ГъащIэ купщIафIэ къызэринэкIащ

    И цIыхугъэкIэ, и IуэхущIафэкIэ гъащIэм лъэужь дахэ къыхэзынахэм ящыщщ егъэджакIуэ, щIэныгъэлI гъуэзэджэу щыта ЩхьэщэмыщI Хьэту Хьэжбий и къуэр. Абы и гугъу щыпщIкIэ зэуэ нэгум къыщIоувэ абы и теплъэ зэкIуэжыр: ар сытым щыгъуи екIуу хуэпат, и щхьэц утIэрэзар егугъупэу телъэщIат, и нэгум гуапагъэр кърихырт. Ауэ… и нэхэм нэщхъеягъуэ гуэр щIэплъагъуэрт, сабиигъуэ хьэлъэм и джэрпэджэжу къыщIэкIынт.

         Пасэу гугъуехьым ипсыхьа цIыхут Хьэту. Ди анэм зэрыжиIэжымкIэ, зи ныбжьыр илъэси 8-м ит щIалэ цIыкIум и сабиигъуэр щхьэщагъэкIуэтат абы и пщэ къыдэхуа балигъ къалэнхэм. 1945 гъэм гъатхэпэм и 10-м Венгриер фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIагъэкIыжым лIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу хэкIуэдауэ щытащ абы и адэ Хьэжбий. И анэр, зауэ нэужь зэман гугъухэм псэукIэр зэфIэгъэувэжыным зи гуащIэр хэзылъхьа цIыхубз куэдми хуэдэу, пщэдджыжьым щыщIэдзауэ жэщ хъуху колхоз губгъуэм щылажьэрт. Школым къикIыжа сабийр щIакхъуэ къудей зыщIэмылъ унэ щIыIэм къыщIыхьэжырт, унагъуэ къалэнхэр зэфIигъэкIырт, чыхугъурщыпэ кIуэрти, пэшхьэкур зэрагъэплъыныр къихьырт. Сыт хуэдизу гугъу емыхьами, и еджэным кIэригъэхуакъым, икIи щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу щыт щIалэм и егъэджакIуэхэр къыщытхъуу курыт школыр къиухащ. Абы иужькIэ ар щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и биологие къудамэм. Университет нэужьым Хьэту зэман гуэркIэ егъэджакIуэу щылэжьащ езыр къыщалъхуа Старэ Урыху къуажэм дэт курыт школым. ИужькIэ зи гур щIэныгъэм хуэпабгъэ ЩхьэщэмыщIыр КъБКъУ-м и аспирантурэм щIэтIысхьэжащ икIи дэзыхьэха Iуэхум куууэ зыхигъэгъуэзащ. 1968 гъэм абы ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ и кандидат диссертацэр, 1995 гъэм биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор цIэр къыфIащащ.

         Хьэту и гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэта университетым. КъызэрыгуэкI егъэджакIуэу къыщыщIидзэри, пщIэрэ щхьэрэ зиIэ щIэныгъэлI цIэрыIуэм и гъуэгуанэр кърихьэлIащ абы. 1979 гъэм щегъэжьауэ 1985 гъэ пщIондэ КъБКъУ-м и химие-биологие факультетым зоологиемкIэ и кафедрэм и унафэщIу щытащ. 1985 – 1990 гъэхэм СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием Эволюцэ морфологиемрэ экологиемкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьым и къулыкъури ирихьэкIащ.  Зыхэт гупым, иригъаджэ студентхэм я деж абы и пщIэр щылъагэт, фIыуэ къалъагъурт. И щIэныгъэ куум и закъуэтэкъым абы цIыхухэр къызэрыдихьэхыр, атIэ и гушыIэ дахэхэмкIи я гум нэсырт.

         Хьэтурэ сэрэ зэкъуэшитIым драбынт. Сыщыстудентхэм щыгъуэ куэдрэ къызэупщIхэрт: «Хьэту уи анэкъилъху дэлъху?» - жаIэурэ. Сэ ар нэгъуэщIуи къысщыхъуртэкъым. Ди дэлъху нэхъыжьым хуэдэут дэ ар къызэрытлъытэр, езыри апхуэдэу къытхущытыжт, фIыуэ дыкъызэрилъагъур зыхэтщIэрт, и гулъытэ зэи дыщигъащIэртэкъым. Ди анэрати, ар зыхуигъадэ щыIэтэкъым, гукIи псэкIи хуэгумащIэт.

         ЦIыху гуапэт, хабзэ зыхэлът, гулъытэ зиIэт Хьэту. И унагъуэр и гъусэу щхьэхуэу псэут ар, ауэ зы махуэ къэмынэу и анэм деж кIуэрт. Абы и нэгум имыплъэмэ, и Iуэхур зыIутыр зримыгъащIэмэ, къуэ гумащIэм псэхугъуэ игъуэтынутэкъым. ЛэжьапIэ нэужьым япэщIыкIэ и анэм деж екIуэлIэжырт, абы и махуэр зэригъэкIуам зыщигъэгъуазэрти, и гур зэгъауэ и унагъуэ дахэм яхыхьэжырт. Хьэтурэ и щхьэгъусэ Эрнэрэ хабзэрэ нэмысрэ зыдэлъ жьэгум и хъумакIуэхэт. Я бынхэу Тимборэрэ Элинэрэ фIым хуаущийуэ къагъэхъуащ, щIэныгъи ирагъэгъуэтри, гъащIэми лъэ быдэкIэ хагъэуващ.  Щхьэгъусэ нэсым и щапхъэт Эрнэ, хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ хуищIу, зызрипщыт сыт хуэдэ Iуэхури диIыгъыу къыдекIуэкIащ ар и унагъуэ тхьэмадэм. Бзылъхугъэм и къалэн нэхъыщхьэр псэр щытынш жьэгу щхьэгъусэм къыхузэгъэпэщынращи, ар фIы дыдэу къехъулIащ Эрнэ. Псом хуэмыдэу Хьэту иригушхуэрт и унэм хэт лэжьапIэ пэшым –тхылъ гъэщIэгъуэнхэр зытет дапхъэхэмкIэ зи блынхэм къегъэувыкIам и зыгъэпсэхугъуэ зэманыр щигъэкIуэну фIэфIт.

         Дэтхэнэ цIыхуми иIэщ щапхъэ хуэхъу. Хьэту пщIэшхуэ хуищIырт икIи фIыуэ илъагъурт Мэлбахъуэ Тимборэ. Абы и унафэщI Iэзагъэм, и акъылым, хьэл зэпIэзэрыт зэриIэм, зыхущIэкъур ерыщу зэрызригъэхъулIэфым игъэщIагъуэу тепсэлъыхьырт. Апхуэдиз Iулыдж зыхуиIэ лIыщхьэм и цIэри и къуэм фIищыжауэ щытащ.

         Iуэху гуэркIэ псори дызэрихьэлIэжамэ, абы и хъуреягъым дыкъепщIэкIырти, жиIэж хъыбархэм дыдихьэхауэ дедаIуэрт, удэзыхьэх и дыхьэшхыр нобэхэми зэхэтхыу къытщохъу. Апхуэдэу зэгуэрым Iуэтэж гъэщIэгъуэн жиIэжри, псори ину зэщIигъэдыхьэшхат. Дыхьэшх макъыр зэхэзыха нысэр пщэфIапIэм къыщIэжри зыхуигъэзащ: «КхъыIэ, сэ зэхэсхакъыми, иджыри зэ къытхуэIуэтэж», - жиIэри. Иджыпсту хуэдэу си нэгум щIэтщ а теплъэгъуэр. А дакъикъэм гушыIар арауэ умыщIэжыну, зэпIэзэрыту къэпсалъэри: «Сыт, нысащIэ, сы-ажэгъафэ сэ?» - жиIэри аргуэру псори игъэдыхьэшхат.

         Пэжыгъэр, захуагъэр япэ изыгъэщ цIыхут Хьэту. Лэжьыгъэм Iуэхур нэсамэ, ткIийуэ, жэуаплыныгъэ пылъу бгъэдыхьэрт, и зыгъэпсэхугъуэри дахэу, екIуу, гукъинэжу къызэригъэпэщырт.

         Узыфэ хьэлъэм иубыдри, и ныбжьыр илъэс 60-м нэмысауэ дунейм ехыжащ ЩхьэщэмыщI Хьэту. ГъащIэ купщIафIэ къызэринэкIащ, шэч хэмылъуи зыцIыхуу щатахэм я гум фIыкIэ къинащ. И благъэ-Iыхьлыхэм зыхыдощIэ абы дызэрыхуэныкъуэр, дызэхуэсыжа нэужьи сытым дежи гуапэу дигу къыдогъэкIыж. Ауэ нэхэм нэпсыр къыщIэмыувэу нобэми абы и гугъу тхуэщIыркъым.

Блий Иринэ.

        

 

 

Поделиться: