ГъэпцIагъэ зыхэмылъыжыр…

Дунейпсо сату зэхущытыкIэхэм япкъ иту гъэ кIуам къэрал псоми зэгъусэу къызэдащтащ ерыскъыхэкI хьэлэлхэм дамыгъэ щхьэхуэ яIэу дунейпсо утыкум ихьэн зэрыхуеймкIэ. Ар хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щIэх дыдэу зэлъащIысащ, ауэ абы кърикIуэнкIэ хъунум зыри щхьэтечауи тепсэлъыхьакъым, къащта закъуэ жаIэу, а Iуэхум пыщIа псори зэуэ зэIубз хъун нэхъей.

Муслъымэнхэм яIухуэ хъуну ерыскъы къабзэм куэд пыщIащ, ар фIэзыгъэжхэм къыщыщIэдзауэ, зыгъэхьэзырхэмкIэ иухыжу. Псалъэм папщIэ, ди щIыналъэ е нэгъуэщI щIыпIэ ирехъуи, цIыхур здыщIыхьэ тыкуэнышхуэхэм я витринэхэр къуащ нэкулъ лIэужьыгъуэхэмкIэ. Сыт апхуэдэхэм щытлъагъур? - «Хьэлэл» дамыгъэр зытегъэуахэм адрейхэри къабгъурылъщ.

- Мыхэр зэпэщхьэхуэ щхьэ фымыщIрэ? - зыхуигъэзащ сату зыщIым зы щIалэ.

- Тыкуэныр сысейщ, сызэрыхуейуэ сощI. Абы щхьэкIэ сэ витринэ щхьэхуэ щIэзгъэлэжьэнур сыт? СыткIэ зэжьэхэуэрэ вакуум целлофан къэпым псори щилъкIэ, - къретыж адрейм жэуап…

 Ар зэщхьыр а ямыдэм и лымрэ мыдреймрэ зы тепщэчым илъу Iэнэм трагъэувэнырщ, зэжьэхэуэркъым, щхьэж зыхуейр къищтэнщ жыхуаIэу. Ар, дауи, щыуагъэшхуэщ. Ахэр зэжьэхэуакIэщ щапщэфIым, къыщралъхьэм. Тыкуэнхэм хьэлэлымрэ мыхьэлэлымрэ я плIанэпэ щхьэхуэхэр къыщызэIупхыну гугъукъым, узыгъэпсэу щэхуакIуэхэм пщIэ яхуэпщIыххэмэ. Ар пхузэфIэмыкIрэ - зыми урихулIакъым, нэкулъ хьэлэлри мыхьэлэлри уи нэпсеягъэкIэ зэхэлъу пщэну.

 Езы нэкулъхэм я къабзагъэм тедгъэщIэнщи, ерыскъы мыхьэлэл къыщIэзыгъэкI IэхущIапIэхэр хьэлэлым щхьэ хэIэбэххэн хуей? Зы цехым кхъуэлым ущелэжьу, етIуанэм мэлылым ущелэжьрэ абы «Хьэлэл» дамыгъэр тебдзэжкIэ, ар хьэлэл хъуну? Зы IуэхущIапIэм зэгъусэу ирашалIэ лыхэкIхэм зэхэмыхьэу долэжь жыпIэныр телъыджэщ, цеххэр къыщыщIатхьэщIыкIыжкIэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр нэхъ хэмытами. ЛэжьакIуэхэращи, муслъымэн защIэу къащтэфыну, псом хуэмыдэу IуэхущIапIэр щыиным деж? А зым фIэкIа хэмылъамэ, а ерыскъым «хьэлэлкIэ» уеджэныр къызэпеуд. Мыбдежым цIыху зэхэгъэж щыIэкъым - диныр динщ, езым и хабзэм тету. Абы къыхэкIыу апхуэдэ IэнатIэшхуэхэм ерыскъы «хьэлэл» къыщIагъэкI жыпIэныр щэнейрэ шэч къызытехьэн хуей Iуэхущ.

Нэхъапэхэм «муслъымэн нэкулъ» жыхуаIэ щыIакъым, жэрумэ, тхьэмщIыгъуныбэ мыхъумэ. Нэкулъ щагъэхьэзыр Дагъыстэн, Шэшэн республикэхэм. Былымыл къабзэмрэ щэмрэ къызэрыхэщIыкIар плъагъуу ахэр быдэщ, зыхуей хуэзэу гъэгъуащ, къищынэмыщIауэ, муслъымэн фIэкIа щамыгъэлажьэ уней IуэхущIапIэ мыинхэр къахузэIухынущ. Ауэ шэсыпIэ ихьэгъуейщ икIи фIэщщIыгъуейщ цIыхухэр щэ бжыгъэкIэ зыгъэлэжьэн хуей IуэхущIапIэхэм ерыскъы хьэлэлым ехьэлIа мардэ псори яхуэгъэзэщIэныр. Псом нэхърэ нэхъыфIыр муслъымэн нэкулъым и пIэкIэ, игъащIэ лъандэрэ къызэрекIуэкIым тету, лы гъэва, гъэжьа къабзэлъабзэ унэм щапщэфIыжынырщ е лы хьэлэл фIэкIа щыземыкIуэ шхапIэ кIуэнырщ, апхуэдэу зэрыщытым фIыуэ хэпщIыкIыу. Иджыпсту дэнэ щIыпIэкIи шхапIэхэр щыкуэдщ, яIэр зы пщэфIапIэу щыщыткIэ, лым зэхэмыхьэу долэжь жаIэнри апхуэдэ къабзэу щхьэгъэпцIэжщ.

Иджыпсту Урысейм и IуэхущIапIэ зыбжанэм псалъэмакъ иращIэкIащ, абыхэм щагъэхьэзыра нэкулъхэм кхъуэм и ДНК-р къызэрыщагъуэтам къыхэкIыу. Iуэху щытыкIэм кIэлъыплъхэм зэрыжаIамкIэ, ар щIэх-щIэхыурэ къэхъуу хуежьащ, ауэ псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр, лы хьэлэлымрэ хьэрэмымрэ зэгъусэу щелэжь IуэхущIапIэхэр щыIэххэн зэрыхуэмейр зыми къызэрыхимыгъэщырщ. Мылъку зыбгъэдэлъхэм къалъытащ «дамыгъэкIэ» щIэгъэбыда дэтхэнэ зы Iуэхури, ерыскъы «хьэлэлхэри» абы хэту, езыхэм я жыпым фIэкIын хуэмейуэ, абыкIэ цIыхухэр къагъапцIэрэ, хьэргъэшыргъэми хэмыкIыу. Хьэргъэшыргъэри мылъку кIуапIэхэм ящыщ зыщ.

Къапщтэмэ, «Хьэлэл» дамыгъэр дунейпсо утыкум итын хуейуэ къызэрыхалъхьар IуэхугъуэфIщ, сыту жыпIэмэ, абы хеубыдэ, лыхэкIхэм ямызакъуэу, цIыхум ишх ерыскъы псори, ирехъу ар пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI, н. къ. Ахэр къабзэу, цIыхум имышхыпхъэрэ и узыншагъэм зэран хуэхъунрэ хэмылъу щытын хуейуэ аращ абы къигъэлъагъуэр, ауэ «Хьэлэл» дамыгъэр къыщыунэхуакIэ, абы и адрей лъэныкъуэр къэзыгъэсэбэпынухэри абы бгъурыту къызэрыунэхуар пщыгъупщэ хъунукъым - ар гъащIэм къыщекIуэкI хабзэщ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: