Дуней псом и къалэ нэхъыжь дыдэ

2015 гъэм къэралым щагъэлъэпIауэ щытащ Дагъыстэным и Дербент къалэм и ныбжьыр илъэс 2000 зэрыхъур. Апхуэдэ еп­лъыкIэр иджы дыдэ яхъуэжын хуей хъуащ - иужьрей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэ­гъуамкIэ, ар илъэс 5000-м нэсащ. БетэмалкIэ еджагъэшхуэхэр илъэс 3000-кIэ щыуэрт. ЩIэ­ныгъэлIхэр Iуэхум щIэрыщIэу бгъэдыхьэн ­хуей ­щыхъуар Урысейм и Президент Путин Влади­мир иджыблагъэ Дагъыстэным щыкIуам, Дербент и ныбжьыр илъэс 5000 зэрыхъур яжриIа нэужьщ.

Къалэм и ныбжь дыдэр щыуагъэншэу къэзы­хутари абы щыхьэт техъуэ хьэпшыпхэмкIэ апхуэдэ еплъыкIэр щIэзыгъэбыдэжари археолог, тхыдэдж цIэрыIуэ Кудрявцев Александрщ. ЩIэныгъэлIым къалэжьым и лъабжьэр къилъыхъуэн япэу щы­щIидзар 1971 гъэрщ. Абы къыщыщIэдзауэ и лэжьыгъэр зы махуи зэпигъэуакъым, шэч къызытрихьэ Iуэхум и пэжыпIэр къищIэху.
Нарын къалэкIэ зэджэ быдапIэр къыщIагъэщыжа нэужь, къат куэдкIэ еIэбыхри, абы и лъабжьэ­жым къыщIагъуэтащ цIыхухэр щыпсэуа щIыпIэ-щIэ, ныбжьышхуэ зэриIэр нэрылъагъуу. ЩIэныгъэлIым зэуэ къыгурыIуат а тIум я зэхуакум илъэс мин бжыгъэхэр зэрыдэлъыр. Абы ипэкIэ Дербент и ныбжьыр зэрыхъуу къалъытар илъэс 1500-рэт.
КъыщIагъэща къалэжьым илъэс 2700-р траIуэ-ри, языныкъуэ щIэныгъэлIхэм я щыуагъэкIэ, а бжыгъэм къыщызэтеувыIащ, арщхьэкIэ Кудрявцевыр абдежым къыщыувыIакъым, сыту жыпIэмэ зыри зыпэмыплъа хьэпшып телъыджэхэр а щIы­пIэм къыщагъуэтауэ яIэт.
- ГъащIэ псо зытезгъэкIуэда лэжьыгъэр ипэкIэ сымыгъэкIуатэу хъунутэкъым. Илъэс 2700-м куэдыр къыщызэтеувыIа нэужь Москва сыкIуащ, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием иригъэ­кIуэкI зэIущIэм и утыкум апхуэдизу сызыгъэпIей-  т­ей а Iуэхур ислъхьэн мурадкIэ.
ЗэIущIэм къыщызэхуэсат скиф-сармат архео­логиемкIэ щIэныгъэлI цIэрыIуэу 32-рэ. Абыхэм я деж сэ щыпхызгъэкIащ зы къалэм и лъабжьэм ­ди эрэм ипэ ита VIII лIэщIыгъуэм хуэзэу нэгъуэщI ­цивилизацэ зэрыщыпсэуар. А зэрыжысIа дыдэм тету, 1987 гъэм псори сэтей къэхъуащ, си Iуэху еплъыкIэм шэч къыщIытрахьэжын щымыIэу.
Къэдгъуэта хьэпшыпхэм къыбжаIэрт домбеякъ лIэщIыгъуэм хиубыдэу а щIыпIэм щыпсэуа лъэп­къыр щIым телэжьыхьу зэрыщытар. Ар къызыдекIуэкIар нэхъыбэу КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Къуэ­кIыпIэ Курытым, Закавказьем щыпсэуахэрщ. Ауэ ЮНЕСКО-м къикIа щIэныгъэлIхэм телъыджэ ­ящыхъуауэ абыхэм яхэтт кхъуэщыным къыхэщIы-кIа цIыхубз сурэтитI, иужькIэ «Дербент и мадон- нэ» фIэщыгъэр зратар. Ар яфIэзыщар Урысей телевиденэм корреспонденту а зэманым щылэжьа икIи си къэхутэныгъэхэм ятеухуа нэтын зыгъэ­хьэзыра Бейбутов Декабрт. Абыхэм языхэзыр къыщыдгъуэтащ ди эрэм ипэ ита лIэщIыгъуэм къэунэхуауэ къалъыта къат зытежыхьахэм, етIуа­нэр - ижь-ижьыж зэманым Дербент къалэм дэта ­гъавэ хъумапIэм и лъащIэм. ЦIыхубз теплъэ зиIэ кхъуэщын гъэжахэр гъавэ бэв кърахьэлIэнымкIэ щхьэщэ зыхуащIу щыта тхьэнапэт, Кавказым куэдрэ узыщримыхьэлIэ къэхутэныгъэшхуэу. А псом иужькIэ щIэныгъэлIхэр арэзы техъуащ ­Дербент илъэс 5000 зэрырикъум икIи ар Урысейм и пашэхэм къэрал унафэкIэ иджыблагъэ щIагъэ­быдэжащ, - жиIащ къалэм и тхыдэ жыжьэр къэ­тIэ­щIыжыным зи гуащIэшхуэ хэзылъхьа, а псори зи фIыщIэ Кудрявцев Александр.
Нэхъ телъыджэжыр мы дунейм щынэхъыжь дыдэу нобэм къэс къалъыта, Израилым и Иерихон къалэм нэхърэ Дербент нэхъыжьыжу къы­зэ­рыщIэкIарщ.
ЩIэныгъэлIым къызэрыхигъэщамкIэ, Иерихон къалэм ирата ныбжьыр жыжьэуи иIэкъым, пэ-           жыр жыпIэмэ, илъэс 3000 хъуауэ аращ, арщхьэкIэ езы журтхэм илъэс мини 10 хъуауэ кърахьэкI, турист нэхъыбэ я щIыпIэм ирашэлIэн щхьэкIэ. Ап­хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэми лъэпкъ щхьэхуэхэмкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абы щIапIыкI я щIэблэр, дауэ мыхъуми, иригушхуэнущ я къалэр дуней псом щынэхъыжьу зэрыщытым, тхыдэ къулей зэриIэм. 
Зыри пэмыплъауэ, Кавказым и Дербент къалэм Иерихон иригъэкIуэтэкIри, дуней псом ныбжькIэ къыщилэжьа бжьыпэр иджыблагъэ щиубыдыжащ.

Лъостэн Музэ.

Поделиться: