Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым

Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэсищэ бжыгъэхэмкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. 
Зауэр, дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ къызыфIэщIыжым фIэкIуэдар зригъэхъулIауэ къыщыхъум нэхърэ нэхъыбэщ. Гуауэр ди лъэпкъым нэхърэ нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ дуней псом темытынкIи хъунущ. Кавказ зауэм и зэранкIэ лъэпкъым лейуэ къытехьар зыхуэдизыр зымыгъэунэхуам дежкIэ зыхэщIэгъуейщ. Унагъуэхэр зэкъуэча зэрыхъур, лъэпкъгъэкIуэдыр я нэгу щIэгъэкIыныр, Хэкур ирагъэбгынэныр - а псоми къахьыр гуауэщхьэуэщ. Сыт хуэдэу лъэщу щымытами, зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр тхьэмыщкIэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ псэуфын?! 
Ауэ лIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм ищIэжкъым. ЛIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа ди тхыдэм щыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ», жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэхэм абы щыгъуи наIуэ къащIащ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен, Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэныкъуей Назир, Къуэш Алий, Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил. ЩIыхь орденым и степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж лагъымхэр зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт, зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, усакIуэ икIи зауэлI хахуэ КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэуал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэуатрэ, нэгъуэщIхэми.
Псоми я цIэ къыпхуиIуэнкъым, ауэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэри ныбжьыщIэхэри. Сабийуэ зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди щIыналъэм къыщыбгъуэтынкъым абы и жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: «Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А илъэсхэм яутIыпща шэ пщтырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ, сабий куэд адэншэ-анэншэу къагъэнащ. ХэкIуэда цIыхухэмрэ абы я Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм. Зауэм и кIэм и закъуэкъым хьэдагъэр - езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ. Хэку зауэшхуэм и пэж дыдэм теухуауэ ятхыжамрэ ямытхыжу къэнамрэ, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр фIэкIа хъуркъым. АтIэми, а ятхыжахэм ущыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж. КъыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI… 
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ, нэмыс яIэу ябгъэдэтыну. Ахэр щIэзэуар щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Абыхэм ар къайхъулIащ. Абы къыхэкIыу а псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм ди зэхуаку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщIэ, нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу, нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм куэдкIэ дэлъытыжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ.

 

Азычэ Ясминэ, Бахъсэн къалэ.
Поделиться: