ЩIыуэпс хъыбархэр

Сочэ кIэрыхубжьэрыхум щIигъэнащ

Сочэдэсхэм я къалэм теухуауэ гукъеуэшхуэ яIэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, зыгъэпсэхупIэ щIыпIэр апхуэдизкIэ кIэрыхубжьэрыхукIэ кудащи, узыфэ зэрыцIалэхэр къэхъеинкIэ мэшынэ. 
«Апхуэдиз мылъкурэ къарурэ зытрагъэкIуэда къалэм мэ Iейм удигъэхьэркъым, емынэр ди бжэIупэм къэсауэ жыпIэ хъунущ», - мэтхьэусыхэ къалэдэсхэр. Ар къызыхэкIар псы фIейр зэрамыгъэкъэбзэжыфыр, уеблэмэ зэрыщытыбзэу хым зэрыхагъэлъадэрщ, кIэрыхубжьэрыхухэм емылэжьу, щIыпIэ хэхам щызэхуамыхьэсу, щхьэж здыхуейм деж зэрыщрикIутырщ. 
«ПщыхьэщхьэкIэ цIыхухэм я нэгу зрагъэужьыну, бэуэну унэм къыщIэкIмэ, дэ ди бжэ-щхьэгъубжэр зэхуэщIауэ унэм дыщIэсщ. IуэхукIэ дыщIэкIын хуей хъуамэ, жэрыжэкIэ зэфIыдогъэкIри, дыпIащIэу унэм дыщIолъэдэж. Мэр апхуэдизкIэ гуащIэщи, ди пэр тIыгъыу дызекIуэу аращ», - жаIэ сочэдэсхэм. 
Хэт нэхъыжьыр?
Медицинэмрэ техникэмрэ зыщаужьа зэманым дыщыхиубыдакIэ, цIыхухэри куэдрэ псэун хуейт. Ауэ, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхур илъэс 26-м иту жьы хъун щIедзэ. Ар къызыхэкIар къарукIэ ягъэзащIэ лэжьыгъэр цIыхум щхьэщызых, къыдэзыгъэпсынщIэ техникэ къызэрежьаращ. Абы къыхэкIыу щхьэхыр нэхъыбэ хъуащ. Инфаркт, инсульт, къищынэмыщIа узыфэ шынагъуэхэр яхуогъэхъуж, ауэ щхьэхыр и щхьэусыгъуэу жьы хъун щIэзыдза цIыхум зыри сэбэп хуэхъуфынукъым. 

ЦIыкIурэ икIи шынагъуэу

ООН-м игъэбелджылащ дунейм псэущхьэ нэхъ шынагъуэ дыдэу тетхэр. Абыхэм я нэхъыбапIэм уз зэмылIэужьыгъуэхэр кърахьэкI, аращ щIэшынагъуэри. Япэ увыпIэм щытыр – аргъуейхэращ. А цIыкIунитIэхэм я ягъэкIэ илъэсым цIыху 750000-рэ уз зэхуэмыдэхэм йолIыкI. ЕтIуанэ увыпIэр езы цIыхум иубыдащ. Езыхэм я ягъэкIэ илъэсым цIыху 437000-рэ дунейм йохыж. Ещанэр – блэхэращ (цIыху 100000). Хьэхэр - еплIанэщ (цIыху 35000-рэ). КърабжэкIахэм яхэтщ нэщIэпкIэхэри (цIыху 20000)! АдэкIэ къыкIэлъокIуэ бжьыдзэхэр (цIыху 12000), бадзэхэр (цIыху 10000), маркуэр (цIыху 45000-рэ), благъуэхэр (цIыху мин), кIэтIийм ирищIэ ленточнэ хьэмбылухэр (цIыху 700). ЦIыхум дежкIэ шынагъуэм хеубыдэ пылхэр, аслъэнхэр, дыгъужьхэр, акулэхэр. 

Илъэс 2800-кIэ щIым щIэлъащ

Зеикъуэ пэмыжыжьэу къыщагъуэта кхъэлъахэр Москва къикIа щIэныгъэлIхэм илъэсищкIэ яджащ. Къэрал тхыдэ музейм и археологие къудамэм и лэжьакIуэхэм, Кадиевэ Аннэ я пашэу, куууэ иратIыхат къэлъахэр. ЗэбгъузэнатIэу иратIыха мащэм, зыр зым и лъабжьэм щIэлъу, хьэдэ зыбжанэ къыщагъуэтащ. И лъабжьэ дыдэ щIэлъым илъэс 2800-рэ и ныбжьщ, и щхьэм телъыр илъэс 2300-м ноблагъэ. Зеикъуэдэсхэм мы кхъэм щхьэкIэ «Нартыкхъэ» жаIэ. Абы къыдэкIуэуи къыхагъэщ мы щIыпIэм илъэсищэ бжыгъэ хъуауэ зыри зэрыщыщIамылъхьар. Къагъуэта хьэдэхэм ящыщу тIум я щхьэпхэтIыгур кIыхьу хэшащ. Абы и закъуэкъым укъэзыгъэуIэбжьыр! Абыхэм яхэтщ цIыхубз хьэдэ, и кхъэлэгъунэм нысащIэ хьэпшыпхэр, домбеякъ Iэлъынхэр, тхьэгъухэр, Iэпщэхъухэр куэду щIэлъу. Iэ емыIусауэ, илъэс 2800-рэ ипэкIэ зэрагъэтIылъам хуэдэу щылъщ нобэми. А псори «нысащIэм» кIэрылъу щIалъхьагъэнущ. 
Псом нэхърэ нэхъ телъыджэжыр – гущэм зэрилъу щIалъхьа сабий хьэдэмрэ абы дыщIалъхьа Iэмэпсымэхэмрэщ… Памперсхэр къагупсысын ипэ, адыгэхэм сабийхэм цIыбэ далъхьэу щытащ. Кадиевэ Аннэ жеIэ, гущэм апхуэдэ цIыбэ илъу къагъуэтауэ. А къэхутэныгъэр щыхьэт тохъуэ илъэс минищ ипэкIэ мы щIыпIэхэм щыпсэуа лъэпкъымрэ адыгэхэмрэ зэпхауэ, уеблэмэ зыуэ зэрыщытыр, хабзэкIи, зэрахьэ IэмэпсымэкIи зэтехуэу. 
Апхуэдэу, Зеикъуэ и Iэгъуэблагъэм хьэдэ зыбжанэ иджыри къыщагъуэтащ. Абыхэм ящыщу зыр илъэс 16 зи ныбжьын пщащэщ. Хъыджэбзым и щхьэпхэтIыгур кIыхьщ, и дзэхэр зэрыщыту Iутщ, илъэс 2300-2400 ипэкIэ щIалъхьащ. 
ЦIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнщ абыхэм я щхьэр кIыхьу хэшауэ зэрыщытар. Абы щэху хэлъкъым – а зэман жыжьэм хабзэу щыIащ сабий цIынэм и щхьэр быдэу якъузрэ, щхьэпхэтIыгур кIыхь ящIу. КъызэралъытэмкIэ, абы цIыхур нэхъ губзыгъэ ищIырт, лъэпкъ уардэ, лъэпкъ цIэрыIуэ къызэрыхэкIам и нэщэнэт. Псалъэм и хьэтыркIэ, Мысырми щыIащ апхуэдэ хабзэ – я пщэр кIыхь ящIын папщIэ, илъэс къэс зы пщэхъу лейуэ иралъхьэу, я щхьэр якъузурэ хашу. А хабзэ гъэщIэгъуэныр КъухьэпIэ ЕвропэмкIэ къикIыу, Кавказым къэсауэ къалъытэ щIэныгъэлIхэм. 
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: