Адыгэр лъэхъэнэ жыжьэм

Мывэ лъэхъэнэр илъэс мелуани 2,5-рэ ипэкIэ щIидзэри, гъущI лъэхъэнэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ 8-нэ лIэщIыгъуэм) нэс къэкIуащ. А зэман кIыхьым къриубыдэуи, Кавказым цIыху щыпсэуащ, иджырей адыгэхэр къызытехъукIыжахэр. Канадэ щIэныгъэлI Фессенден Реджинальд Обри къызэрилъытэу щытамкIи, Кавказырщ нобэрей цIыху лIэужьыгъуэр къыщыунэхуари. Абы и телъхьэщ еджагъэшхуэ зыбжанэ. 

Мывэ лъэхъэнэм Кавказым и хъуреягъкIэ иса цIыху хужьхэм я псэукIэр къагъэнэIуащ абыхэм ящIа Iэмэпсымэу мы щIыпIэхэм къыщыщIахыжахэм. Ахэр къыхэщIыкIат щтаучымрэ базальтымрэ. Пасэрейхэр щакIуэт, гуп-гупу псэурт, бгъуэнщIагъхэм щIэст. Лабэ псыхъуэм къыщагъуэтыжа хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ щыхьэт тохъуэ лъэхъэнэ жыжьэу цIыхум мафIэр зэщIигъанэу зыщригъэсам, ар къигъэсэбэпурэ нэхъри зэрызиужьам. 
Кавказ псом дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ 1955 - 1957 гъэхэм Бахъсэн аузым къыщагъуэта мывэ Iэмэпсымэхэр. Ахэр щыхьэт техъуащ цIыху зыужьыныгъэм и къыкIэлъыкIуэ лъэхъэнэм – мывэ лIэщIыгъуэщIэм – Бахъсэн и Iэхэлъахэм цIыху зэрыщыпсэуам. «Сосрыкъуэ и бгъуэнщIагъ» зыфIащам и лъащIэ дыдэм къыщагъуэтат Iэмэпсымэ зэхуэмыдэхэр. БгъуэнщIагъыр нэхъ куууэ щаджам, белджылы хъуащ ищхьэ мывэ лъэхъэнэм и кIэм къыщыщIэдзауэ абы мызэ-мытIэу цIыху зэрыщыпсэуар. Мыбы щэнхабзэ къатышхуэ щызэтелъхьат, кхъуэщынхэкIхэр щIыным ипэкIэ, цIыхум илъэс мини 10-12-м къриубыду къигъэщIам теухуауэ. Щтауч шабзэпэм, къупщхьэм къыхэщIыкIа сэхэм, шабзэхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм (щыхьым, мэзыкхъуэм, мэзбжэным) я къупщхьэхэм къагъэлъагъуэ бгъуэнщIагъым щIэсахэм щэкIуэным мыхьэнэшхуэ ирату зэрыщытар. Абы къищынэмыщIауэ, цIыхухэм пхъэщхьэмыщхьэ, нэщIэпкIэ къащыпу, матриархат зэхэтыкIэу, зэпымыууэ лажьэу, лъыкIэ зэпыщIауэ зэрыщытам щыхьэт техъуэ куэди щыIэщ.
Апхуэдэ мывэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэщIыкIа Iэмэпсымэжьхэр къыщагъуэтащ Шэджэм ипщэ пэгъунэгъуу, Кэнжэ псы Iуфэм, нэгъуэщIхэми.
Неолит кIасэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс мини 3-4-кIэ узэIэбэкIыжмэ) Кавказ Ищхъэрэм и курыкупсэм цIыху зэрыщыпсэуам и щыхьэтщ 1930 гъэхэм Налшык и Iэхэлъахэм къыщагъуэтыжауэ щыта «Iэгъуэбэч жылэр». Ар мейкъуапэ щэнхабзэм щыщу жаIэ. А пасэрей жылэжьыр зытеса Iуащхьэр щаджам абы къыщIахыжащ Iэмэпсымэ зэхуэмыдэхэр. Мыбы къыщагъуэтат мывэ джыдэ гъэджэфахэр, зэрытхъунщIэ Iэмэпсымэхэр, сэ, токъмакъ, убалъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Мыбы апхуэдэуи къыщагъуэтащ япэ дыдэу цIыхум ищIыну зи ужь ихьа, ятIагъуэ хьэкъущыкъу къуабэбжьабэхэр. ПсэупIэм щыпсэуахэр щакIуэу, ерыскъыпхъэ къэкIыгъэхэр зэхуахьэсу щытауэ къыщIэкIынущ.
Домбеякъ пасэм и лъэхъэнэм Кавказым щыпсэуахэм зыужьыныгъэшхуэ ягъуэтащ. Гъуаплъэ-домбеякъ лIэщIыгъуэм Кавказым щыпсэуахэм къащIащ нэгъуэщI цIыху лъэпкъхэр хы адрыщI, къуршым и ипщэ нэкIумкIэ зэрыщыIэр, икIи абыхэм япыщIа хъуат. ЦIыхум и зыужьыныгъэм апхуэдэуи сэбэп хуэхъуащ гъущI куэду зыщIэлъ щIыпIэхэр езы Кавказым пасэу къыщахутэу къагъэсэбэпу зэрыщIадзар.
1897 гъэм урыс археолог Веселовский Николай Мейкъуапэ и гъунэгъуу къыщигъуэтат кхъэжь гуэр. Абы зы лIыщхьэмрэ и фызхэмрэ я хьэдэкъупщхьэхэр щIэлът, Iэмэпсымэ гъэщIэгъуэнхэри дыщIалъхьат. Псалъэм папщIэ, дыщэ тхьэмпэхэр, тхьэгъухэр, быжхэр, гъуаплъэ шыуанхэр, нэгъуэщIхэри. А Iэмэпсымэхэр домбеякъ лъэхъэнэжьым (ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэси 3500-рэ) щащIат.
Мейкъуапэ къэралыгъуэ фIащащ апхуэдэ къэхутэныгъэхэр куэду къыщагъуэта щIыпIэм: Псыжь лъэгу къыщыщIэдзауэ, Тэмэн хытIыгуныкъуэм нэс. Археологхэм зэрыжаIэмкIэ, Мейкъуапэ къэралыгъуэм щыпсэуахэр иджырей бгырыс къуажэхэм нэхърэ нэхъ цIыкIуу зэхэсащ. ЦIыхубзхэр щIым елэжьырт мывэм, бжьакъуэм къыхэщIыкIа фIанэхэмкIэ. ФIыуэ зиужьат кхъуэщын гъэжьэным. Пэжщ, фIы дыдэу къайхъулIэу пхужыIэнутэкъым, ауэ зэрыIэбэн, ерыскъыр зэрахъумэн кхъуэщын къызэрыгуэкI ящIырт. Нэхъ зыхуэIэкIуэлъакIуэр мывэм елэжьынырт, ауэ хъарзынэ дыдэу гъущIыр къехъулIэ хъуат. 
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс 1300-хэм и кIэм ищхъэрэ Кавказым и гъущIхэкIхэр дуней псом щыцIэрыIуэу, кхъухькIэ хы Iуфэм Iуашу щытащ, апхуэдизкIэ Iэзэ хуэхъуат гъукIэнми. ЦIыхухэр мывэм къыпыкIыу гъущIым зыщрата лъэхъэнэм Iэмэпсымэ зэрагъэхьэзырым гугъуу зыри хэлъакъым. ГъущI гъэплъар ятIагъуэ къупхъэхэм ирагъэжыхьурэ джыдэхэмрэ фIанэхэмрэ ягъэжырт. Iэмэпсымэ пIащIэхэр – бдзыхэр, сэхэр, къамэхэр – ягъэжа нэужь аргуэру щIауIукIыжырт.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ епщIыкIутIанэ лIэщIыгъуэм «Великое переселение народов» жиIэу тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэу Европэм щыпсэухэм Iэпхъуэн щIадзэри, хы Хужьым къыщыщIэдзауэ Мысырым нэс я зэхуаку дэс пасэрей лъэпкъыжьхэр къаугъэ хадзащ. Арауэ хуагъэфащэ Мейкъуапэ къэралыгъуэр зытекIуэдэжари. 
А лъэхъэнэ жыжьэм и фэеплъу нобэми щыIэжщ кхъэлэгъунэ лIэужьыгъуэу псэунэхэр (дольменхэр, испыунэхэр). «Дольмен» жиIэмэ, къылътыкъыбзэкIэ «мывэ Iэнэ» къикIыу аращ, Анапэ къыщыщIэдзауэ Абхъазым нэс мэзхэм, бгыщхьэхэм тетщ, Кърымми Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми уащрохьэлIэ. Псэунэхэм ныбжьышхуэ яIэщ - илъэс миниплIым ноблагъэ. Ар Кавказым ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэуа лъэпкъыжьым къазэрыдекIуэкIар хьэкъми, къызэрагъэсэбэпу щытар къахуэтIэщIакъым нобэр къыздэсым. 
Псэунэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ къэсащ ди зэманым. Нэхъыбэр мывэ пхъэбгъухэм къыхэщIыкIа псэунэхэщ: мывэ пхъэбгъуиплI зэупсеярэ зы мывэ пхъэбгъу тегъэлъэдэжауэ. А мывэхэм тонн зыбжьанэ я хьэлъагъщ. Убыххэм я лъахэм къинахэм тхыпхъэщIыпхъэ, сурэт гъэщIэгъуэнхэр тедзащ, лIыщхьэхэмрэ фызыщхьэхэмрэ я хьэдэ къупщхьэхэр, хьэпшып, фэилъхьэгъуэ, дыщэ, дыжьын, домбеякъ хьэкъущыкъухэр, Iэщэхэр куэду къыщагъуэтыжащ. 
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: