Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэм ядоIэпыкъу

2023 гъэм и япэ мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ Лъэпкъ шэсыпIэ зэгухьэныгъэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу щIыхуэу сом мелард 1,2-рэ къратащ. Нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 37,6-кIэ нэхъыбэщ ар. 
Абы щыщу сом мелуан 791-р къащтащ КъБР-м щылажьэ IуэхущIапIэ курытхэм, сом мелуан 415-р IуэхущIапIэ мыинхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну налог хэзых IэнатIэм зыщезыгъэтхахэм – сом мелуан 1,7-рэ. 
Къапщытэж зэманым къриубыдэу шэсыпIэ ихьа зэгухьэныгъэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу къащтащ сом мелуан 547,2-рэ, ар процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ. IуэхущIапIэ мыинхэм къащтащ сом мелуани 199-рэ, цIыкIухэм – сом мелуан 348-рэ, я щхьэ хуэлэжьэжхэм – сом мелуан 1,70-рэ.
Дызэрыт илъэсым и япэ мазибгъум къриубыдэу Лъэпкъ шэсыпIэ зэгухьэныгъэ мшэсыпIэ тхылъу 83-рэ итащ. 
КъБР-м и IуэхущIапIэхэм ящыщу ахъшэкIэ зыдэIэпыкъуахэм я нэхъыбэр мэкъумэш IэнатIэхэм щолажьэ – сом мелуан 454-рэ, сатум – сом мелуан 305-рэ, ерыскъыпхъэхэм елэжьхэм – сом мелуан 180-рэ. Ухуэныгъэм пэрытхэм сом мелуани 179-рэ, хьэщIэщхэмрэ шхапIэхэмрэ зыгъэлажьэхэм – сом мелуан 20,5-рэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Лъэпкъ шэсыпIэ зэгухьэныгъэм хохьэ «МСП» АО-р, МСП Банкыр, щIыналъэ шэсыпIэ зэгухьэныгъэхэр. ХьэрычэтыщIэхэр зыпэрыт IэнатIэхэм зрагъэужьын щхьэкIэ мылъку щахуримыкъум е банкхэм къыIах ахъшэм щхьэщатыкIын мылъку щамыIэм деж Лъэпкъ шэсыпIэ зэгухьэныгъэр шэсыпIэу мэув. 
«Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэ жэрдэмыр дэIыгъыныр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ мэлажьэ а IэнатIэхэм апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ етыныр. Iуэхур зэрекIуэкIыр УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Белоусов Андрей и нэIэ щIэтщ. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: