Зрибгъэхуабэуи зрибгъэдахэуи…

Япэ дыдэу Iэлъэхэр Пасэрей Мысырым къыщыунэхуащ ди эрэм и пэкIэ илъэс мин бжыгъэкIэ уIэбэжмэ. Ауэ абыхэм иджырей Iэлъэхэм хуэдэтэкъым я теплъэр – къэп цIыкIум Iэр иплъхьэрти, кIапсэ псыгъуэ ишамкIэ упхэжырт. Ар Iэхъуэхэмрэ хадэм илэжьыхьхэм папщIэ къагупсысат, я Iэхэр яхъумэн папщIэ. Нэхъ иужькIэ къэп цIыкIум Iэпхъуамбэшхуэр зэрыплъхьэ къыхагъэкIыу ирагъэжьащ. Къапщтэмэ, Пасэрей Мысырым Iэлъэхэр къулеягъэм и нэщэнэу ябж хъуащ. 
Ди эрэм и пэкIэ 1350 гъэм дунейм ехыжа мысыр фараон Тутанхамон и кхъэлэгъунэм археологхэм къыщагъуэтыжащ шабзэкIэ щыуэкIэ зыIэратIагъэу щыта Iэлъэ. Ар щыхьэт техъуащ а зэманым иджырей Iэлъэхэм хуэдэ – Iэпхъуамбэу хъуам илъхьэпIэ яIэу - зэрыщыIам. Пасэрей Урымымрэ Мысырымрэ данэм, чэтэным къыхэщIыкIа Iэлъэхэр щызэрахьэу щытащ, я Iэхэр щIыIэмрэ фIеймрэ щахъумэу, апхуэдэуи, шхын пщтырым щеIусэкIэ я Iэр ирамыгъэсу. Шхыным щыпэрытIысхьэкIэ зыIэратIагъэу щыта чэтэн Iэлъэхэм «дижиталиекIэ» еджэрт. 
Пасэрей Мысырым и бзылъхугъэ къулейхэм мэ дахэ къызыхих дагъэ я Iэхэм щахуэрти, итIанэ зыIэратIагъэрт данэ пIащIэм къыхэщIыкIа Iэлъэхэр. 
Пасэрей алыджхэм Iэлъэр къагъэсэбэпу щыщытащ губгъуэ, хадэ лэжьыгъэхэм щыпэрыувэкIэ. Къэжэрым и пащтыхьым деж Iэлъэ Iэрымыгъыу щIыхьэнIауэ хуиттэкъым – и укIыр къикIынут. Пасэрей алыдж тхыдэтх Ксенофонт зэритхыжамкIэ, Къэжэрым и пащтыхь Кир НэхъыщIэм цIыху зыбжанэм я укIыр иригъэщIат абы и деж Iэлъэншэу зэрыщIыхьа къудейм щхьэкIэ. Германиемрэ Скандинавием и къэралхэмрэ Iэлъэхэр къыщагъэсэбэп хъуащ XIII – XIV лIэщIыгъуэхэм. XII лIэщIыгъуэм Европэм Iэлъэд IэщIагъэр къыщыунэхуащ. IэпщIэлъапщIэ нэхъ IэкIуэлъакIуэ дыдэхэрт щхьэж и Iэ къапщурэ Iэлъэхэр яхуэзыдыфыр, ахэр хэзыдыкIыжыфыр, мывэ зэмыщхьхэмкIэ зыхуэгъэщIэрэщIэжыр. Италием, нэхъ иужькIи Франджым, Iэлъэ щад цеххэр къыщызэIуахащ. Ику ит лIэщIыгъуэхэм тажыр, пащтыхь башыр, Iэлъэр Iэмал имыIэу зыкIэрилъхьэн хуейт пащтыхьыгъуэм теувэм. Пащтыхь Iэлъэ зрат блыгущIэтхэр абыкIэ хуит ящIырт цIыхубэм налог къыхахыну. ХеящIэхэм Iуэхур къызэIуахыну хуиттэкъым, Iэлъэ яIэрымыгъыу. 
ЛIыхъусэжьхэм (рыцарь) Iэлъэр дамыгъэ щхьэхуэ яхуэхъурт. ЗауэлIхэр лIыхъусэжьу къыщалъытэкIэ, Iэлъэ IэратIагъэрт, къулыкъукIэ дэкIуеихуи Iэлъэншэу хъуртэкъым. Бзылъхугъэхэм гухэлъ зыхуаIэм я Iэлъэр тыгъэ хуащIырт. Бзылъхугъэм кърита Iэлъэр лIыхъусэжьым и пыIэм дилъхьэн хуейт. ИужькIи а Iэлъэр зыкIэрихыртэкъым - е бгырыпхым дэлът, е хъуржын цIыкIум илъу и пщэм ирищIэрт. ЛIыхъусэжьым и пащхьэм Iэлъэ къыщрадзыхамэ, абы къикIырт ар щIакIуэ кIапэ ираджэу.
XV лIэщIыгъуэм дыхухэр къэунэхуати, модэ хъуащ бзылъхугъэхэм я Iэлъэхэм дыху траутхэу. XVI лIэщIыгъуэм бзылъхугъэ бостей Iэщхьэ кIэщIхэр къежьащ. Бостейм и Iэщхьэр нэхъ кIэщIыху, Iэлъэр нэхъ кIыхьмэ нэхъ кърагъэкIурт. Апхуэдэ модэр къыхилъхьауэ къалъытэ инджылыз пащтыхь гуащэ Елизаветэ I-м. 
XVI лIэщIыгъуэм къэрал куэдым Iэлъэм епха хабзэхэм зыщахъуэж хъуащ. Iэпхъуамбэхэм яхуэфI Iэлъэхэр зыIэрыпхын-зыIэрыптIэгъэн хуей хъурт куэдрэ. Iэлъэр пIэрыгъыну ущыхуиттэкъым члисэхэм, гуауэ дауэдапщэхэм. Iэлъэ пIэрыгъыну къемызэгъ хъуат пащтыхьыр щыту, хъунутэкъым Iэлъэ яIэрыгъыу цIыхухъуитIым фIэхъус зэрахи. Iэлъэр нэхъ тынш ящIын щхьэкIэ ахэр нэхъ быхъуу яду къаублащ. Ауэ ари хэкIыпIэ хъуакъым. Егъэлеяуэ емыкIуу къалъытэрт Iэлъэр дзэкIэ зыIэрыпхыну. Ауэрэ цIыхухъухэм ар зыIэрамытIэгъэж хъуащ зэзэмызэххэ фIэкIа – нэхъыбэм я бгырыпхым дэлъу кърахьэкIыу арат. Бзылъхугъэхэм апхуэдэуи яжьэхэуатэкъым а хабзэщIэ къэунэхуар.
XVII лIэщIыгъуэм Iэлъэхэр зэрахъэу къаублащ. XVII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ XVIII лIэщIыгъуэм и кIэухым нэсыху франджым и Iэлъэхэрат дунейм щытепщэр. ИужькIэ я IэпщIэлъапщIагъэм и щэхухэмкIэ Европэми дэгуэша хъуащ. ЦIыхухъу, бзылъхугъэ Iэлъэхэр уэру модэм къыхыхьэжащ. ЦIыхухъу Iэлъэхэр кIэщIт. Бзылъхугъэхэм я Iэлъэхэм сыт хуэдэ кIыхьагъи яIэ хъунут. Бзылъхугъэ Iэлъэхэр гъэщIэрэщIат, хэдыкIат, налкъутхэр, мыщIэ лъапIэхэр хэгъэтIысхьат, дыщэ щIыIухэр ярытт. ИужькIэ, Iэлъэ дыныр нэхъ гугъу хъуащ. XVIII лIэщIыгъуэм IэлъэфI зэбгъэпэщыным куэдрэ упылъын хуейт. Фэр Испанием къыщащэхурт, дыпхъэр Франджым щызэрагъэпэщырт, Инджылызым щадырт икIи щыхадыкIыжырт. ЦIыхухъу Iэлъэхэм я модэр иригъэжьэжауэ къалъытэ Бонапарт Наполеон. 1806 гъэм абы Iэлъэ 240-рэ иIэт. Нэхъапэхэм Iэлъэхэр ядыным зэман кIыхь трагъэкIуадэу епэщэщу щытамэ, 1807 гъэм инджылыз Винтер Джеймс фэ Iэлъэхэр зэрад машинэ къигупсысащ. 
Урысейм и щIымахуэр щIыIэти, Iэлъэу зыIэралъхьэхэр нэхъ хуабэу ядырт. Къэралым щыIэт Iэпхъуамбэшхуэм фIэкIа къызыхэмыгъэкIа Iэлъэхэр, «варежки» жыхуаIэр. Ахэр зэрыгъэщIэрэщIамкIэ зыIэрыгъым и къулеягъэр къэпщIэфынут. Петр I-м ейщ Iэпхъуамбитхури зэрыплъхьэ Iэлъэм и модэр. Баллхэм апхуэдэ Iэлъэ пIэрымыгъыу укIуэныр нэмысыншагъэ хъуащ. 
XVIII лIэщIыгъуэм дохутырхэм папщIэ хьэфэ Iэлъэхэр ящI хъуащ. Нэхъ иужькIэ къаублащ хадэм зэрырилэжьыхь, Iуэхухэм къыщагъэсэбэп Iэлъэхэри хьэфэ Iувым къыхащIыкIыу.
Иджырей Iэлъэхэр лIэужьыгъуэ куэду щыIэщ. Ахэр къыхэщIыкIащ фэм, замшым, щэкIым, цым. ЩIыIэм зызэрыщахъумэхэр фэм, щэкI Iувым къыхэщIыкIамэ, бзылъхугъэхэм зызэрагъэдахэ Iэлъэхэр нэхъыбэм данэ щэкIкIэ яд. 
Иужьрей зэманыхэм къэунэхуащ «сенсорнэ IэлъэкIэ» зэджэхэр. Абыхэм хуащI зыIэрумыхыу телефоным узэрытеIэбэ сенсор пкъугъуэ цIыкIухэр.

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: