Гугъэ щэху

рассказ

Гъэмахуэщ. Жьы щабэ къепщэр и напэ дахэм къодэхащIэ. И щхьэц фIыцIэ шыхьам къыхэхуа Iэрамэр Iэ лъэныкъуэмкIэ дрилъэщIеижу щытщ цIыхубз къамылыфэ. Автобус къэувыIэпIэм деж щыт тетIысхьэпIэм тес щIалэр зэзэмызэ а пщащэм къыхуоплъэкI, и щхьэр ирехьэхыжри, и гупсысэмкIэ егъэзэж.

ЩIалэр куэдрэ къэтауэ къекIуэлIэжагъащIэу арат... Уеблэмэ мы къалэм щицIыхуж дэсыжу къыщIэкIынтэкъым. Пэжщ, и благъэ дэст, ауэ абы къилъыхъуэр нэгъуэщIт. КъыщIэкIуэжа Iуэхугъуэр къемыхъулIэнкIэ шынагъуэт. ЩIалэр хуейтэкъым зыми епсэлъэну, уеблэмэ къамыцIыхужыххэмэ нэхъ къищтэрт. Ар Афган зауэм и гуащIэгъуэм хэтат, гъэрыпIэм ихуэри, и щхьэр зэтекIыху къэтри, къекIуэлIэжагъащIэу арат.

Ар къыщIэкIуэжар зы Iуэхугъуэ закъуэщ... КъикIыну пIэрэ и насып? Дауэ къигъуэта хъуну? Имыгъуэтмэ, дауэ мы къалэм дэкIыжыну зыхуейр къемыхъулIауэ?!

Ар зэплъ цIыхубзри зэм гупсысэ куу гуэрым кIуэцIрыщэтырт, зэми нэфIэгуфIэ къэхъужырт къапщIэу. ЩIалэми бгъунжырыплъэ зищIауэ, цIыхубз зэкIуж къамылыфэм хуоплъэкI, зэгуэр езым хъуэпсапIэу иIа пщащэм ирегъэщхьри. Абы гу лъитакъым машинэ итIысхьэпIэм деж цIыхухэр нэхъыбэ къыщыхъуу зэрыхуежьам.

Къызэрытрэ къалэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр игъуэтати, щIалэм псори фIэгъэщIэгъуэнт. Ауэ и нэри и псэри зубыда цIыхубзым нэбгъузкIэ еплъурэ, автобусыр къэсри, псори абы итIысхьащ. Иужь къыщинэм, щIалэм зыкъищIэжщ, щIэпхъуэри, автобусым дэлъеящ, зэрыхъу ирехъу жыхуиIэу. Ар зыщIыпIи пIащIэртэкъым, хэт ищIэрэ, и нэгу зиужьынри хэлъщ.

Мурад ищIам тетщ ар. ЦIыхубзыр здэкIуэм нэс кIуэнущ, щыпсэур зригъэлъагъун папщIэ. ЩIыкIэлъыкIуэри езы дыдэм къыгурыIуэжыртэкъым, ауэ и гум ешэ зыщIыпIэ, хуитыныгъэ лъэпкъ къримыту.

Дакъикъэ тIощI хуэдизкIэ кIуауэ цIыхубзыр автобусым къыщикIым, щIалэри абы и ужь иту къелъащ. Ярэби, сыщыуэу пIэрэ, хьэмэрэ…

ЦIыхубзыр тыкуэным щIыхьэщ, хьэлъэу щахуэри, къыщIэкIыжащ. ЩIалэри хъыджэбзым и ужь иту, хуэм дыдэурэ кIуэрт, гъунэгъу зыхуимыщIыщэу. Унэ зэтет гуэрым и бжэIупэм щыIухьэжым, хъыджэбзым и телефоныр къеуащ, икIи пыгуфIыкIри, къепсалъэм «нтIэ, си псэ закъуэ, нтIэ, си дуней нэху, къыпхуэсщэхуащ, ари къэсщэхуащ, нтIэ, ари уиIэу бжы», – жиIэри, ину дыхьэшхыжащ. ЩIалэр къэскIащ. Абы и фэр шэхум хуэдэу пыкIарэ, илъагъур и фIэщ мыхъужу щытщ, пэжу пIэрэ мыр, хьэмэрэ пщIыхьэпIэ жыхуиIэу, и нэр игъэупIэрапIэу. А дыхьэшхыкIэм хуэдэ мы дуней псом теттэкъым! И макъ жьгърур утIыпщауэ, гум хыхьэу, зэрылъэлъу дыхьэшхырт ар сыт щыгъуи...

Сыт иджы ищIэнур?! Мес и гугъапIэр… И насыпыр гъунэгъущ. Ауэ щыхъукIи, хэт ар зэпсэлъар?

ГуитIщхьитI хъуауэ, шэ къытехуам хуэдэу, и лъакъуитIыр къыщIэмыувэжу абдеж щыт тетIысхьэпIэм етIысэхащ щIалэр. Ундэрэщхъуащ, игури ехуэхащ. ИкIи мэгуфIэ, икIи мэгуIэ.

Еууей, щхьэи укъэзгъуэтыжат, щхьэи арыххэу усфIэкIуэдыжа?! И щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжу тетIысхьэпIэм тесщ щIалэ бжьыфIэшхуэр.

Гупсысэм зэщIиIулIа щIалэм зэуэ гу лъитакъым кIэрыхубжьэрыхур пэгункIэ къыщIэзыхыу, унэм къыщIэкIыжа цIыхубзым. ИкIи абы и Iуэху афIэкIа зэрихуэххэну хъунтэкъым, пэгуным илъым жьым къыхихыу зы тхылъымпIэ кIапэ и пащхьэм къримыхьамэ. ТхылъымпIэ кIапэм кIэлъыжэу, къищтэжыну еIэбыха цIыхубзыр тетIысхьэпIэм тес щIалэ мыцIыхум и нэгу щIоплъэ… ЩIалэри абы къоплъ. ЦIыхубзым и фIэщ мыхъуж нэхъей, къопсалъэ:

- Аслъэн, уэра мыр?

- Сэращ, Ленэ!

Макъыр щызэхихым, Ленэ иIыгъ пэгуныр Iэпыхущ, зэфIэщатэри, мэхащ. Аслъэн напIэзыпIэм пхъуэри, Ленэ имыгъэджалэу, и IэблитIыр иубыдащ, тетIысхьэпIэм иригъэтIысэхащ.

И лъагъуныгъэ мыухыжыр, и гъащIэри и псэри щIитыфыну Ленэ, иджыри къэс хуабэу и гум илъа цIыхубз дахэр мэхауэ Аслъэн и пащхьэ зэрилъыр и фIэщ мыхъужу щыст ар.

Аслъэн и нэпсхэр хуэмыубыдыжу йожэх, ауэ ар гъыуэ езым зищIэжыркъым, хуиту бэуапIэ игъуэтыркъым. Хэт ар нетIэ зэпсэлъар? Ленэ нэгъуэщI унагъуэ иIэмэ-щэ? Е лIы дэкIуамэ… Дауэ хъужыну итIанэ? Куэдщ гупсысэ мыфэмыфыцхэр. Хузэхуэгъэхъуркъым, ищIэнури зэрызищIынури ищIэркъым.

- Ялыхь! Сыкъыумыжэгъужауэ къыщIэгъэкI, - йолъэIу ар Тхьэшхуэм.

ЦIыхухъум, хуэмыубыдыжу, и нэпкъым къежэх гуфIэгъуэ нэпсхэр я Iэ зэрыIыгъым тоткIуэ, зыми гу къылъамытэ хуэдэщ.

Апхуэдэу тэлайкIэ щысауэ, япэмыжыжьэу зы цIыхубз бжьыфIэшхуэ къыщызэтоувыIэри, къоплъ. Ленэр къицIыхужауэ, цIыхубз гужьеяр къыщIопхъуэ, кIийуэ:

- Ленэ, Ленэ, сыт къэхъуар?

- Мэхащ, – жи щIалэм.

ЦIыхубзым къеплъыр зи нэпсыр зыхуэмыубыдыжу къежэх цIыхухъур, псалъэ закъуи къыхудэшейкъым. Ар Ленэ и шыпхъу нэхъыщIэт, и цIэри Лусэт. ЩIалэм IэщIэлъ псыр къыIэщIихри, Ленэм и напэм IэпэкIэ псы триутхэурэ йоджэ:

– Ленэ! Ленэ, сыт къэхъуар? Къэушыт, си шыпхъу закъуэ, кхъыIэ, сомыгъэгузавэ.

Ленэм и нэхэр хуэмурэ къызэтрехри, щIалэм и дежкIэ и Iэр къищIурэ жеIэ:

- Псэущ! Аслъэн псэущ! - гузэвэгъуэр зыщхьэщыкIа Ленэр ину магъри щысщ, и гу бампIэр дихыу. – Алыхьым си лъэIур зэхихащ, уузыншэу, упсэууэ узигъэлъэгъужащ, - къожэхыр насып нэпсхэр.

Аслъэни ищIэнумрэ зэрызищIынумрэ къыхуэмыщIэу щысщ.

СурэткIэ илъэгъуауэ щыта щIалэр къицIыхужащ Лусэми:

– Алыхьым и фIыщIэщ, си шыпхъу закъуэ, зэи уи фIэщ хъуакъым Аслъэн мыпсэужу! Сыту фIыт, сыту Iуэху дахэ!

Ленэрэ Аслъэнрэ зэбгъэдэсщ зым и Iэр адрейм IэщIэлъу, зэрызэрыгъуэтыжар я фIэщ мыхъужу.

Лусэ япэу къэпсалъэри, жриIащ ипхъу нэхъыщIэ цIыкIур и закъуэу унэм зэрыщIэсыр, игъашхэу зэришэжынур. КIэрыхубжьэрыхур зэрылъа пэгуныр къищтэри, Лусэ IукIыжащ. Аслъэн а зэхиха хъыбарым и псэр зыубыда гурыщхъуэм къыIэщIихыжащи, мэгуфIэ. Мы дунейм зэ закъуэ нэхъ мыхъуми Iуплъэжыну зыщIэхъуэпса, алъандэрэ къилъыхъуа Ленэ дахэ и пащхьэм къисщ!

Ар насыпщ. Насып мыухыж жыхуаIэрщ. Иджы яIэт а тIум зэхуаIуэтэн хъыбари, гу зыщахуэну зэмани.

Абдеж щысыху, Аслъэн къиIуэтажащ, Афганым уIэгъэ хьэлъэ щыхъуу, гъэрыпIэ зэрихуар, абы уз хихыу и акъылыр зэгуэр зэтекIауэ зэрыщытар.

- А жэщ кIыхьхэм куэдрэ сынопщIыхьырт, сынопсалъэрт. Уэ а псэ зэпылъхьэпIэм сыкъызэрипшам зэи шэч къытомыхьэ! ПщIэрэ, сымаджэщым сыщыщIэхуам си хъуэпсапIэт мис мыпхуэдэу зэгуэр сыпIущIэжыну, уи нэгу дахэм сиплъэжыну. Си нэгу къыщIыхьэ зэпытт укъызэжьэу, сыкъэплъыхъуэу, сэри абы къару къызитырт, сыпсэуну сыкъыщIеIэри арагъэнут.

ГъащIэм апхуэдэ куэд ущрохьэлIэ.

ЖаIэнымрэ ящIэнымкIэ хуит, зэхуэныкъуа пситIыр зэрыгъуэтыжати иджы гъащIэ гъуэгум ирикIуэнут а тIур, зыми щымышынэу, зыми имыгъэпIейтIейуэ.

Тэнащ Хьэжымырзэ.
Поделиться:

Читать также: