) канцеро­генезымрэ (лышхыр къызыхэкI щхьэусыгъуэмрэ) зэрызэпыщIар: казеиныр нэхъыбэху, канцерогенезри нэхъ лъагэщ. КъищынэмыщIауэ, эстрогеныр зэбэкI цIыхухэм нэхъыбэу къофыкI лышхыр. ИщхьэIуэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, жэмхэр кIэщI-кIэщIурэ зэрыуэндэгъум къыхэкIкIэ, эстрогеныр я куэдщи, шэми куэду хэлъщ. 
Абы и щыхьэтщ Японием щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэри. Лымрэ гъэшхэкIымрэ Японием я лъэпкъ шхыныгъуэу зэи щытакъым икIи мащIэ дыдэут зэрашхыр, ауэ зауэ нэужьым IэмалыншагъэкIэ я Iэнэм къытехьащ, абы къыдэкIуэуи лышх узыфэр зэузхэм я бжыгъэр псынщIэу хэхъуащ. Ар дыдэращ къащыщIар мыдрей къэралыгъуэхэми. 
«Лактозная непереносимость» узыфэр зыпкърыту дунейм къытехьэ сабийхэм я бжыгъэм хохъуэ кIуэ пэтми. Лактозэр шэр IэфI зыщI фошыгъу лIэужьыгъуэу аращ. Лактозэр игъэткIун папщIэ, сабийм и Iэпкълъэпкъым лактазэ жыхуаIэ ферментыр къегъэщI. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, сабийм и ныбжьыр хэкIуэтэху, лактазэри мэкIуэдыж, ренниным хуэдэу. Дызытепсэлъыхь лактазэр имыIэххэу къалъхуа сабийм анэ быдзышэри емызэгъыу щыкъиин щыIэщ, и ныбэр игъэузу, къэкъуалъэу, къигъэжьу, ныбажэ ищIу, и щIыфэр къригъэлъэлъу. Апхуэдэ сабийхэм папщIэ, лактозэ хэмылъу кашэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ къыдагъэкI.
Лактозэр лактобактериехэм я шхыныгъуэу жызыIи щыIэщ. Мыбдеж зэхэщIыкIыпхъэщ цIыхум и кIэтIийм ис лактобактериехэмрэ шэм хэлъ лактозэмрэ Iуэху лъэпкъ зэрызэхуамыIэр, зыкIи зэрызэлъэмыIэсыр. Лактобактериехэм кIэтIийр ягъэлажьэ икIи абыхэм я шхыныгъуэр хадэхэкIхэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм, курпIэм хэлъ клетчаткэр аращ икIи гъэшыншэу псэуфынущ. Ауэ лактозэр куэдрэ цIыхум хуэмыгъэткIумэ, цIыхум ишхари зэтрегъэфыхь, узыфэ зэхуэмыдэхэри къегъэхъей. Абы и щыхьэтщ «белковая диета» жыхуаIэм тет, лым, гъэшхэкIым тезыгъащIэ цIыхухэм я жьэм мэ Iей къызэрыжьэдихыр, уеблэмэ я пщIэнтIэпсри нэхъ гуащIэ зэрыхъур. 
Иджыри зы Iуэхугъуэ… ЦIыхум пыхусыхур къыщыпкърыхьам деж шэм фо е тхъу тедзауэ ирагъафэ, сэбэп хуэхъун, къызэфIигъэувэжын я гугъэу. Ауэ цIыхум къыгурыIуэркъым, фIы ищIэ и гугъэурэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ сымаджэм лей зэрырихыр. Сыту жыпIэмэ, шэм Iупс бзаджэр нэхъри кърегъаблэ, мыдрей псоми къищынэмыщIауэ. Аращи, пыхусыхур зэфыкIым шей хуабэ куэду ефэмэ, пхъэщхьэмыщхьэм нэхъ тригъащIэмэ, гъэшхэкIыр Iуихыпэмэ, нэхъ псынщIэу къызэфIэувэжынущ. 
СыткIэ зэпхъуэкI хъуну шэмрэ гъэшхэкIхэмрэ?
Жэмышэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ сэбэпщ икIи лъатэм къемыхьэлъэкIыу хуогъэткIу соем къыхащIыкI шэр, кхъуейлъалъэр, кхъуейр, шхур. Пэжщ, языныкъуэхэр щошынэ соем хэлъ фитоэстрогеным, ауэ ахэр жэмышэм хэлъ гармоным хуэдэу шынагъуэкъым. КъищынэмыщIауэ, прунжым, хьэм, кокосым, миндалым шэ къыхащIыкI, дызэса шэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ сэбэпу. 
Къыхэгъэщыпхъэщ шэм хэлъ кальцийр Iэпкълъэпкъым изэгъэн папщIэ, витамин D зэрыхуейр. Ауэ шэм а витаминыр хэлъыххэкъым - витамин D-р дыгъэпсращ зыхэлъыр е лабораторэм щащI. 
 ЖытIам къикIыу пIэрэ цIыхур зы ныбжь гуэрым нэса нэужь шэ ефэныр щигъэтын хуейуэ?! Гарвард щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, шэр зи шхыныгъуэр сабийхэращ. Сабийм и ныбжьыр илъэси 9 - 10-м нэса нэужь шэм хуэныкъуэжкъым.
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: