ТекIуам псори Iэрохьэ

           Зи тхьэкIумэм игъащIэм уэрэд иIуауэ, «АББА» уэрэджыIакIуэ гупым я цIэ зэхэзымыха щыIэ къыщIэкIынкъым. Швецие къэралым къыщыунэхуа ансамблым хъыджэбзитIрэ щIалитIрэ хэтт: Ульвеус Бьорнрэ Фельтског Агнетэрэ зэщхьэгъусэт, Андерссон Бенирэ Лингстад Фридэрэ зы унагъуэт.

         Ансамбль цIэрыIуэм и гугъу тщIын хуей щIэхъуар «классикэ» хъужа гупым и уэрэдхэр нобэр къыздэсым цIэрыIуэу къызэрынарщ. Куэд щIакъым Фельтског Агнетэ игъэзащIэу щыта «ТекIуам псори Iэрохьэ» уэрэдым и адыгэбзэ лIэужьыгъуэ къызэрыунэхурэ. Ар егъэзащIэ Апэнэс Астемыр. Ар адыгэбзэм къизыгъэзэгъар и адэрщ.  «Си унагъуэм уэрэдусу щызиIэ Апэнэс Валерэрэ сэрэ едгъэтха «АББА»-м и уэрэдыр къызэрыфщыхъуар къысхуэфтх», - жиIэри, зэрихьэлу, гушыIэм хэту цIыхухэм захуигъэзауэ щытащ щIалэ зэчиифIэм. Мы уэрэдыр жьы зымыщIыр ар зигу нэс псоми щхьэусыгъуэ щхьэхуэ зэраIэрщ, уеблэмэ езы уэрэдыр къызэрежьа мыхьэнэм темыхуэжу. Апэнэс Валерэ абы и мыхьэнэр хуигъэкIуащ щIалэм фIыуэ илъагъу пщащэр зэрызыIэщIигъэкIам, апхуэдэ щыуагъэ зыIэщIэщIар зыщIимыгъэгупсысыжынкIэ Iэмал имыIэу зригъэгупсысыжу. И гупсысэхэри къызэрыгуэкI уэршэрыбзэм зэрыхэту, псалъэ тыншкIэ къиIуэтащ:

СыщIытетыр сыт сэ мы дунеишхуэм?

УпщIэм и жэуап сэркIэ гъуэтыгъуейщ.

ЩыIэкъым зыгуэр, сэ сызыгъэгушхуэу,

ЗыIэщIэзгъэкIащ гъащIэм сызыхуейр.

Ди гъуэгухэр зэхэкIау,

Зырызурэ допсэу.

Дэ сыт зэхэтщIыхьар?

Дыхуейтэкъым а псом!

        Тхыдэ зиIэ уэрэдхэм я гъащIэр кIыхьщ. «АББА» уэрэджыIакIуэ гупым я деж дгъэзэжынщи, мы уэрэдыр апхуэдизу гунэс щIэхъуам и щхьэусыгъуэр  ар зыгъэзэщIа Фельтског Агнетэрэ псалъэхэр зей Ульвеус Бьорнрэ а зэманым зэрызэбгъэдэкIыжам и фэеплъ хуэдэу дунейпсо щэнхабзэм зэрыхэуварщ. Уэрэдыр апхуэдизкIэ дахэти, куэд дэмыкIыу ар франджы уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Матье Мирей папщIэ франджыбзэкIэ зэрадзэкIащ. Абы иужькIэ зэрамыгъэзэщIа бзэ къэнэжакъым жыхуаIэм хуэдэу, дуней псом хэIущIыIу щыхъуащ.  Ар къыщыхъуа 1980 гъэ лъандэрэ уэрэдми абы и псалъэхэми я пщIэм кIэрыхуакъым. ГъэщIэгъуэнращи, уэрэдыр зи бзэм къизыгъэзэгъа псоми ар макъамэм и хьэтыркIэ нэщхъей ящIу щытми, я гурыщIэ къэгъэлъэгъуэкIэхэр зэтехуэркъым. 

       ЦIыхур уэрэдым щIыдихьэхыр псом япэ псалъэхэрщ.  Мы уэрэдри цIыхубз гъыбзэм хуэдэущ зэрытхар: лъагъуныгъэ лъэлъэжам и хъыбарыр хъыджэбзым и гукъанэм хэту къеIуэтэж. «ТекIуам псори Iэрохьэ» - аращ уэрэдым и цIэ дыдэр. Хъыджэбзым ибзыщIыркъым игу зэрыхэщIыр, ауэ  ар и натIэм къритхауэ егъэуври, и гур къыщыщIам пегъэлъэщ.

      Дэ мы уэрэдыр дигу къэзыгъэкIыжар Апэнэс Астемыр ар иджы адыгэ щэнхабзэми щыщ зэрищIаращи, хэлъэтышхуэ зиIэ мы щIалэм иджыри  ехъулIэныгъэ куэд зэриIэнум шэч къытетхьэркъым.

      Ди щIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэ тщIын папщIэ, «ТекIуам псори Iэрохьэ» уэрэдым и псалъэхэм ящыщ зыбжанэ адыгэбзэм къидгъэзэгъащ, уэрэдым зэрыхэт мыхьэнэм къытенэу:

СщӀынкъым сэ и гугъу

ДызыпхыкIа къомым,

Гур хигъэщIми, ар 

Тхыдэм къыхэнащ.  

Сэ сриджэгуащ

СиIа куэзыр псоми,

Уэри пщIар аращ,

Тузхэр тӀэщӀэухащ.  

ТекIуаращ псори зейр,

Хэнар икIуэтын хуейщ. 

Хуит ещӀ зи кIэн къикIар, 

Арат къыхуиухар. 

      ТепсэлъыхьыпIэ дыщихуакIэ, иджыпсту гу лъыптэу адыгэ уэрэдхэр куэд хъуащ. Уеблэмэ бзэм и къарур нэхъ къыщылъагъуэ къудамэщ ар иджыпсту.  Анэдэлъхубзэм нэхъ гущIыIэ хуэхъуа сабийхэми  адыгэбзэкIэ уэрэд жаIэным зыщадзейркъым. А псом къыхэкIыу, уэрэд зэхэлъхьакIуэхэр макъамэ зыщIалъхьа псалъэхэм тIэкIу нэхъ елIэлIамэ, мынэхъыфIу пIэрэт жыуагъэIэ. Уэрэдым я нэхъыбэр зытеухуар лъагъуныгъэрауэ щытми, а гухэлъри лъэныкъуэ куэдкIэ къэбгъэлъагъуэ мэхъу. Ауэ сытми укъызыдэфэ хъуну макъамэм псалъэхэр хуэбгъакIуэкIэ, ахэр лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыж, бзэр зыхъумэ, унагъуэм и пщIэр зыIэтыж, пэжым, хахуагъэм, лIыгъэм я пщIэр къыкъуэт гъуазджэ хъуркъым.  Уэрэдхэм я нэхъ дахэхэрщ бзэри бзэ, цIыхури цIыху зыщIыжыр. 

                                               ЧЭРИМ Марианнэ.

 

 

Поделиться: