Гъэсэныгъэм и Iэмалхэр

Лъэпкъыр узыншэн щхьэкIэ, щIэб-лэм уегугъун хуейщ. ЩыцIыкIум щегъэ­жьауэ ар гъэсапхъэщ фIымрэ Iеймрэ зэхигъэкIыфу, ныбжьэгъум дэгуашэу, псэущхьэхэр фIыуэ илъагъуу, нэхъы­жьым пщIэ хуищIу. Гъэсэныгъэм теу­хуауэ Iэмал нэхъыщхьэ дыдэу щыIэхэм ящыщщ тхылъыр. Сабийхэм тхылъ яхуэзытхым езым и псэр къабзэу щы­тыпхъэщ, цIыкIухэм я гурыгъухэр зыхищIэн щхьэкIэ. Ахэр зэрагъасэ, акъыл жан зэращI, анэдэлъхубзэр зэ­ры­ра­гъащIэ лэжьыгъэхэр и Iэдакъэ­щIэкIщ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэ Мэлей ФатIимэ. Абы и IуэхущIафэ дахэхэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI. Дэ ар хэхауэ зытедгъэп­сэлъыхьар щIэблэм и гъэсэныгъэмрэ абы теухуауэ илэжьхэмрэщ. 

- ФатIимэ, иужьрей илъэсхэм зэкIэлъ­хьэужьу къыдэбгъэкIащ адыгэ сабийхэм уазэрыдэлажьэ тхылъ цIыкIу зыбжанэ. Дауэ зеппщыта хъуат абы?
- Ди адыгэ сабийхэм сахуехъуапсэрт ­зы­зэрагъэсэн, зыдихьэхын, щIэныгъэ къыздрахын тхылъ, тетрадь цIыкIу хуэ­­дэхэр гъэщIэрэщIауэ яIэну. Сабийхэм уа­зэ­рыдэлэжьэну нэгъуэщIыбзэхэмкIэ ап­хуэдиз зэмылIэужьыгъуэ щыIэм щыщ ­дыдейхэм зэрамыIэр сигу къеуэрт. Си ­къару къихьыххэмэ, сэри а Iуэхум гупсы-сэ хэслъхьэн хуейуэ къэслъытащ. Япэ дыдэу къыдэзгъэкIащ «Азбукэ. Япэ лъэбакъуэхэр» зи фIэщыгъэр. Хьэрфхэр усэбзэкIэ зэгъэщIэным нэхъ хуэгъэпсащ ар. Анэдэлъхубзэр джын щIэзыдзэ къудей­хэми, нэхъыфIыIуэу зыщIэхэми яхуэгъэ­зауэ зэхэслъхьащ. Усэхэр кIэщI дыдэрэ тыншуи, тIэкIу нэхъ гугъууи хэзгъэуващ. Хьэрфхэм яхуэкIуэу хэзгъэхьа усэ цIы­кIухэр сэ зэхэслъхьащ. Абы къыхэкIыуи тхы­лъым зэман тезгъэкIуэда хъуащ. ­Хьэрфхэр тхылъым изгъэуващ сабийхэр тетхыхьыжын, яцIэлэжын хуэдэу - ари Iэмалщ щIэх ягу ираубыдэнымкIэ. Пэжым ухуеймэ, а япэ тхылъыр къыдэкIа нэужь сеплъыжри, ныкъусаныгъэ гуэрхэри къы­хэзгъуэтэжащ. Азбукэр куэдым ягу ирихьащ, языныкъуэхэми чэнджэщхэр къызатащ ар нэхъ егъэфIэкIуа зэрыхъунум ­теухуауэ. Адэ-анэхэм тхылъым теухуауэ я гупсысэхэр къызэрызжаIар, я сабийхэм абыкIэ зэрадэлажьэр си гуапэ хъуащ.
ИужькIэ, илъэситху хъухэм я деж щегъэжьауэ къахуэсэбэпыну зэрылажьэ Iэ­рытх зэхэзгъэувэри къыдэзгъэкIащ. Аргуэру сегупсысащ, сабийм къемы­хьэ­лъэкIын лэжьыгъэ мащIэ дыдэ иту: гъэ­щIэрэщIарэ тригъэууэ икIи игъэгупсысэу зэхэзгъэувэмэ, дауэ хъуну пIэрэ, жысIэ-ри. Абы тесщIыхьри, «Псэущхьэхэм сыт яшхыр?», «Инхэмрэ цIыкIухэмрэ» зэ­ры­лажьэ тхылъ цIыкIуитIыр къыдэзгъэкIащ. А тIум сабийм еджэкIэ-тхэкIэ иребгъащIэркъым, атIэ псалъэу, гупсысэу иреб­гъасэу аращ. Псалъэм папщIэ, «ЧыцIым къэбыстэ хьэмэрэ балий ишхыр? Тхьэ­кIумэкIыхьым дэ хьэмэрэ пхъы ишхыр?» жиIэурэ щIоупщIэ тхылъыр. Сабийр йогупсысри ходэ, жэуапыр къыхехри и гум иреубыдэ. ИтIанэ, псэущхьэ сурэтхэри абыхэм я шхыныгъуэхэри яцIэлэж. ЯцIэ­лэжыхукIи, а псэущхьэ цIыкIухэм теухуауэ куэд зэрагъэзахуэ ягу цIыкIухэмкIэ. «Инхэмрэ цIыкIухэмрэ» тхылъым фIэсщам, гурыIуэгъуэ зэрищIщи, сабийхэм абыкIэ ибогъэлъагъу псэущхьэхэм ящыщу нэхъ инхэмрэ нэхъ цIыкIухэмрэ, ахэр зэрагъапщэ. Мыбдеж сабийм дэлажьэ балигъми, езым и гупсысэхэр дыщIигъужу, Iэмалхэм хуекIуэурэ, зыдэлажьэ цIыкIум упщIэхэр иритурэ игъэпсэлъэфынущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, унэ псэущхьэхэмрэ мэзым щып­сэухэмрэ зэхагъэкIыфу есэнущ. Абы нэмыщIкIэ, псэущхьэхэм я хьэл-щэнхэр къащIэнымкIи сэбэп хъунущ: бажэр зэрыхьилэшыр, дыгъужьыр зэры­шы­нагъуэр жепIэурэ сурэтхэм ебгъэплъ хъунущ. Тхылъ цIыкIум ит сурэтхэри яцIэ­лэжын хуейщ. Адыгэ сабийхэм бжыгъэхэр къызэребгъэцIыху хъунум и Iэмалым сегупсысри, «Дапщэ?» жыхуиIэ зэрылажьэ тхылъ цIыкIури иужьрейуэ къыдэзгъэ­кIащ. Зэман къагъуэтрэ адэ-анэхэр сабийм ябгъэдэс, ядэлажьэ къудеймэ, мы тхылъ цIыкIухэр зыкъомкIэ къахуэсэбэпыну къызолъытэ. 
Псалъэхэри, сурэтхэри, таблицэ хуэ­дэ­хэри компьютеркIэ зэрызэхагъэувэм зезгъэсауэ, тхылъ напэм деж къыщыщIэ­дзауэ сэ езыр солэжь. Мылъку къэслъы­хъуэу мы тхылъ цIыкIухэр къыдэзгъэкIыркъым,  сэ  езым Iэмал сызэриIэм хуэ­­дэурэщ къызэрызэзгъэпэщыр. Армыхъумэ, тхылъхэри нэхъ зэмылIэужьы­гъуэу, тиражри нэхъыбэу къыдэгъэкIами хъунут. 
- Мы зэманым сытым уелэжьрэ?
- Иджыри куэд си щхьэм илъщ. Сабийхэм тхэкIэ зэрырагъащIэ (пропись) нэхъ ин къыдэзгъэкIыну сыхуейщ. Плъыфэхэм теухуауэ сохъуапсэ тхылъ щIэщыгъуэ цIыкIу къыдэзгъэкIыну. 
«Хужьыр дэнэ щыкIуэда?
Хужьыр Арктикэм лъэта?
Пшэ Iэрами, мыли, уэси
Хужь ищIыну ехъуэпса?» - жызоIэри, псалъэм папщIэ, усэ цIыкIу хузотх хужь плъыфэм. Усэхэр согъэпс плъыфэ щхьэ­хуэр сабийхэм я гум нэхъ тыншу зэры­раубыдэнум тещIыхьауэ, зы хьэпшып гуэрхэм ирапхыурэ я нэгу къыщIагъэхьэ-ну Iэмал яIэн хуэдэу. ЗэрыжысIащи, иджыпсту солэжь тхэкIэ зэрызэрагъащIэмрэ плъыфэхэр уэзыгъэцIыху тхылъ цIыкIумрэ. 
Сэр нэмыщIкIэ, иджыри зыгуэр ады­гэбзэкIэ елэжьарэт цIыкIухэм зызэрагъэсэнхэм. Сабийхэм зыхэдэн яIэну сы­хуейщ. Сэ зы лъэныкъуэкIэ согупсысэ, нэгъуэщIым нэгъуэщI зы щIэщыгъуэ игу къэкIыфынущ. Псалъэм щхьэкIэ, анэ унэгуащэхэм губзыгъэ дыдэхэр яхэтщ, абы­хэм сабийм и хьэл-щэнхэр фIыуэ зыхащIэри, зезыпщытын къахэкIамэ, дауэ ­хъуну пIэрэт, жысIэуи согупсыс. 
- «Адыгэ цIыкIу» сабий зегъэужьы-пIэм кърашалIэхэми уадолажьэ, зэрыс­щIэмкIэ…
- Минводы щыщу етIуанэ классым щIэс зы хъыджэбз цIыкIу скайпкIэ сыдолажьэ. А сабийм и гурыхуагъым, и гупсысэкIэ гъэщIэгъуэным сыдихьэхащи, сфIэфI дыдэу дерсхэр согъэхьэзыр. Софие мазэ бжыгъэ хъуауэ сыдолажьэ. Адыгэ алфавитыр иджыри ищIэртэкъым. Хьэрфхэр хуэмурэ езгъэщIэну, псалъэуха тын­шхэр хуэстхыу къыщIэздзэри, хьэрф зэгуэтхэ-ри къыхэзгъэхьащ. Езы цIыкIум ­зигъэунэхужурэ, и къэпсэлъыкIэм зри­гъэхъуэжурэ пэжым техуэху мыувыIэу лэжьащ, нэхъ тегушхуауи псалъэ хъуащ. Алфавитри зырыз-тIурытIурэ езгъэлъа­гъуурэ, гурызгъаIуэурэ, фIыуэ къеджэф хъуащ. Софие плъыфэхэр зэхигъэ­зэрыхьырт, и гум хуимыубыдэу. Сегуп­сысащ абы Iэмалу къыхуэзгъуэтынум. Абы щыгъуэм деж къэлъытэн хуейщ сабийм фIэфI хьэпшыпхэр, зэплъхэр, зы­дихьэххэр. Арати, мультфильмхэм яхэт лIыхъужьхэм зырызыххэурэ еспхащ плъы­фэхэр. Псалъэм щхьэкIэ, «Мейбис» мультфильмыр зытеухуа хъыджэбз цIы-       кIум сыт щыгъуи фIыцIэ щыгъти, абы и сурэтыр а плъыфэм бгъэдэзгъэуващ. «Рапунцель» шакъафэкIэ, «Дюймовочка» хужькIэ хуэпахэти, абыхэм еспхащ. Езы цIыкIум щхьэусыгъуэ гуэркIэ дер-              сыр дигъэху къыщыхъу щыIэми, сэ си ­хущIэмыхьагъэкIэ дэзгъэху хъунукъым. Сабийм гупыж ищIауэ, бзэр щызэригъащIэкIэ, сэ абы и зэманым зэрыхъукIэ зытызогъахуэ. Ар нэгъуэщI гупжьей ­гуэрхэми хэтщ, школми макIуэри, абы ­кърат унэ лэжьыгъэхэри ещIыж. А псом согупсысри, адыгэбзэ дерсым хухаха ­зэманым жэуаплыныгъэ сэ хызолъхьэ. 
Къантемыррэ Астемыррэ - зэкъуэш цIыкIуитIым, скайпкIэ мыхъуу, щхьэхуэу садолажьэ. Нэхъыжьыр илъэс епщIанэм итщ, нэхъыщIэ цIыкIур илъэси 4 - 5 хъуми аращ. Абыхэми Iэмал щхьэхуэ къахуэз­гъуэтащ: езы тIур зэзгъэпсалъэу, зэдэзгъэIэпыкъуу изогъэкIуэкI. Садэлэжьэн щIэздзащ зэшыпхъу цIыкIуитI, зым ­илъэситху, етIуанэ цIыкIум илъэситI я ­ныбжьу. Ахэри зэдэзгъэджэгуурэ, зым ­адрейм упщIэ ирезгъэтурэ, тIэкIу езэшауэ гу лъыстэмэ, тезыгъэун Iэмал гуэркIэ зезгъэгъэпсэхуурэ садолажьэ. НэгъуэщI сабий зыбжанэми язогъащIэ бзэр. 
- Адыгэ сабийхэм папщIэ щыIэ нэ­гъуэщI лэжьыгъэхэм ухэплъэрэ?
- ФIыщIэшхуэ яхузощI цIыкIухэр дихьэхыу, зэгъэщIэгъуафIэу, шэрыуэу анэ­дэлъхубзэкIэ усэхэр зытхахэм, зытххэм. Нало Заур, АфIэунэ Лиуан сымэ я усэхэр дапхуэдэу щхьэпэ сабийхэм дежкIэ! ХьэцIыкIу Хьэсэн, Хьэщыкъуей Олег, ­Къаныкъуэ Заринэ сымэ я усэхэр зэгъэщIэгъуафIэщ. 
«Аслъэн цIыкIу» никыр иIэу интерне-тым напэкIуэцI щызыгъэлажьэ гуэрым кърилъхьэхэр къызогъэсэбэп. Дзасэжь Ларисэ, Вэрокъуэ Софият сымэ я лэ­жьыгъэхэр си Iэдэжщ. Тхьэкъуахъуэ Iэуес цIыкIухэм папщIэ и лэжьыгъэхэр егъэ­леяуэ сигу ирохь. Псэущхьэхэр, къэ­кIы­гъэхэр, мывэ лIэужьыгъуэхэр, бжыгъэхэр адыгэбзэкIэ щIэблэм егъэцIыхунымкIэ, бзэр къагъэIурыгъэIэфIэнымкIэ ахэр ды­зыхуэныкъуэ дыдэщ.
- 2015 гъэм къыдэбгъэкIауэ щыта ­«Сабиигъуэ» тхылъыр куэдым яIэ­рыхьащ, анэхэм абы теухуа я щытхъуи зэхызох куэдрэ. А тхылъым и хъыбар къытхуэщIыт.
- Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм зыкъытхуигъэзащ сабийхэм папщIэ жыпхъэ щхьэхуэм ит тхылъ зэхэгъэувауэ яIэмэ, къыдагъэкIыну жаIэри. Илъэс зыбжанэкIэ селэжьащ, изгъэувэнухэр къыхэсщыпыкIыу, нэхъыфIхэр къы­хэсхыу. Псалъэм щхьэкIэ, школым щадж тхылъхэм ярыт таурыхъ, усэ, хъыбархэр мыбы згъэкIуакъым. Ахэр школым щрагъэджкIэ, мыр нэгъуэщI зыгуэру зэхэтын хуейт, ямыщIэ нэхъыбэм зыщагъэгъуэзэн щхьэкIэ. Тхылъыр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэхэгъэщхьэхукIащ, сабийхэм я ныбжьым тесщIыхьу. Ар «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. 
- ФатIимэ, уэ сабийхэм папщIэ рассказхэр, таурыхъ цIыкIухэр уотх. Ахэр зытебухуэнур къыздипхым и гугъу ­къытхуэпщIын? 
- Лъэпкъым зиужьын щхьэкIэ, япэ ды-дэу щIэблэм егупсысын хуейщ. ЩIэблэ гъэса зиIэрщ япэкIэ кIуэтэфыр. Шэч хэлъкъым, тхылъым сабийм гъэсэныгъи щIэ­ныгъи къызэрыхихым. Сабийм гъэсэныгъэ тэмэм иIэмэ, езы цIыкIум и щхьэм къэкIынущ лъэпкъым зэрыщыщыр, и ­бзэр Iурылъын зэрыхуейр. «Адыгэбзэр умы­щIэу хъунукъым», жыпIэу утекIиен е хэбгъэзыхьын хуейуэ аракъым. АтIэ, ар уэ езым зыдэбгъэплъеин хуейщ, щапхъэ ­ебгъэлъагъуурэ. Адэ-анэм далъагъур ящIэж сабийхэм. АтIэ, дапхуэдэу сабий зэрыбгъэсэнур? ЗыгуэркIэ зыдэбгъэIэ­пыкъу хуэдэурэ, а ищIэри хуэбгъэщIа­гъуэу, фIыщIэ пщIыуэ, сэбэп къызэрып­хуэхъур уэркIэ зэрылъапIэр зыхебгъащIэурэ. Псалъэм папщIэ, хъыджэбз цIыкIум и адэр лэжьапIэ щыIауэ къэкIуэжамэ, «КъакIуэт, уи адэр къэсыжащи, ­дыгъэгъашхэт  уэрэ сэрэ, мэт мы ­щIа­кхъуэр хутегъэувэт, мэт бжэмышхыр етыт» жыпIэ хуэдэурэ, Iуэхуми хуэIэры-хуэу, адэми пщIэ хуищIу есэнущ хуэмурэ. 
Сэ сыщыанэкIэ, адыгэ щIэблэм и гъэсэныгъэм сыт си Iуэхуу хэлъыр жысIэу лъэныкъуэ зезгъэзыфыркъым, си гум идэркъым схузэфIэкI гуэр абы хэзмылъхьэу. Хэт ищIэрэ, сэ стхы рассказ цIыкIухэм зыгуэр еджэнщ е зы гъэсэ­ныгъэ е зы гупсысэ гуапэ гуэр къы­-хихынщ. Тхылъыр щIэныгъэм и IункIыбзэIухщ. Махуэ къэси стхыркъым сэ рассказ. Гупсысэ щIэщыгъуэ гуэр си щхьэм къихьарэ, абы теухуауэ мыр захезгъэхарэт е къагурызгъэIуарэт жысIэу цIыкIухэм сахуэхъуапсэмэ, а гупсысэр сабийхэм тыншу зыхащIэн хуэдэу сотхэ. Си IуэхущIафэхэр зыгуэрхэм къахуэщхьэпэмэ, си гуапэщ. 
- Тхьэм уигъэпсэу!

 

Епсэлъар
ГУГЪУЭТ  Заремэщ. 

Поделиться: