Жьыщхьэмахуэ

Iуэтэж

Дадэ тхьэмыщкIэм и нэпсыр хуэмубыду къежэхырт. IукIэ ипIа и къуэм гъэпцIагъэкIэ и унэр IэщIигъэкIри, жьы хъуахэр щапIыж унэм ишэну къыжриIащ.

- Мыбы и тхьэусыхафэр сэ зыуэ сыужэгъуащи! Узыхуей дыдэр ещIэ, ауэ мыр афIэкIа сомыгъэлъагъу!

- Сыт езбгъэщIэнур?

- Арыншами ди быныр мы унэм щIэхуэркъым, мыбыи тепыIэгъуэ имыIэу къеущыхьри щIэтщ. Дыгъуэпшыхь сагъэбэмпIэпащ, абы ирикIута псым сабийр игъэджалэ пэтащ. Егупсыс, си шыпхъу цIыкIу, уэ езыр егупсыс. Сэ сыкъэвгъэгубжьмэ, мыр унэм щIэздзынущ.

ЛIыжьыр апхуэдизкIэ кIэрэхъуати, и нэпсыр къызэрежэхыр зыхищIэжыртэкъым. Абы и къуэ нэхъыщIэмрэ ипхъу нэхъыжьымрэ я псалъэ къэс маисэу и гущхьэм зыкъыхасэрт, икIи фIы дыдэу къыгурыIуэрт ахэр езым къызэрытепсэлъыхьыр.

Пэжщ, лIыжьыр иужьрей зэманым хуэм хъуат, ауэ абы зыми зыкъытригъэхьэлъэртэкъым. Абы къыгурыIуэрт дэтхэнэми и унагъуэ Iуэху ищIэжын зэрыхуейр, езыр иджы лей зэрыхъуар. Абы и щыгъын тIэкIур IэкIэ ижьыщIыжырт, игу къихьэхэри хуэпщэфIыжынут, и нысэм пэш хьэкум бгъэдигъыхьэртэкъым армыхъу. Ар лIыжьым къешхыдэрти, къыщIихужырт.

- Сэ шхын къыфхузохь, сыт нэгъуэщI фызыхуейр? Уэ упщэфIа иужь а хьэкур зытхьэщIыжынур хэт уи гугъэ?

- Сэ езым псори згъэкъэбзэжынщ, умыгузавэ, - жиIэрт дадэм зэкIэлъигъэпIащIэу. Абы куэд щIауэ хъынкIэл игу къихьат, езыми хуэпщэфIынут ар, и щхьэгъусэм фIэфI дыдэу ишхырт абы ищIыр… Ауэ  уз бзаджэм пIалъэ кIэщIкIэ зыIэщIилъхьа щхьэгъусэр дунейм зэрехыжрэ илъэситху мэхъу. Иджы ар пшэ щабэхэм хэсу къеплъыхмэ, зэгуэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэуа унагъуэ дахэр зэрызэтекъутэжыр илъагъу къыщIэкIынщ. Пхъур къызэрыкIуэж щIагъуэ щыIэкъыми, къуэмрэ нысэмрэ лIыжьыр тегушхуэгъуафIэ ящIащ.

Унагъуэр телевизор еплъу зэхэсу лIыжьыр яхыхьэмэ, къуэм зэрыфIэмыфIыр къигъэлъагъуэу, къэтэджырти къыщIэкIыжырт.

Махуэ гуэрым лIыжьым и пэшым телевизор цIыкIурэ тхьэкIумэм Iуалъхьэрэ хущIигъэуващ.

- Иджы мыращ телевизор ущеплъынур. Пшхынури къыпхуэтхьурэ мыбы ущIэмыкIыу ушхэнщ. Ауэ тхьэкIумэм Iуалъхьэхэр зыIуплъхьэну зыщумыгъэгъупщэ, армыхъу зэран укъытхуэхъунущ. Сэ си пэшым сыщолажьэри, макъ лъэпкъ сигу техуэнукъым.

Жьы хъуар арыншами гурыщхъуэщIкъэ, лIыжьми куэд щIауэ къыгурыIуат унагъуэм зэрыщылейр, ауэ сыткIэ къилэжьа абы ар, дапщэщи унагъуэм теубгъуауэ псэуащ.

ЛIыжьым и щхьэгъусэр дунейм ехыжа иужь, езыр и закъуэу унэ нэщIым къыщIэнат, ауэ и къуэр зыщIэс унэр къезэвэкIыу жиIэри и адэм деж зэрыунагъуэу къэIэпхъуэжат. Иджы и адэр и лъапсэжьым деху. Мис аргуэру дадэм и нэпсыр къыфIыщIож. Абы игу къегъэкIыж зипхъу сымаджэ и цIыхугъэ лIыжьыр жьы хъуахэр щапIыж унэм иратауэ зэрыщытар, ауэ абы и пхъур сымаджэти, кIэлъымыплъыфу арат, мыхэр щэ?..

Махуищ дэкIауэ лIыжьым и пхъур къэкIуащ, и гупэм деж щетIысэхауэ щысщ, къызэрыригъэжьэнур ищIэкъыми, и нэр къиIэту и адэм и нэкIу иплъэфыркъым. Дауи, абы ещIэж я адэр гугъу къазэрыдехьар, щыцIыкIум и пщэм дэсу кърихьэкIыу, гущэкъу уэрэдхэр, таурыхъ гъэщIэгъуэнхэр къыжриIэжу зэрыщытар, сытым хуэдэу фIыуэ илъагъурэт абы и адэр…

- НэгъуэщI хэкIыпIэ диIэкъым. ДыкъыбгурыIуэну сыщогугъ. Псоми унагъуэ щхьэхуэ диIэжщ. Сэ си зэман птезгъэкIуэдэфынукъым, бын сиIэщ, си дэлъхури аращ. Аращи…. Уи щыгъынхэр зэщIэпкъуэну сыхьэт ныкъуэ уиIэщ, сэ сыпсалъэри псоми сагурыIуащи, дыкъыкIэрыху хъунукъым.

Пхъур пIащIэу пэшым щIэкIыжри и макъ Iэтауэ и дэлъхум епсэлъэн щIидзащ, абы и дэлъхур игъэкъуаншэрт лIыжьым и унэр къуэм арэзыуэ зэрыритымкIэ тхылъымпIэм гъэпцIагъэкIэ Iэ зэрыщIригъэдзамкIэ.

- Унэр зыIэрыбгъэхьэри ди адэри уэрамым къыдэбнащ.

- КхъыIэ, щыгъэт, уэ си пIэ уитамэ, апхуэдэу умыщIэн хуэдэ.

- Абы уэ уи Iуэху хэлъкъым!

- Сэ илъэс дапщэкIэ сыпсэуа абы и гъусэу. Ерыскъыр унэ лъэгум кIэригъэлъэлъын, псыр ирикIутын щIидзэху дыкIэлъыплъащ. АдэкIэ нэхъ хьэлъэ хъумэ, сыт тщIэн хуейр? Ар си щхьэгъусэм зэрихьэн хуейуэ ара?

ЛIыжьым ищIэххэртэкъым унэр къуэм къыхуигъанэу Iэ щIидзауэ. Пэжщ, зыгуэрхэм Iэ щIидзат абы иджыблагъэ, ауэ абы жиIамрэ къызэрыщIэкIыжамрэ зыкIи зэкIуалIэртэкъым.

КъагъэпцIат, ари хэт къэзыгъэпцIар, нэхъ гъунэгъу дыдэу иIэхэм, хэт абыхэм щхьэкIэ узыхуэтхьэусыхэнури, жиIэнури сыт? КъикIуэтыпIэ иIэжтэкъыми, абы и хьэпшып тIэкIур зэхуихьэсырт. Абы и щхьэгъусэм и нэчыхь Iэлъынымрэ щызэрыша махуэм зытраха сурэтымрэ къищтащ. Сыту насыпыфIэт ахэр а махуэм, зы хъуэпсапIэт яIэр зэгъусэу яухуа унэшхуэм я бын дыгъэлхэм къаухъуреихьауэ жьыщхьэмахуэ щыхъунырт. Ар унэм щыщIэкIым и къуэм зыри жриIакъым, уеблэмэ абы хуеплъэкIыххакъым. Пхъум и машинэм зэритIысхьэу и щхьэр ирихьэхащ армыхъу. Абы апхуэдиз пщIантIэпс зыхилъхьа унэм къимыгъэзэжыну дэкIырт, хьэуэ, дахурт. Ауэ псом нэхъ хьэлъэр абы зыри къызэрыхуэмейрт. Бын иIами цIыху къахэкIатэкъым абыхэм, къуэрылъху-пхъурылъхухэр-щэ? Абыхэми адэ-анэм зыдащIырт, апхуэдэу нэхъ пэж я гугъэу. А дакъикъэхэм лIыжьыр щIэмычэу Тхьэ елъэIурт, ауэ ар зыщIэлъэIур и тыншыпIэтэкъым, атIэ и бынхэм езым къращIам хуэдэ къащымыщIыжынырт…

Жьы хъуахэр щапIыж унэм нэсу къикIа иужь, лIыжьым и Iэпкълъэпкъ узар ишэщIащ.

- НакIуэ, зомыIэжьэ, арыншами дыкъыкIэроху, сэ иджыри Iэджэ сщIэн хуейщ. УмыщIэжми сщIэркъым, ауэ нобэ Юрэ (и щхьэгъусэр) къыщалъхуа махуэщ.

ЛIыжьым и малъхъэр къыщалъхуа махуэр мы гъэм фIэкIа зэи щыгъупщакъым, ауэ нобэ…

- Зэт, кхъыIэ, зэ фыкъызэтеувыIэ! – къэIуащ абыхэм я щIыбагъкIэ цIыхухъу макъ. Ахэр къэувыIэрэ къызэплъэкIмэ…

- Ар дауэ? Сыт мы слъагъур? УщIэмыхьэ мы унэм, накIуэ ди деж! Уи бынхэр къыпхуэмейуэ сщIамэ, си деж усшэнти. Уи къуэмрэ нысэмрэ я псалъэмакъ пщIантIэм къыдэIукIыу щызэхэсхым, Iуэхур зытетыр къызгурыIуэри, занщIэу сыкъэкIуащ, сыту и зэману сыкъэса.

ЛIыжьым я гъунэгъу щIалэр къицIыхунтэкъэ, занщIэу къицIыхужащ. Абы и адэ-анэр ефэрей хъури гулъытэ имыгъуэту къэхъуат. Ауэ лIыжьым абы и нэIэ тету къигъэхъуат, Iэджэм хуигъэсат, абыхэм я ерыскъы мащIэ ишхат абы. Балигъ хъууэ армэм ираджауэ щыщыIэм абы и адэ-анэр дунейм ехыжати, ахэр лIыжьым и ахъшэкIэ щIилъхьэжат. Пэжщ, щIалэщIэм мызэ-мытIэу гъунэгъу лIыжьым и щIыхуэр ипшыныжыну яужь итами, мыдрейм ар идатэкъым. Абыхэм зэгъусэу машинэ ящIыжырт, бдзэжьеящэ кIуэрт, ауэ щIалэр къалэм лэжьакIуэ кIуа иужь, ахэр зэфIэкIуэдат.

- Си щIалэ, си пенсэ тIэкIум фIэкIа сэ зыри сиIэкъым, сыткIэ сэбэп сыхъуфыну сэ лIыжьыр? Быным жаIэр пэжщ, сэ къысхуэна гъащIэр мыбы щызгъакIуэм нэхъыфIщ.

- Пэжкъым, - и нэпсыр къыфIекIуащ щIалэм. – Сэ адэ пэлъытэу укъысщхьэщытащ, куэдым сыхуэбгъэсащ, си адэ-анэм ещхь сымыхъуу гъуэгу пэж сытезыгъэувар уэращ. Сэ сщIэркъым уи бынхэр зэгупсысыр, ауэ сэ ущыпсэун пэш уэстыну сыхуейуэ аракъым, сэ си жьантIэ удэсыну, нэхъыжьу удиIэну сынолъэIу.

Пхъум зыгуэрхэр жиIэну яужь ихьат, ауэ абы зыри едэIуэжакъым.

 - Си адэм ухуэдэщ, дауэ мы унэм узэрыщIэзгъэсынур? Къарууншэ дыдэ ущыхъунущ уэ мыбы. Сэ унагъуэшхуэ сиIэщ, си щхьэгъусэри бынхэри къызэрымыкIуэу къыпщыгуфIыкIынущ, ахэр сытым хуэдэу адэшхуэ щIэхъуэпсрэ!

ЛIыжьыр куэдрэ мыгупсысэу дэкIуейпIэм къехыжри щIалэм и гъусэу IукIыжащ. Абы и нэпсыр и нэкIущхьэм тезт, зи гур хъыбий хъуа тхьэмыщкIэм хузэмыгъэзахуэр хамэ щIалэм къылъыкъуэкIа цIыхугъэрт.

 УнагъуэщIэм дадэ псынщIэ дыдэу яхэсыхьащ. ЩIалэм и щхьэгъусэри езым ещхьу цIыху щабэт, Iыхьэлейуэ гуапэт. Я бын цIыкIухэращи, «дадэкIэ» къеджэрт икIи къыкIэрыкIыххэртэкъым. ЛIыжьым хуэмурэ и къару къызэрыгъуэтыжащ, псэщIэ къыхыхьэжам ярейт абы.

Ар езыр тыкуэным кIуэрт, сабийхэм къахэнэурэ яхэст, щыхуейм пщафIэрт. Иджыт ар жьыщхьэмахуэ щыхъуар.

Интернетым къитхащ.

ЗэзыдзэкIар ЩОМАХУЭ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: