ЗыгъэпсэхупIэхэр зэIузэпэщ ящIКъэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, «Нэгузегъэужьымрэ хьэщIагъэ хынымкIэ» пэхуэщIэм хиубыдэу ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ухуэныгъэу тIу хьэзыр щащIащ. Паркым и администрацэм и унэм и Iэгъуэблагъэр щIы IэнэщIу щытащ. Абдежым щызэтралъхьэрт паркым илэжьыхь техникэхэмрэ жьы хъууэ къыфIахыжа хъыринэхэмрэ къыпкърахыжа пкъыгъуэхэр, н.къ. А щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ икIи абы къыщызэIуахащ иджырей мардэхэм тету цIыху ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ щIыпIэ щхьэхуэ зыхэт санузел, анэхэмрэ сабийхэмрэ, Iуэхутхьэбзэ зыщIэхэм я пэш щхьэхуэхэр. ЩIыпIэм къегъэщIылIа утыкум хъыринэщIэхэр, теплъэ гъэщIэгъуэн зиIэ тетIысхьэпIэхэр щагъэуващ, утыкум екIуалIэ лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр тралъхьэри, къагъэнэхуащ. Зыхуей хуагъэза щIыпIэм дэтхэнэ зы сабийми и нэгу зыщиужьынущ, щхьэж дэзыхьэх Iуэхухэми щелэжьыфынущ. Сабий нэхъ цIыкIухэм папщIэ паркым апхуэдэу щаухуащ «сафари- утыку», ауэ ар къыщызэIуахынур етIанэгъэ и гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэрщ. Илъэс блэкIам жыг хадэм къыщрахьэлIащ къабзагъэм теухуа нэгъуэщI лэжьыгъэхэри: Налшык псым и Iуфэм пэгъунэгъу лъэс зекIуапIэм и кIыхьагъкIэ щагъэуващ паркыр зэрагъэдахэ гъэпсыкIэм сыткIи хэзагъэ, кIэрыхубжьэрыхухэр зрадзэ контейнер щхъуэкIэплъыкIэхэр. Зи гугъу тщIа пэхуэщIэм хиубыдэу Булунгу къуажэм къыщызэIуахащ къуажэм и цIэр зыфIаща сафари-парк. Зыхуей псомкIи къызэгъэпэща палаткихым цIыху 30 (тIурытI-плIырыплIу) щIэхуэнущ. Абыхэм хэтщ санузелхэр, псы зыдэгъэжэхыпIэхэр, гъуэлъыпIэхэр щIэтщ. Глэмпингым къегъэщIылIащ шхапIэ, езыхэр щыпщэфIэн, лы щагъэжьэн щIыпIэхэр, куэд дэмыкIыу кафе къыщызэIуахыну я мурадщ. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэпа пкъыгъуэхэр къабзэщ, шынагъуэншэщ. Сафари-паркыр илъэс къакIуэ накъыгъэм ирихьэлIэу къызэIуахынущ икIи ар гъэ псом зэрагъэлэжьэным хэтынущ.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|