Уахэ жыжьэм и хъыбар къэзыхьыр хэт?

ЩIэныгъэлIхэм планетэщIэ къызэIуахауэ, цIыхум и лъэр зэи здынэмыса икIи здынэмысыфыну уахэ жыжьэм къыщекIуэкI къэхъукъащIэхэм теухуауэ къэхутэныгъэ телъыджэхэм я хъыбар зэхыдох кIэщI-кIэщIурэ. Псоми яфIэгъэщIэгъуэнщ а псори астрономхэм къызэрахутэ щIыкIэр, къагъэсэбэп Iэмалхэр. Языныкъуэхэм а Iэмалхэр къазэрыгурымыIуэм къыхэкIыу, къэхутэныгъэхэми шэч къытрахьэ. Мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхунщ километр мелуан бжыгъэкIэ тпэжыжьэ планетэхэмрэ вагъуэбэхэмрэ я сурэт пэжхэр цIыхум къызэрыIэрыхьэ щIыкIэхэр.

ЦIыхур куэд щIащ хьэршым лъатэу, абы къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр иджу, илъэс бжыгъэкIэ хьэршым щыIэурэ къэкIуэжу зэрызригъасэрэ. ЩIым километр 400-кIэ и Iэхэлъахэм хуиту итщ космонавтхэр. Ахэр щолажьэ Дунейпсо Хьэрш Станцым (МКС). Зи лъэр нэхъ жыжьэ дыдэ нэзыхьэсар американхэращ – ахэр тетащ Мазэм! Ауэ адрей планетэхэм иджыри нэсакъым зыри. Арами, зи гупсысэм гъуни нэзи имыIэ цIыхум къигупсысыфащ аппарат, илъэс 50-м щIигъукIэ къызэтемыувыIауэ хьэрш жыжьэм лъатэу, зыблэлъэт вагъуэхэмрэ планетэхэмрэ я сурэтыр ЩIым къезыгъэхьыф.

Дыгъэ системэр яджа нэужь, адэкIи зэрыкIуэфкIэ уахэ жыжьэм кIуэцIрыкIыну яухуа аппаратхэм ящыщщ «Пионер-10», «Пионер-11», «Вояджер-1», «Вояджер-2», «Новые горизонты» жыхуиIэхэр. Ахэр псори щызэпкъралъхьари зыутIыпщари США-рщ. НобэкIэ абыхэм ящыщу Дыгъэ системэр зыбгынауэ, КIыфIыгъэ мыухыжым хэту мэлъатэ «Пионерхэмрэ» «Вояджерхэмрэ».

«Пионер-10», «Пионер-11» аппаратхэм Мазэр, Дыгъэ системэм хиубыдэ планетэхэр, абы ит вагъуэижхэмрэ вагъуэкIэхухэмрэ ирагъэджын папщIэ зэпкъралъхьат икIи 1972-1973 гъэхэм хьэршым яутIыпщат. «Пионерхэм» я фIыгъэкIэ астрономхэм япэ дыдэ къаIэрыхьауэ щытащ нэхъ тпэжыжьэу Юпитер, Сатурн, Уран, Нептун планетэхэмрэ абыхэм я зэхуаку дэлъ вагъуэкIэхухэмрэ я сурэтхэр. ЩIэныгъэлIхэм я гуапэ зэрыхъунти, аппаратхэр абыкIэ къызэтемыувыIэу, Дыгъэ системэр ябгынэри, адкIэжкIэ лъэтауэ, нобэр къыздэсым хьэршым итщ.

«Вояджерхэр» щаутIыпщар 1977 гъэращ. «Вояджер-2»-р шыщхьэуIум и 20-м ягъэлъатэри, «Вояджер-1»-р кIэлъаутIыпщыжат фокIадэм и 5-м. ИужькIэ яутIыпща аппаратыр нэхъ псынщIэу къыщIэкIщ, япэм лъэщIыхьэжри, мазитIым къриубыдэу километр мелуани 124,7-кIэ япэ ищыжат. ИкIи аращ Уранымрэ Нептунымрэ нэхъ гъунэгъу дыдэу бгъэдыхьэу сурэт къабзэхэр къезыгъэхьауэ щытари.

ГъэщIэгъуэнращи, мы аппаратхэр хьэршым лъатэу, псори яджу къагъэзэжыху уемыжьэми хъунущ. Сыту жыпIэмэ асыхьэту траха сурэтхэр радиосигналкIэ ЩIым кърагъэхьыж. ЩIэныгъэлIхэм я фIэщ мэхъу адрей планетэхэмрэ системэхэмрэ ГъащIэ зэрыщыIэр. Ар къалъытэри, «Пионерхэмрэ» «Вояджерхэмрэ» тхыгъэ щIыгъуу яутIыпщат… Сантиметр 15,2*22,9-рэ хъу дыщэ упIэщIам тетщ цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я сурэт, водородым и молекулэр (аппаратыр къыздикIа планетэм гъащIэрэ псырэ зэрыщыIэм и нэщэнэу), Галактикэм и кум елъытауэ Дыгъэр здэгъэза лъэныкъуэр, Дыгъэ системэм и зэхэлъыкIэмрэ аппаратхэр къыздикIа ЩIымрэ я хэщIапIэр.

1998 гъэм мазаем и 17-м «Вояджер-1»-р «Пионер-10»-м лъэщIыхьэри, япэ ищыжауэ щытащ. А лъэхъэнэм аппаратхэр ЩIым километр меларди  10,4-кIэ пэжыжьэт!  Иужь дыдэу «Пионер-10»-м хъыбар къыщитар 2003 гъэм щIышылэм и 23-рщ. Абы щыгъуэ «Пионерыр» ЩIым километр мелард 12,3-кIэ Iулъэтат икIи зы секундым километр 12,224-рэ зэпичу Iэпхъуэрт. «Пионерым» къиутIыпща радиосигналыр сыхьэт 22-рэ дакъикъэ 38-м ЩIым къэсу арат. Абы иужькIэ аппаратым хъыбар къригъэхьакъым. NASA-м и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, ар зэрылажьэ радиоизотоп гъэсыныпхъэр мащIэ хъуащи аращ. Арами, аппаратым къищта псынщIагъэм кIэрымыхуауэ макIуэ. Ар мэлъатэ Альдебаран вагъуэм… Вагъуэиж къыжьэхэуэу «Пионерыр» мыкъутэмэ, иджыри илъэс мелуани 2-кIэ хьэршым итынущ, и гъуэгуанэм темыкIыу.

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: