Къабзагъэм и хабзэхэр вгъэзащIэ

ЦIыхухэм я псэукIэр ефIэкIуэнымрэ щэхуакIуэхэм я хуитыныгъэр хъума зэрыхъумрэ кIэлъыплъ федеральнэ IуэхущIапIэм хъыбар къызэритымкIэ, кIэтIийхэм япыщIа уз зэрыцIалэхэр нэхъ псынщIэу зызыубгъухэм ящыщщ, абы къыхэкIыуи я шхыныгъуэр зыхуэдэми я къабзагъэми ткIийуэ кIэлъыплъыжыну цIыхухэр къыхураджэ.

IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а узыфэ зэрыцIалэхэм заубгъуныр къызыхэкIар хадэхэкIхэм бахъэ щIамыгъауэу зэрашхарщ.

А уз зэрыцIалэр зэуэлIам и ныбэр къеузынущ, апхуэдэуи ныбажэ хъунущ, лъы къыдэхыу. Апхуэдэу шынагъуэ щыIэщ узыфэм жьэжьейм зритынкIэ.  

Ныбажэм и хущхъуэхэр, антибиотикхэр зэпхьэлIэ хъунукъым, абыхэм сымаджэм и щытыкIэр нэхъ Iей ящIынри хэлъщ.

Узыфэ зэрыцIалэм и микробхэр цIыхум къыпкърыхьэнкIэ хъунущ ерыскъыпхъэм хэлъу, махуэ къэс къэдгъэсэбэп хьэпшыпхэм кIэрылъу. Абы къыхэкIыу Iэмал имыIэу щIэх-щIэхыурэ фи Iэхэр фтхьэщIын хуейщ, псом хуэмыдэу фыщышхэнумрэ фыщыпщэфIэнумрэ и пэ къихуэу. Фи пщэфIапIэр сытым дежи къабзэу зефхьэ, ерыскъыпхъэхэр зэрахъумэ хабзэхэр вгъэзащIэ. ХадэхэкIхэр фшхын ипэ къабзэу фтхьэщI, псы къэкъуалъэ дэвгъэжэх, шэр вгъэпщт.

КIэтIийхэм уз зэрыцIалэр къемыуэлIэн папщIэ Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр гъэзэщIапхъэу къегъэув:

1. Къабзагъэм и хабзэхэм фытет:

  • ерыскъыхэкI къэфщтэн, фыпщэфIэн и пэ къихуэу фи Iэхэр фтхьэщI;
  • псыунэм фыкъыщIэкIыжа иужь фи Iэхэр фтхьэщIыж;
  • фыщыпщафIэкIэ къэвгъэсэбэп дэтхэнэ зы хьэпшыпри стIолыщхьэри фIыуэ вгъэкъэбзэж.
  • фи пщэфIапIэр, ерыскъыпхъэхэр бадзэхэм, дзыгъуэхэм, унэ псэущхьэхэм ящыфхъумэ.

2. Шхын хьэзырымрэ фпщэфIын хуей ерыскъыпхъэхэмрэ щхьэхуэу вгъэтIылъ:

  • лы, бдзэжьей цIынэхэр нэгъуэщI ерыскъыпхъэхэм я гъусэу фымыгъэтIылъ;

- апхуэдэ ерыскъыхэкI цIынэхэм фызэреIусэ Iэмэпсымэхэр щхьэхуэу щывгъэлъ.

3. Дэтхэнэ зы ерыскъыхэкIри фIыуэ вгъавэ е вгъажьэ:

- псом хуэмыдэу лыхэкIхэр, бдзэжьейхэкIхэр, джэдыкIэр фIыуэ вгъавэ е вгъажьэ;

- Хьэнтхъупс зэмылIэужьыгъуэхэр щывгъэхьэзыркIэ ахэр фIыуэ къытевгъэкъуалъэ, градус 70 пщтырагъым нэсыху. Лы вгъэвам и лэпсыр узэпхрыплъу къабзэу щытын хуейщ;

- нэхъапэкIэ фпщэфIа ерыскъыхэр фшхыну къыщыфщтэкIэ фIыуэ къэвгъэхуабэ.

4. ЕрыскъыхэкIхэр температурэ щхьэхуэ здэщыIэ щIыпIэм щыфхъумэ:

- вгъэхьэзыра ерыскъыр сыхьэтитI нэхърэ нэхъыбэкIэ пэш хуабэм щIэвмыгъэт;

- псынщIэу зэкIуэкI ерыскъыхэр нэхъ псынщIэу щIыIапIэм зэрыфхьыным иужь фит;

  • вгъэхьэзыра ерыскъыр Iэнэм тевгъэувэхукIэ пщтыру щывгъэт;
  • ерыскъыр куэдрэ фымыхъумэ, ар щIыIалъэм дэлъми.
  • ерыскъыхэкI щтар пэш хуабэм къыщывмыгъэвыж.

5. Псымрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ къыщывгъэсэбэпкIэ фысакъ:

  • фызэфэну псыр къэгъэкъуэлъауэ щытмэ, куэдкIэ нэхъыфIщ;
  • Iэмал имыIэу пхъэщхьэмыщхьэхэри хадэхэкIхэри быдэу фтхьэщI;
  • зи пIалъэр икIа ерыскъыхэкIхэр къэвмыгъэсэбэп.

Тхьэхущынэ Ланэ.

 

Поделиться: