Я лэжьыгъэм кърикIуахэм ириплъэжу

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щиIэ дзэхэм я унафэщIым и япэ къуэдзэ генерал-майор Чернай Олег и тхьэмадэу, видеоконференц зэпыщIэныгъэм тету екIуэкIащ щIыналъэ IэнатIэхэм 2023 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа зэIущIэ.
Абы хэтащ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей, щIыналъэ IэнатIэм и къудамэхэм я унафэщIхэр. ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ къыхуагъэува къалэнхэр зэрызэфIагъэкIар, апхуэдэуи 2024 гъэм нэхъыщхьэу къапэщытхэр къагъэлъэгъуащ.
 КъыхэжаныкIа лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ ведомствэ дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр иратащ.
 

 

КIэфо Залым, пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI, полицэм и подполковник
Поделиться: