Ренодо и газетыр

Япэрей газетхэр хъыбарегъащIэ тхылъымпIэхэмрэ брошюрэхэмрэт. Ахэр «Авизо» фIэщыгъэр яIэу Венецием къыщыунэхуащ XVI лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм. «Авизом» «хъыбар» жиIэу къокI, итальяныбзэщ. Апхуэдэ хъыбарегъащIэ тхылъымпIэхэр Венецием и «gazzetto» ахъшэ жьгъейкIэ ящэрт. Аращ «газет» псалъэри къызытехъукIыжар. Ди зэманым къэсащ 1566 гъэм ятхауэ щыта «Авизо» тхылъымпIэхэр.

Капитализмэм щыгъуэ сату Iуэхум зиужьырт, цIыхубэм и пэжыпIэкIэ ящIэн хуейт хьэпшыпхэм я уасэр. Апхуэдэу къэунэхуащ хьэпшыпхэмрэ абыхэм я уасэхэмрэ зэрыт тхылъымпIэ напэхэр. Ауэрэ къежьащ къэралхэм я хъыбархэр зратхэ тхылъымпIэхэри. Газетхэр къыщыдэкI хъуащ Европэм и плIанэпэ зэхуэмыдэхэм.

Хъыбар зэрыт тхылъымпIэхэм щIэупщIэ яIэ хъуа нэужь, СМИ-м и мардэ гуэрхэри ягъэбелджылыуэ хуежьащ. Газетхэм псом япэу тетын хуейт цIыхухэр зыхуэныкъуэ хъыбархэр. Арат япэу гулъытэ зыхуащIыр. ТхылъымпIэмрэ зэрытрадзэмрэ я фIагъым мыхьэнэ иратыртэкъым.

XVII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэр Франджым и щэнхабзэр щызэтеувэт. Абы щыгъуэ къэунэхуауэ щытащ «светскэ хроникэ» жыхуаIэри.

КъыдэкIыгъуэурэ зэхэт газетхэр XVII лIэщIыгъуэм Германием, иужькIи Голландием къыщыунэхуащ. Франджыр хуейтэкъым абыхэм закъыкIэригъэхуну. 1631 гъэм Ренодо и «La Gazzette»-р къыдэкIыу щIидзащ. Ренодо Теофрастэ медицинэ щIэныгъэ иIэт. Кардинал Ришелье зэриныбжьэгъум къыхэкIыу, ар тхьэмыщкIэхэм я IуэхухэмкIэ комиссар хъуащ. Ренодо къызэIуихащ хуэмыщIахэм лэжьыгъэ къахуэлъыхъуэным хухэха бюро щхьэхуэ. Абы псапэ зэращIэ Iуэхуи хэтт. ИужькIэ унэ щэн-къэщэхуным теухуа хъыбархэри абы иратхэ хъуащ. 1931 гъэм накъыгъэ мазэм Ренодо пащтыхьым хуит къищIащ езым и газет къыдигъэкIыну. Абы тегъащIэу иIэт дунейм щыхъыбархэр хэзыгъаIуэ бюрор. Япэ къыдэкIыгъуэр напэкIуэцIиплI хъурт. Апхуэдэурэ напэкIуэцIхэм я бжыгъэр хым, им, пщыкIутIым нэсащ. ЯпэщIыкIэ газетым итар хамэ къэралхэм я хъыбархэрт. КъыдэкIыгъуих нэужьырщ Франджым щыхъыбархэм тепсэлъыхь щыхъуар. Ренодо цензурэм тыншу блэкIырт, уеблэмэ "La Gazzette»-р зэбгригъэкIын папщIэ пащтыхь пощтым и Iуэхутхьэбзэри къигъэсэбэпырт. 1632 гъэм Ренодо тираж щхьэхуэу къыдигъэкIыу щIидзащ «Feuille du bureau d'adresse» брошюрэр. абы рекламэ къытехуэрт, цIыхухэр щIэупщIэрти, газетым и хэхъуэр нэхъыбэ ищIырт. 1633 гъэм абы къыдигъэкIыну и ужь ихьащ газетым и гуэдзэн щхьэхуи. Газетымрэ гуэдзэнымрэ ярыт хъыбархэр зэтехуэртэкъым. Гуэдзэныр щыIащ 1670 гъэ пщIондэ. Ренодо къалъытэ Франджым и япэ лъэпкъ газетым и зэхэублакIуэу. 1749 гъэм ар дунейм ехыжащ. 1762 гъэм газетыр франджым хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм иратыжащ, «Gazzette de France» фIащыжри.

         Ренодо и газетыр зэхуащIыжауэ щытащ  1915 гъэм. Ауэ щыхъукIи, 1926 гъэм Ренодо Теофраст и цIэкIэ литературэ саугъэт ягъэуващ. Ар Гонкуров и цIэкIэ щыIэ саугъэтым дыщIагъуащ. ТIури зы махуэм - щэкIуэгъуэм и етIуанэ гъубжым - ят хабзэщ.

ГЪУЭТ Синэ.

 

Поделиться: