«ЦIыхубэ участковэ-2023»

Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI «ЦIыхубэ участковэ» урысейпсо  зэпеуэм фокIадэм  и 11-м щIедзэ.

Ар хуэунэтIащ полицэм хэтхэм  цIыхухэм хуащI дзыхьыр къэIэтыным, IэнатIэм и щIыхьыр егъэфIэкIуэнымрэ полицэм и участковэ уполномоченнэхэм я лэжьыгъэр жылагъуэм къагурыгъэIуэнымрэ.

Зэпеуэм и дэтхэнэ Iыхьэми  щытекIуахэр наIуэ къищIынущ онлайн-IэIэтым кърикIуахэм. Дэтхэнэри хуитщ езым «ЦIыхубэ  участковэ» цIэр зыхуэфащэу къилъытэм папщIэ  Iэ иIэтыну.

Зэпеуэр Iыхьищу зэхэтынущ. Япэ IыхьитIыр районхэмрэ щIыналъэхэмрэ щекIуэкIынущ.

«ЦIыхубэ участковэ» цIэм щIэбэнынухэм я IуэхущIафэхэм щыгъуазэ зыщыхуэпщIыфынущ КъБР-м щыIэ МВД-м и Интернет-сайтым. Абы иралъхьэнущ зэпеуэм и япэ Iыхьэм хэтыну хабзэхъумэхэм ятеухуа хъыбарыр, Урысейм и МВД-м и щIыналъэ IэнатIэхэр здэщыIэ  районкIэ зэхэхауэ.

Зэпеуэм и япэ Iыхьэм и онлайн-IэIэтыр мы гъэм  фокIадэм и 11 - 20-хэм, етIуанэр жэпуэгъуэм и 7 - 16-хэм екIуэкIынущ.

Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэтынущ ипэкIэ екIуэкIахэм щытекIуахэу щIыналъэ къэс и зы участковэ.

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: