Адыгэбзэр зыджа щIэныгъэлIхэр

Марр Николай
 Кавказым щIэныгъэр къыщызэзыгъэпэща еджагъэшхуэ, бзэ щIэныгъэлI, тхыдэтх, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием, 1912 гъэ лъандэрэ Петербург Академием хэта Марр Николай Кутаиси къалэм 1864 гъэм къыщалъхуащ.
Совет Союзым хыхьэ республикэ псоми Марр и жэрдэмкIэ 20 - 30 гъэхэм къыщызэрагъэпэщащ терминологиемкIэ комитетхэр. А щIэныгъэлIым къыхилъхьа Iуэхугъуэм ипкъ иткIэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр джынымкIэ комитетым и лIыкIуэхэр зыхэт щIэныгъэ экспедицэхэр 19211 - 1922 гъэхэм Къэбэрдейм, Адыгейм, Абхъазым, Дагъыстаным, Шэшэным щыIащ.
 Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу бгырыс лъэпкъхэм я цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, абыхэм егъэджакIуэ къахэкIыным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ Марр Николай. Абы и жэрдэмщ Абхъазыбзэмрэ литературэмкIэ академие къызэрызэрагъэпэщар (I930 гъэм ар щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт хъуащ). 
 Автоном республикэхэр щэнхабзэ-узэщIакIуэ лэжьыгъэхэмкIэ зыIууэ гугъуехьхэр зэфIэхынымкIэ Iуэху еплъыкIэ пыухыкIахэр Москва щыIэ ЩIэныгъэхэмкIэ Академием и къудамэу Яфетическэ институтым и лэжьыгъэм 1923 гъэм Марр къыхилъхьащ. ИужькIэ (1925) а IуэхущIапIэм КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм я щэнхабзэр джынымкIэ институт фIащащ, итIанэ ар и лъабжьэу къэунэхуащ СССР-м ис лъэпкъхэм я институт, 1936 гъэм ар СССР-м ис лъэпкъхэм я бзэмрэ я тхыбзэмкIэ институт хъуащ. 
 Марр Николай и IэдакъэщIэкIхэу нобэрей щIэныгъэм хуощхьэпэ «Кавказым и щэнхабзэ фэеплъхэр» (1912), «Кавказоведенэмрэ абхъазыбзэмрэ» (1916), «Кавказ лъэпкъ фIэщыгъэхэмрэ щIыпIэ зэгъэпщэныгъэхэмрэ» (I922), Абхъаз-урыс псалъалъэ, Урыс-абхъаз псалъалъэ (1926), нэгъуэщIхэри. 

Рогавэ Георгий
 Куржы бзэ щIэныгъэлI-кавказовед, картвел, адыгэ-абхъаз бзэхэмкIэ IэщагъэлI, бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор (1953), профессор (1958) Рогавэ Георгий 1905 гъэм Кулискари къуажэм (Куржы, Зугдиди район) къыщалъхуащ. 1927 гъэм Тбилиси дэт къэрал университетыр къиухащ. 
 Профессор Рогавэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ адыгэ тхыбзэмрэ ар зыубзыху системэмрэ ехьэлIа щIэныгъэ лэжьыгъэу щэм щIигъу. Абыхэм ящыщу гулъытэ хэха хуэфащэщ «Адыгэбзэм и грамматикэ» (Краснодар-Мейкъуапэ, 1966 гъэ, КIэрашэ Зейнэб и гъусэу), «Адыгэбзэхэм я категориехэр» (Тбилиси, 1980 гъэ), 1956 гъэм къыдигъэкIа «Адыгэбзэм и грамматикэ лIэужьыгъуэхэм я зэхэлъыкIэм теухуа упщIэхэр» монографиехэм.
Еджагъэшхуэ Рогавэ Георгий илъэс куэдкIэ университетым къыщеджащ убыхыбзэ, адыгэбзэ (къэбэрдей, кIахэ псэлъэкIэхэр зэпэщхьэхуэу), адыгэ-абхъазыбзэхэм я грамматикэм теухуа лекцэхэм. Абы иригъэджа IэщIагъэлIхэр нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Куржыми я еджапIэ нэхъыщхьэхэм, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм щолажьэ. 

Турчанинов Георгий
 Адыгэ тхыбзэм и къэхутакIуэ емышыж, бзэ щIэныгъэхэмкIэ еджагъэшхуэ Турчанинов Георгий 1902 гъэм Санкт-Петербург къалэм къыщалъхуащ. 1930 гъэм абы къиухащ Ленинград дэт къэрал университетым и славян-урыс къудамэр. Студенту ар къэбэрдей-шэрджэсыбзэм дригъэхьэхащ абы и егъэджакIуэ профессор Марр Николай.
Турчаниновыр нэхъ дэзыхьэхар адыгэ-абхъазыбзэхэмрэ ахэр зей лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэт. Цагъуэ Нурийрэ Турчанинов Георгийрэ адыгэбзэм и грамматикэр 1940 гъэм зэдатхауэ щытащ. 
1938 гъэм адыгэбзэм и диалектхэм папщIэ къызэрагъэпэща щIэныгъэ экспедицэм и унафэщIу щытар Турчаниновырщ. Ар Ленинград дэт къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмрэ теухуа лекцэхэм къыщеджэу щытащ, 1950 гъэм щегъэжьауэ дунейм ехыжыху (1989) Турчаниновыр щылэжьащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и къудамэу Ленинград дэтым. 
Адыгэ бзэ щIэныгъэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуищIахэм ящыщщ абы Нэгумэ Шорэ и IэдакъэщIэкIхэр иджыну, абыхэм елэжьыну, тхылъу къыдигъэкIыну зэрыхунэсар. Турчанинов Георгий и тхылъ «Открытие и дешифровка древнейшей письменности Кавказа» зыфIищам профессорым къыщелъыхъуэ Кавказым щыпсэуа лъэпкъхэм я пасэрей лъабжьэхэр икIи шэч къытримыхьэу къыхегъэщ ахэр адыгэ-абхъаз гупым быдэу зэрепхар. Апхуэдэу Турчаниновым къыдигъэкIащ мэздэгу адыгэхэм я диалектыр щызэпкърыха тхыгъэр (Налшык, 1946 гъэ), «Летописный Редедя и черкесское «Редада» (Налшык, 1947 гъэ), нэгъуэщI тхылъхэри. 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: