ЗыгъэпсэхупIэм нэхъыбэ къокIуалIэ

«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэхэм мы махуэхэм турист нэхъыбэ щыIащ. КIапсэ гъуэгухэм цIыху 6015-рэ зэпрашащ, ар процент 14-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ а щIыпIэм зыщызыплъыхьахэм я бжыгъэм нэхърэ. 
Езы Iуащхьэмахуэ лъапэ  цIыху мин 7,2-рэ щыIащ мы махуэхэм, бгыхэм тетащ цIыху миних.  
«Кавказ.РФ» зыужьыныгъэмкIэ институтымрэ ди республикэмрэ зэгъусэу Урысейм и зыгъэпсэхупIэ нэхъ лъагэ дыдэм иджырей мардэхэм тету зрагъэужь. ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэр фIыуэ зылъагъухэм мыгувэу иджыри зы гуфIэгъуэ къапоплъэ – къыщыбжыхь хъу зы щIыпIэ хэха иджыри къызэIуахынущ мы махуэхэм», - щетх КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым. 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: