Аргант Iэчлъэчымрэ Сакрипант пагэмрэ

 Дунейпсо щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэу къалъытэ тхылъ куэдым ди лъэпкъыцIэм ущрохьэлIэ.  Адыгэхэр нэхъыбэу къыщацIыхуар курыт лIэщIыгъуэхэм Европэм зыщызыубгъуа КъэщIэрэщIэжыгъуэ лъэхъэнэрщ.  А зэманым ятха урым поэмэхэм шэрджэс мамлюкхэр «бий губзыгъэ» жыхуаIэ жыпхъэм иту ди нэгум къыщIагъэувэ.    

  Пасэрей Италием щыщ усакIуэ Ариостэ Лудовикэ 1516 гъэм итхауэ щытащ «Роланд хахуэ» зыфIища лIыхъужь поэмэ. Ди дежкIэ ар гъэщIэгъуэн зыщIыр абы «Адыгэ Хэкум и пщы пагэ Сакрипант» зэрыхэтырщ. А тхыгъэр нэхъ пасэу урым усакIуэ Боярдэ Маттео итха «Хьэщыкъу хъуа Роланд» поэмэм къыкIэлъыкIуэ хуэдэу зэхэлъхьащ. «Илиадэ», «Энеидэ» тхыгъэ щэджащэхэм хуагъадэ Ариостэ и IэдакъэщIэкIыр. ТIури зытепсэлъыхьыр чыристан жорзехьэхэм XI - XV лIэщIыгъуэхэм ирагъэкIуэкIа зекIуэхэрщ.

  Сыт-тIэ абыхэм адыгэхэм хуаIуэхур, жыфIэнщ. Тхыдэм къызэрыхэщщ, фэри зэрыфщIэжщи, япэу жорзехьэхэр къэзыгъэувыIэфар курд лъэпкъым къыхэкIа, Мысырым и сулътIан Салахуддинщ. Шэрджэс мамлюкхэм иджыри пащтыхьыгъуэр къалъысатэкъым абы щыгъуэ. ИтIани, я лIыхъужьыгъэкIэ мысырыдзэм къахэщ къыщIэкIынти, а Iуэхур урым усакIуэхэми яIэщIэкIакъым. Мы усакIуитIым шэрджэс Сакрипантыр къызэрагъэлъагъуэр я муслъымэн бийхэм я щапхъэущ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэ Роланд хахуэм къыкIэрымыху зауэлI лъэрызехьэу къыхощ адыгэ щIалэр усакIуитIым я поэмэ зэпэджэжхэм.

    Ди лъэпкъыцIэр къреIуэ урым усакIуэ Тассо Торкватэ и «Хуит хъужа Иерусалим» поэмэми. УсакIуэм сатыр куэд хуигъэфэщащ абы къыхэщ «Аргант Iэчлъэчым». КъикIуэт зымыщIэ шэрджэс хахуэр мы тхыгъэми лIыхъужь нэхъыщхьэ Танкред щыпоув. Критикхэм зэрыжаIэмкIэ, Танкред пэж дыдэу тхыдэм хэта цIыхущ, ауэ щыхъукIэ Аргантыр усакIуэм къигупсысауэ аращ. Салахуддин и лIыкIуэ хуэдэущ Аргантыр поэмэм зэрыхэтыр. Поэмэм и зыубгъукIэмкIэ, сулътIаным жорзехьэхэр гъунэгъу къызэрыхъуар къищIа нэужь, я унафэщIым щIалэ зыбжанэ хуигъэкIуащ, мамырыгъэм къыхуриджэу. Абыхэм язт «шэрджэс Аргант»:

Мысырым къэIэпхъуат шэрджэс Аргант,

ГъащIэр нэхъ нэгузыужьу игъэкIуэну.

Езым нэхърэ нэхъ лъэщ къыуигъэлъыхъуэну,

Дзэпщ зэрыхъуар и лIыгъэкIэ къихьат.

Губзыгъэу, хахуэу, бзаджэрэ ерыщу,

Маисэм фIэкIа, зыми дзыхь хуимыщIу.  

  Аргант и закъуэкъым Тассо и поэмэм адыгэу хэтыр. «Тахътэм и хъуреягъкIэ адыгэхэр щытт», - жеIэ усакIуэм Салахуддин и гугъу щищIкIэ.

Аргант узэрыздимыгъэджэгунур нэгъуэщI пычыгъуэми къыхощ: 

Шым тес шэрджэс зауэлIыр къэгубжьащи,

И шы лъэ макъым щIылъэр егъэзджыздж,

Пащтыхьракъым щIигъэдалъэр Iэщэр - 

Зэры-Европэу зэтриIущIыкIынщ. 

 Мыбдежым и гугъу дымыщIу хъункъым Вальтер Скотт жорзехьэхэм я ещанэ зекIуэм триухуа «Талисман» романми. Салахуддин и адыгэдзэр къыщигъэлъагъуэкIэ, тхакIуэм псалъэ хэплъыхьахэр къегъэщхьэпэ: 

  «Пшагъуэр текIуэтри, инджылызхэм я пащхьэм иджыри къэс ямылъэгъуа шуудзэ зыкъизых къихутащ. КъуэкIыпIэм нэхъ лъагэ дыдэу ит пащтыхьым бгъурытыну зыхуэфащэ защIэт ахэр. ЗауэлI 500 хуэдиз хъуну шуудзэм хэт шы къэс пщы уасэ щIэптыфынт. Дыжьыным къыхэщIыкIа я афэджанэхэмрэ тажхэмрэ къащылыдыкIырт адыгэ шухэм. Я щыгъын зэмыфэгъухэр дарий дыщафэт е дыжьыныфэт.  Дыщэпсрэ дыжьын IуданэкIэ къэдыхьа я пыIэхэмрэ сарыкъхэмрэ мывэ лъапIэрэ къабзийкIэ гъэщIэрэщIат. Апхуэдэ дыдэт я сампIэхэмрэ къамэ Iэпщэхэмрэ тет дыжьын тхыпхъэхэр. Ахэр къызэрилъагъуу, Ричард Салахуддин гъунэгъу къызэрыхъуар къыгурыIуэри, и дзэр сатыру игъэуващ».

   «Жорзехьэхэм я нэхъыбэр зэрылIыкIыр муслъымэнхэм я Iэщэратэкъым, - жеIэ «Тхыдэм зыщызыплъыхь зекIуэлI» сайтым и редактор Чайкэ Павел. - Нэхъыбэр мэжэщIалIагъэмрэ щIыпIэщIэм къыщаубыд узыфэхэмрэ илIыкIырт, псом хуэмыдэу – ныбэузым. Пэжыр жыпIэмэ, жорзехьэхэм загъэкъэбзэн я хьэлтэкъыми, уз зэрыцIалэхэр тыншу къапхъуатэрт. Къабзэлъабзагъэм и гугъу щытщIкIэ, иджыри зыгуэр жыдмыIэу хъунукъым. Нобэ Iуэху къызэрыгуэкIыу къытщохъу ушхэн ипэкIэ уи Iэр птхьэщIын зэрыхуейр. КъызэрыщIэкIымкIэ, а хабзэр жорзехьэхэм хьэрыпхэм далъагъури, иужькIэ Европэм яхьауэ аращ».  Павел и псалъэхэм я щыхьэту хьэдисри къоув: «Шхэн ипэкIи иужькIи зи Iэр зытхьэщIыр тхьэмыщкIагъэм щыхъума мэхъу».

  Псалъэуха зырызу зэхудохьэсыж адыгэхэм я цIэр тхыдэмрэ литературэмрэ къыхэзына усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр. Ахэр адыгэбзэм къигъэзэгъэн зэрыхуейми шэч хэлъкъым. 

                                               ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться:

Читать также: