Пощтзехьэхэт икIи зауэлIхэт

  ГъэщIэгъуэнщ

         Дэ дощIэ шымрэ хьэмрэ пасэ зэман лъандэрэ цIыхум и щIэгъэкъуэныфIу къызэрекIуэкIар. Ардыдэр яхужытIэ хъунущ ди гъусэу псэу тхьэрыкъуэхэми. Ауэ абы теухуауэ дызыщыгъуазэр, шэч хэмылъу, нэхъ мащIэщ.

Дин хъыбарым къызэрыхэщыжымкIэ, дунейр псым щыщIигъэнам щыгъуэ Нухь бегъымбарым тхьэрыкъуэ иутIыпщауэ щытащ и кхъухьыр здекIуэлIэфыну щIыпIэ къригъэлъыхъуэну. Мыдрейм игъэзэжащ жыг къудамэ цIыкIу иIыгъыу. Абы къигъэлъагъуэрт псыр зэрыжэщIыжыр икIи къригъэла цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ щеувэхын щIы кIапэ мыгувэу къыщIэщыну.

 Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхухэм гу лъатащ тхьэрыкъуэхэр пощтзехьэ Iэзэу зэрыщытым. ЗдагъакIуэр къигъуэтынымкIэ абы бгъэдэлъ зэфIэкIыр телъыджэщ. Зы сыхьэтым километр 50 - 70 хуэдиз и псынщIагъыу километр 300-кIи лъэтэфынущ. Дауи, ар къамыгъэсэбэпу къэнакъым зауэлIхэм. Ди тхыгъэри нэхъыбэу зытеухуари аращ.

 Япэ дыдэу тхьэрыкъуэхэр IуэхушхуэкIэ къыщагъэсэбэпар 1870 - 1871 гъэхэм екIуэкIа франджы-прус зауэрщ. Нэмыцэхэм Париж къаувыхьа иужь къалэдэсхэр дунейм пызыщIэфу къэнар тхьэрыкъуэ пощтзехьэхэрт. Ахэр къыпхуэмылъытэн хуэдизу сэбэп зэрыхъуар ялъагъури, адрей къэралхэми апхуэдэ Iэмалым щыхуекIуащ. 1874 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ тхьэрыкъуэхэр гъэхъуным елэжь зэгухьэныгъэ. Ар зэпхар пощт IэнатIэрт, арщхьэкIэ  зауэ къэхъеймэ, дзэм и унафэ щIэувэнут. Адрей къэралхэм мы Iуэхур нэхъри щагъэкIуэтащ икIи щыщIегъуэжакъым.

А псэущхьэ дахэхэр Япэ дунейпсо зауэм и зэманым Антантэм и къарухэм къыпхуэмылъытэн хуэдизу ядэIэпыкъуащ. Абы щыгъуэми, икъусыкъужкIэ хахуэу зыкъагъэлъагъуэу. Псалъэм и хьэтыркIэ, 1918 гъэм Шер Ами пщэхум хуагъэфэщат Франджым и Зауэ жор орденымрэ пощтзехьэ тхьэрыкъуэ зыгъэхъу американхэм я дыщэ медалымрэ. Зауэм и иужьрей илъэсым а къуалэбзум мыхьэнэшхуэ зиIэ хъыбархэр зыхуаутIыпщахэм я деж нигъэсащ, зэгуэр, уеблэмэ, батальон къригъэлащ! Абы и закъуэщ кIуэдауэ ямыгъуэтыж батальоныр здэщыIэм теухуа хъыбар штабым нэзыхьэсыфар. Адрейхэр хэкIуэдащ, езым и псэр нихьэсыжащ уIэгъэ хьэлъэу. Абы и фIыгъэкIэ псэууэ къэнащ цIыхуи 194-рэ. Тхьэрыкъуэр Британием и дзэм и полковник ящIащ. ЛIа иужь ар щIалъхьащ пщIэшхуэ хуащIу.

Япэ дунейпсо зауэр щиухым США-м, Инджылызым, Франджым я дзэхэм псори зэхэту тхьэрыкъуэ пощтзехьэ мин 400 хуэдиз яIащ, Германием и закъуэ  -мини 150-рэ.

Граждан зауэм ди къэралым хуабжьу щигъэмэщIащ апхуэдэ хъыбарегъащIэхэм я бжыгъэр. Кърымыр щибгынэм барон Врангель зэщIикъуащ Севастополь тхьэрыкъуэ станцым и гъэсэн псори. Зэман дэкIри, ахэр Германием щащащ. Ауэ, хьэлэмэтыращи, илъэс зыкъом дэкIа иужь абыхэм я лъахэм къагъэзэжащ,  километр 2300 - 2500-рэ къызэранэкIри, Севастополь къыдэхутэжащ.

КъэунэхуагъащIэ Совет Союзми мы IэнатIэр щащыгъупщэртэкъым. 1929 гъэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм къахыхьащ «Тхьэрыкъуэ пощтзехьэхэм я гъэсакIуэ-селекционер» IэщIагъэр. Пщэхухэм къулыкъу щащIэрт лъэсырыкIуэдзэхэм, авиацэм, флотым, гъунапкъэм.  1936 гъэм ирихьэлIэу ди къэралым щыIэт тхьэрыкъуэ мин 30 хуэдиз  щаIыгъ станцу 250-м щIигъу.

Хэку зауэшхуэм и зэманым бийм пэщIэтащ тхьэрыкъуэ минхэр. Фронтхэм, хэбгъэзыхьмэ, пощтзехьэ тхьэрыкъуэхэм я ротэхэр щыIэт. Куэд щIауэ апхуэдэ хъыбарзехьэхэр къэзыгъэсэбэп нэмыцэхэм фIы дыдэу къагурыIуэрт абыхэм я мыхьэнэр, партизанхэмрэ къалэхэм щэхуу щылажьэхэмрэ дамэ зытет а зауэлIхэр къызэрагъэсэбэпынур. Абыхэм яубыда щIыналъэхэм щыпсэухэм хуагъэуващ я тхьэрыкъуэ псори иратыну. ЕмыдаIуэхэм къапэплъэр гурыIуэгъуэт. Къапщтэмэ, 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м нацистхэм яукIащ Дон Iус Ростов щыщ Черевичкин Виктор. Илъэс 16 зи ныбжь щIалэщIэм езым и къуалэхэр зэрыпхъуакIуэхэм ящигъэпщкIуат…

 И чэзум Iэрагъэхьа хъыбархэм я фIыгъэкIэ зы зауэлIкъым, пщIыкъым, щэкъым абыхэм кърагъэлар. Ауэ езыхэми хэщIыныгъэ хьэлъэхэр ягъуэтащ. Зауэр  зауэщ, абы хэкIуадэхэри цIыхухэм я закъуэкъым. Ар дыдэмкIи зыкъагъэлъэгъуащ шыни, къикIуэти зымыщIэ зауэлIу.

Хэку  зауэшхуэр иуха иужь СССР-м щыхуэмеиж хъуащ зи гугъу тщIы хъыбарзехьэхэм. Техникэм зэпымыууэ зиужьырт зызэрызэпащIэ Iэмэпсымэхэр ефIакIуэ зэпытт. Тхьэрыкъуэ станцхэр зэхуащIыжа иужь абыхэм щаIыгъхэр дзэ къулыкъум пагъэкIащ. Адрей къэралхэми щащIар аращ. Пощтзехьэ тхьэрыкъуэхэм я лъэхъэнэр иухащ…

АрщхьэкIэ, зэт, девмыгъэпIэщIэкIыт! Китайм щыжаIащ цIыхубэ-щхьэхуитщIыжакIуэ армэм папщIэ тхьэрыкъуэ мини 10 хуэдиз зыхэтыну полк къызэрызэрагъэпэщыр. Сыт щхьэкIэ? Мы Iуэхум куууэ егупсысауэ къыщIокI. ЗытрагъащIэри, хъыбар зэрырагъащIэ техникэм зэрызиужьым къыдэкIуэу абы къызэрыпэщIэт электрон Iэмэпсымэхэри зэрефIакIуэрщ.  Уеблэмэ, иужьрейр япэ ищынкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. ЗызэрызэпащIэ электрон, телефон Iэмэпсымэхэр бийм  зэIигъыхьэмэ, е къэхъукъащIэ гуэрхэм я зэранкIэ я лэжьыгъэр къызэпаудмэ, щIыпIэ мыжыжьэхэм хъыбархэр псынщIэу нэзыгъэсыфынур тхьэрыкъуэхэрщ. Къызэрызэрагъэпэщрэ мы къэралым апхуэдэ пощт лIэужьыгъуэм гулъытэ щIагъуэ щыхуащIакъым, иджы мис…

 Аращи. Тхьэрыкъуэ пощтзехьэхэр тхыдэм пасэIуэу хамыутIыпщхьэжауэ  пIэрэ?

                                        Махъшокъуэ Мухьэмэд.

 

 

Поделиться: