Лъэрыжэ

(Рассказ)

Дадэрэ сэрэ дызэныбжьэгъушхуэщ. Сэ ар егъэлеяуэ фIыуэ солъагъу. Дауэ сымылъагъунрэ, жэщ къэскIэ и гупэ сыщыхэлъкIэ, зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэжу таурыхъ, хъыбар къыщызжиIэкIэ. Ди дадэ нэхърэ нэхъ таурыхъныбэ ди хьэблэм дэмысу аращ ди гъунэгъухэм жаIэр.

Декабрым и кIэхэм уэс куу къесат. Сытым хуэдэу абы дэ, щIалэ цIыкIухэр, дызэрыщыгуфIыкIар! Ауэ сэ лъэрыжэ сиIэтэкъым. Сыт хуэдизрэ папэ семылъэIуами, имыгъуэту жиIэрт.

         Зы пщыхьэщхьэ гуэрым сэ сыжеижа я гугъа, дадэ си адэм ешхыдэрт:

- Мы щIалэ цIыкIум лъэрыжитI къыхуэпщэхуркъэ, и ныбжьэгъу цIыкIухэм елъэIуу думыгъэту.

-Уа, ди адэ, згъуэтыркъым, згъуэтыркъым.

- ТIэ сэ къыхуэзгъуэтынщ абы лъэрыжэ! – быдэу жиIащ дадэ.

         Псалъэмакъыр абдеж щаухащ. Сэ си щхьэр скъутэжырт, дадэ лъэрыжэ къыздрихынур къысхуэмыщIэу. Дадэ зэи пцIы иупсыртэкъым. Дауи, си адэм къигъэгубжьыпауэ аращ. Дэнэу пIэрэ тIэ лъэрыжэ къыздрихынур?

ЕтIуанэ махуэм еджапIэм сыкъикIыжауэ сышхэу сыздэщысым, дадэ пэшым къыщIыхьэжащ. Абы и блэгущIэм зыгуэр кIэщIэлът. ЯпэщIыкIэ сэ абы набдзэгубдзаплъэу сеплъакъым. Ауэ ар унэкум щрилъхьэм, шхэнри къэзгъанэри сыкъыщылъэтащ. Си пащхьэм илът пхъэ лъэрыжэ тхьэIухудитI. Сэ си нэхэр къихуу ахэр къэсщтауэ зэпэсплъыхьырт.

- СлIо, ПIытIыкъ, уигу ирихьыркъэ?

- Ауэ сытми, дадэ!

- Ей, ПIытIыкъ, мылым узэрытехьэу, езыхэм урахьэжьэу ежьэжынущ!

         Лъэрыжэхэр егугъуу ищIат дадэ. Лъакъуэ тегъэувапIэхэр иIэжу, и лъэгум гъущI кIапсэ гъум щIэшыжарэ езыхэри дзасэ гъэплъакIэ къуэлэн-пщIэлэну гъэщIэрэщIэжауэ. ЗэрызыщIупхэн фэ кIапсэхэри ищIэжат.

ЛъэрыжитIыр зэщIэспхэу сыкъыщыдэкIам, си ныбжьэгъухэм я нэхэр къихуащ. Дауэ къимыхунрэт, сэр фIэкIа пхъэ лъэрыжэ зыщIэлъ абыхэм зыри яхэттэкъым. Иджыт япэ дыдэуи абыхэм пхъэ лъэрыжэ щалъагъур. ЩIалэ цIыкIухэр зэдауэу щIадзащ. Хэти жиIэрт, ахэр зыри мыхъуну, хэти тхьэ щиIуэжырт гъущI лъэрыжэхэм нэхърэ зыкIи мынэхъыкIэу, уеблэмэ IэджэкIэ нэхъыфIу. Дэ баз дызэпихьэу дыкъызэдэжа нэужь, си лъэрыжитIым я пщIэр хуабжьу дэуеящ.

         Псори къызэлъэIурт си лъэрыжэмкIэ къезгъэжэхыну. АрщхьэкIэ ар си ныбжьэгъу Мухьэрбий идакъым.

- Лъэрыжэ ущимыIэм къозымыгъэжыхьахэм ептмэ, дызэныбжьэгъужкъым, - кIэщIу пиупщIащ абы.

- Сэ псом нэхърэ нэхъыбэрэ къозгъэжыхьакъэ, Елдар?

- КъэпщIэжащ иджы! Уэра хьэмэрэ сэра къезыгъэжыхьар нэхъыбэрэ?!

- Уэрей фэ тIум нэхъри нэхъыбэрэ сэ къезгъэжыхьам!

ЩIалэ цIыкIухэр аргуэру зэдауэу щIадзащ.

Ауэ хэт хуейми къезгъэжыхьащ а махуэм си лъэрыжэхэмкIэ, иужькIэ дадэ къелъэIури, Мухьэжрэ Муратри лъэрыжэ яхуищIащ. А тIурат лъэрыжэ зимыIэу къытхэтыжыр.

… Iэджэ щIащ абы лъандэрэ. Абы щыгъуэ сэри фэ фхуэдэу сыщIалэ цIыкIут. Ауэ сэ ноби сохъумэ дадэ схуищIауэ щыта пхъэ лъэрыжитIыр. Зызохьэ дадэ и фэеплъу. Езы дадэ жиIэрейуэ щытащ: «ЦIыхум и фэеплъ дунейм тетыхукIэ езыри псэущ».

ЖУРТ Биберд.

Поделиться:

Читать также: