ПсалъалъэщIэ къыдэкIащ

Тырку бзэщIэныгъэ институтым (TDK) ипэкIэ къыдигъэкIауэ щыта курдыбзэ, зазаибзэ, босниибзэ псалъалъэхэм иджы адыгэбзэ псалъалъэри къахэхъуащ. Институтым къыдигъэкIа псалъалъэм теухуауэ «Жьынэпс» газетым къыдэгуэшащ Истамбыл дэт Окан университетым Тхыгъэхэр урысыбзэкIэ зэдзэкIынымкIэ и кафедрэм и унафэщI, егъэджакIуэ нэхъыжь, доктор ПIапIшу (Топчу) Мурат. Таштекин Акандэ щIэныгъэлIым къыIиха интервьюр адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ Пащты Мадинэ.

- Кавказым теухуа къэхутэныгъэ куэд уиIэщ, уи статьяхэмрэ зэбдзэкIа тхыгъэхэмрэ традзэ. Иджы Тырку бзэщIэныгъэ институтым «Адыгэбзэ-тыркубзэ, тыркубзэ-адыгэбзэ псалъалъэр» къыдигъэкIащ. Мыр зэрыбгъэхьэзыра хъуам укъытхутепсэлъыхьамэ арат? Зэман дапщэ тебгъэкIуэда?

- Адыгэбзэ псалъалъэм илъэс куэд хъуауэ солэжь. 1980 гъэхэм, урысыбзэмкIэ кафедрэм сыщыщеджэм, тхылъ тыкуэн цIыкIу гуэрым урысыбзэ-адыгэбзэ псалъалъэ къыщызгъуэтауэ щытащ. Компьютерхэр ди гъащIэм иджыри къыщыхэмыхьа зэманым псалъэхэр тхылъымпIэм тестхэурэ зэхуэсхьэсырт. ИужькIэ ар компьютерым ислъхьэжащ, Iэмал зэрызгъуэткIэ хэзгъэхъуащ, икIи лексикографие (псалъалъэ) лэжьыгъэ дыдэ хъууэ хуежьащ.

2020 гъэм Евросоюзым и проектым лазыбзэмрэ адыгэбзэмкIэ дыхыхьэну мурад тщIащ, абыкIэ ди лэжьэгъущ Лаз институтымрэ Истамбыл дэт Кавказ щэнхабзэ хасэмрэ. Мы проектым ипкъ иткIэ, адыгэбзэм ехьэлIа къэхутэныгъэ куэд едгъэкIуэкIащ. Абыхэм ящыщщ псалъалъэ гъэхьэзырынри. 2021 гъэм и пэщIэдзэхэм Тырку бзэщIэныгъэ институтым адыгэбзэ псалъалъэ къыдигъэкIын хуей хъуащ. Мыр зи жэрдэмыр Лъэпкъ егъэджэныгъэмкIэ министерствэм и лэжьакIуэу щыта профессор Донмез Бурханеттинрэ Кавказ Хасэм и унафэщI гупымрэт. Ахэр хуейт псалъалъэ жыпхъэм иту тхылъ ягъэхьэзырыну.

Абы хэту, сиIэ лэжьыгъэр къэзгъэхьэзыращ. Мураду сиIар студентхэр зэреджэн дэIэпыкъуэгъу Iэмалу згъэпсыну арат. ЗэрытщIэщи, Дюзджэ, Эрджиес университетхэм Адыгэбзэмрэ щэнхабзэмкIэ кафедрэхэр щолажьэ, курыт еджапIэхэм факультативу, хасэхэм – курс щхьэхуэу адыгэбзэр щадж. Адыгэбзэм и егъэджэныгъэ лъагапIэхэр убзыхуауэ зэрыщымытым къыхэкIкIэ, тхылъым хэдгъэхьа псалъэ гуэрхэр «еджапIэ псалъалъэм» и мардэм, гъунапкъэм щыщхьэпрыкI щыIэщ. Ар зэману диIар зэрымащIэми къыхэкIа хъунщ.

Псалъалъэм лъабжьэ хуэсщIар Хэкум (Кавказым) официальнэу щызекIуэ тхыбзэрщ, литературэбзэрщ. Псалъалъэм и IыхьитIри (адыгэбзэ-тыркубзэри тыркубзэ-адыгэбзэри) адыгэбзэм и псэлъэкIитIым (къэбэрдеибзэмрэ кIахэбзэмрэ) тету щхьэхуэу зэзгъэзэхуащ. Тыркубзэ транскрипцэр хэзгъэхьакъым, мы лъагапIэм тету псалъалъэр къэзыгъэсэбэпынухэм алфавитыр ящIэн хуейуэ зэрыщытым папщIэ, къищынэмыщIауэ, абы псалъалъэр тIукIэ нэхъ Iув ищIынут.

Мыпхуэдэ псалъалъэ лIэужьыгъуэм диалектхэм я жыIэкIэхэр хагъэхьэу щыткъым, ауэ сэ мащIэу мы хабзэм себэкъуащ. «Къэбэрдеибзэ» Iыхьэм хэзгъэхьащ псыжь-инжыдж щIыпIэ псэлъэкIэхэм къыщагъэсэбэп псалъэ гуэрхэр. Псыжь-инжыдж псэлъэкIэхэр зыбжанэ мэхъу, абыхэм иропсалъэ пасэрей Къэбэрдейм (е нобэрей Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм) и щIыналъэм пэIэщIэу щыс къэбэрдейхэр, КIахэ щIыналъэм, Лабэ, Хуэдз, Инжыдж псыхъуэ щыпсэухэр. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, мы псалъэхэр куэду гурыIуэгъуафIэ хъунущ, Тыркум ис адыгэхэм нэхъыбэу къызэрагъэсэбэпым папщIэ.

2021 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм псалъалъэм елэжьыныр сухри, тедзапIэм езгъэхьащ. Хэплъэжыным, уасэ етыным, зэгъэзэхуэным зы илъэс ихьащ. 2022 гъэм и бадзэуэгъуэм тхылъыр къыдэгъэкIыным щIэнхасэр арэзы техъуэри, 2023 гъэм и бадзэуэгъуэм традзащ.

Тырку бзэщIэныгъэ институтым езым и тхыгъэ хабзэхэр иIэжщ. Дэ, тхылъ зытххэр, абыхэм дахэIэбэну Iэмал диIэкъым. КъыжыIапхъэщ Тырку бзэщIэныгъэ институтым и стилыр псоми зэдай лексикографие хабзэм мащIэу къызэрыщхьэщыкIыр. Псалъэм папщIэ, тыркубзэ псалъэхэр хьэрфышхуэкIэ ятх. Адыгэбзэ псалъэхэр хьэрф цIыкIукIэ зэрытхар дахэ хъуакъым икIи къемызэгъщ. Абы къыхэкIыу, цIэ унейхэр, хьэрфышхуэкIэ ятх хабзэр, пхузэхэмыхыу хэгъуэщахэщ.

- Псалъалъэр къыдэкIа нэужь, «шэрджэс» псалъэр «з» хьэрфкIэ (Çerkez) тха зэрыхъуам тепсэлъыхьахэщ. Мыр Тырку бзэщIэныгъэ институтым и тхэкIэ стандартым тету къыщIэкIынщ, ара?

- Мыри зы Iуэхугъуэ щхьэхуэщ. Тхылъыр щезгъэхьам жинтым «Çerkesçe» (S хьэрфкIэ) тетхат. ЗэрахъуэкIыну яужь щихьэм, мыпхуэдэ дыдэу тхын зэрыхуейм теухуауэ тхыгъэ кIыхь дыщIызгъуащ, арщхьэкIэ къысхуадакъым. Сыту жыпIэмэ, Тырку бзэщIэныгъэ институтым езым и псалъалъэм «Çerkez» жиIэущ зэритыр.  

- Тырку бзэщIэныгъэ институтым псалъалъэр экземпляр мин хъууэ тригъэдзащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ псалъалъэр Кавказым къыщыдэвгъэкIын мурад фиIэ, е Кавказым папщIэ мыбы ещхь тхылъ вгъэхьэзырыну пIэрэ?

- Апхуэдэ мурад щыIэкъым. ПсалъалъэмкIэ автор хьэкъыр Тырку бзэщIэныгъэ институтым IэщIэлъщ, Кавказым къыщыдэбгъэкIын папщIэ, ар зыIэрыбгъэхьэн хуейщ. Тыркубзэр зи гуэгъу адыгэбзэ псалъалъэм мылъку хэхыпIэу узэрыщыгугъын хэлъкъым.

- Бзэм теухуа нэгъуэщI лэжьыгъэ гуэрхэри уиIэ? КъыкIэлъыкIуэну проектхэм я гугъу къытхуэпщIыфын?

- Проектым къриубыдэу иджыри зы псалъалъэ згъэхьэзыращ. Тыркубзэ, инджылызыбзэ эквивалентхэр щIыгъуу псалъэ 5000 мэхъу. Абы къинэмыщIауэ, щыIэщ адыгэ глаголхэр щхьэкIэ зэхъуэкIа зэрыхъум теухуа тхылърэ зэпсэлъалъэрэ. Ауэ мыхэр зэкIэ къэбэрдеибзэ къудейщ, нэхъ иужьыIуэкIэ кIахэбзэми делэжьынущ.

КъищынэмыщIауэ, веб-напэкIуэцIу тIу догъэхьэзыр. Япэрейр бзэ зэгъэщIэным теухуащ, етIуанэр аудиопсалъалъэхэм я сайтщ. Сайтхэр техникэ и лъэныкъуэкIэ хьэзырщ, куэд мыщIэу контент зэгъэпэщыным дыхуежьэнущ.

Адыгэбзэ зэраджын пэщIэдзэ (А1) тхылъи догъэхьэзыр. Семестр кIуам Бахчешехир университетым факультативу адыгэбзэ щезгъэджащ икIи си щхьэкIэ срихьэлIащ университет кафедрэхэм, еджапIэхэм, курсхэм мыувыIэу зи гугъу ящI гугъуехьым. Адыгэбзэр хамэбзэу зэрырагъэджын методикэр къыдэгъэкIын хуейщ. Бзэр зэрызрагъащIэм и кууагъым елъытауэ, зэреджэн тхылъхэм, текстхэр зэрыт, видео, аудиотхылъхэм, тхыгъэ зэхуэмыдэхэм дыхуэныкъуэщ.  Абыхэм ящыщ гуэрхэр, проектым къриубыдэу, етIанэгъэ дунейм къытехьэнущ.

- Псалъалъэр бжыгъэхэр и лъабжьэу къыдэкIыну?

- Языныкъуэ тхылъ тедзапIэхэм тхылъхэм я диджитал (бжыгъэ) версиехэри ящэ. Тырку бзэщIэныгъэ институтым апхуэдэ политикэ иIэми сщIэркъым. Я сайтым зэритлъагъуэмкIэ, иIэкъым. ЗэрыжысIащи, проектым къриубыдэу псалъалъэм и аудиоверсиер ди сайтым худогъэхьэзыр. Шэч хэмылъу, адыгэбзэ лексикэр макъкIэ требгъашэу иплъхьэным зэман текIуэдэнущ. Онлайн-псалъалъэр хьэзыр хъумэ, ар ирокъу. Си тхылъэщым илъэс бжыгъэкIэ сызэмыIуса псалъалъэ бжыгъэ хэлъщ, ар икIи Iэмалыншэу щыткъым, сыту жыпIэмэ, псори интернетым щыдогъуэт.

- Тырку бзэщIэныгъэ институтым мыр япэу къыдигъэкI адыгэбзэ псалъалъэ?

- Тыркум адыгэбзэ псалъалъэхэр щыIэщ, ауэ Тырку бзэщIэныгъэ институтым къыдигъэкIауэ мыр япэрейщ. Мыр 2000 гъэм ипэкIэ къытрадзауэ щытамэ, сепаратизм щхьэусыгъуэкIэ жэуапым срашэлIэнри хэлът. Тыркум ис лъэпкъхэм я бзэкIэ институтым псалъалъэхэр къыдигъэкI зэрыхъуар мыхьэнэшхуэ зиIэ зэхъуэкIыныгъэщ.

Япэрей политикэм и зэранкIэ, нобэр къыздэсым, тыркубзэм къищынэмыщIа, нэгъуэщIыбзэхэмкIэ уэрамым ущыпсэлъэныр, щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыныр цIыху куэдым шынагъуэу къащохъу. Тырку бзэщIэныгъэ институтым мы псалъалъэр къызэрыдигъэкIам мыхьэнэшхуэ иIэщ. Къэралым ису хъуам нэрылъагъу ящещI бзэм хьэкъыу хуитыныгъэ зэриIэр.

P.S.  НапэкIуэцI 692-рэ хъууэ профессор ПIапIшу (Топчу) Мурат игъэхьэзыра псалъалъэм я гуащIэ халъхьащ: щIэныгъэрылажьэхэу Безрокъуэ (Донмез) Бурханеттин, Надир Илхьэн, Пащты Мадинэ, Унэрокъуэ Рае сымэ.

Къэбарт Мирэ.

Поделиться: