ЩакIуэжьымрэ Гъудэбердрэ я хъыбарыр

Нартхэ я щакIуэжьыр махуэ къэсыхукIэ щакIуэ кIуэрт. Махуэ къэсыхукIи зыгуэр къихьырт. Е бжэн, е щыхь, е бланэ къимыукIауэ зэи къигъэзэжакъым. Апхуэдэу нартхэ я щакIуэжьыр щакIуэ кIуауэ, шыгъу шхыпIэ ищIам зы бжэн къыбгъэдыхьэри, шыгъур ишхыу щIидзащ. ЩакIуэжьыр еуэри, бжэныр къиукIащ. Бжэным бгъэдыхьэри и фэр трихащ, и жьэнфэныр къридзри, мафIэ ищIри игъэжьащ. Бжэным и фэр техауэ лъэныкъуэмкIэ щылъу, и лыр жыгым фIэдзауэ фIэлъу, и жьэнфэныр дзасэм къыфIихыжри, «сшхынщ» жиIэу и жьэм щыхуихьым, лы Iыхьэр IэщIэлъэтри, бжэныр зэрыщытауэ къеплъу къэувыжащ.

Нартхэ я щакIуэжьым, и гъащIэм апхуэдэ телъыджэ имылъэгъуауэ, игъэщIагъуэу щIидзащ.

 – Сэ сызэрыцIыкIурэ сощакIуэри, си гъащIэм мыпхуэдэ гъэщIэгъуэн слъэгъуакъым, – жиIащ нартхэ я щакIуэжьым.

 – Ар гъэщIэгъуэнкъым, гъэщIэгъуэн ухуеймэ, Гъудэберд къыщыщIарщ гъэщIэгъуэныр, – жиIэри бжэныр мэзым хэлъэдэжащ.

 – Сэ нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэн къызыщыщIа Гъудэбердыр къэзмыгъуэтауэ сыкъемыкIуэлIэн, – жиIэщ нартхэ я щакIуэжьми, и шабзэр и кIэпкъым дидзыжри, ежьэжащ лъыхъуакIуэ.

Зы къуажэм дыхьэм, абы дэкIым, адрейм дыхьэм – «Гъудэберд жыхуаIэр мы къуажэм дэмысу пIэрэ?» – жиIэм лъыхъуэурэ, зэман зыбжанэкIэ лъыхъуащ нартхэ я щакIуэжьыр.

Жэщ куэдрэ махуэ куэдкIэ, мазэ куэдкIэ, илъэс зыбжанэкIэ лъыхъуауэ нэблэгъащ Гъудэберд зыдэс къуажэм. Модрей къуажэрщ Гъудэберд щыпсэур», – жаIэри ягъэкIуащ а къуажэм. Нартхэ я щакIуэжьым Гъудэбердым и къуажэр къыщигъуэтым, и унэм щIэупщIащ.

 – Модэ къуажэкум щопсэу узыщIэупщIэр, – жаIэри а лъэныкъуэмкIэ яутIыпщащ.

Нартхэ я щакIуэжьым Гъудэберд и унэр къигъуэтри дыхьащ. ПщIантIэм зылI дэтт, зы шыдыхъурэ зы шыдыбзкIэ Iуэуи, фIэхъус ирихри еупщIащ:

 – Гъудэберд и унэр мырауэ пIэрэ? – жиIэри.

ЛIым фIэхъусыр Iихыжри:

 – Сэращ, еблагъэ! – жиIащ.

 – Себлэгъэнут, – жиIащ щакIуэжьым.

Гъудэберд шыдыхъумрэ шыдыбзымрэ щIитIыкIыу щIидзауэ, шыдыбзыр еIэбыхри, зы мэш щхьэмыж цIыкIу къищтащ. Гъудэберд абы и пэм еуэщ бжэгъу иIыгъымкIи, и пэм лъыр кърихуащ. ПщIэнтIэпсыр къехуэхыу махуэм жэщ пщIондэ зэрыIуа шыдитIыр иримыгъэIэбыхыу щIитIыкIыжри, я лъэгуажьэм къэс ятIэпсу бом щIихуэжри, и пхъэрыгъажэр иригъэлъэдэжащ. КъыIуамыхыфынуи хьэлэ быдэу IуиукIэжащ. ЩакIуэжьым ар щилъагъум, и щхьэр игъэсысри, игукIэ жиIащ: «Мыпхуэдэу гущIэгъуншэу зэрыщытыр арауэ къыщIэкIынщ мыр гъэщIэгъуэну щIыжаIар».

Гъудэбердым шыдхэр апхуэдэу игъэзэгъэжа нэужь:

 – НакIуэ иджы, си хьэщIэ, унэмкIэ, – жиIэри щIишащ, игъэтIысащ. Фадэ-пIастэ Iэни къыхуищтащ. Иригъэшхащ, иригъэфащ. Зригъэгъэпсэхури къеупщIащ:

 – СыткIэ укъысхуейт?

 – Сэ мыпхуэдэ гъэщIэгъуэныр къысщыщIати, абы сыкъытекIухьащ. Сэ нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэн зыщыщIа Гъудэберд къыщыщIар къезгъэIуэтэжынщ жысIэри сыкъыпхуэкIуащ, – жэуап итыжащ щакIуэжьым.

 – Абы щыгъуэ сэри бжесIэнщ къысщыщIа гъэщIэгъуэныр, – жиIэри къригъэжьащ Гъудэбердым и хъыбарыр. – Сэ щхьэгъусэ дахэ бэлыхь сиIэу хъарзынэу сыпсэурт. Зи, мыбы сыхуейщ жыхуиIэри унэгуащэм игъуэту згъэпсэурт.

Апхуэдэурэ илъэс зыкъомкIэ дызэдэпсэуауэ, быни димыIэу, си фызым лIы зэришэу зэхэсхащ. ЦIыхухэм къызжаIэ мыхъумэ, сэ зыри дэзмылъагъуурэ зыкъомрэ кIуащ. «Мыр цIыхухэм жаIэ, мыбы ухуейкъым, щыгъэт», – жесIэурэ екIуэкIыурэ, икIэм-икIэжым, си нэкIэ слъэгъуащ. Абы щхьэкIэ си фызым сыщешхыдэм, «щызгъэтыни» къызжиIащ. Абы иужькIи зы зэман дэкIащ.

Си адэм къыщIэнауэ зы жэз къамышы диIэт, «мыпхуэдэу хъу!» жыпIэрэ зыгуэрым уеуамэ, узэуар а жыхуэпIам хуэдэу хъууэ. Пщэдджыжь гуэрым, сыжейуэ сыхэлъу, си фызым а къамышыр къищтэри, «хьэ хъу» жиIэри къызэуэри, хьэ къарэжь сыхъуауэ сыкъэушащ. Си бзэр мыпсэлъэжу, си Iи си лъакъуи симыIэжу, зыри слъэмыкIыжу.

Унэм сыкъыщIихури, шхыни къызимытыжу пщIантIэм сыкъыдэнащ. Си фызми зэришэ лIыр къыхыхьэжыпащ, сэ къэзлэжьа си мылъкур ишхыу, си пIэм хэлъу. Сэ пщIантIэм сыдимыгъэлъу башкIэ къызэуэ щыхъум, а псори си гум темыхуэу, мэжэщIалIи сыхъуауэ сылIапэу щыхуежьэм, си щхьэр дэсхри сежьэжащ.

ЩIымахуэпэм сыдахуар, пщIантIэ-пщIантIэм сыдыхьэрэ сынацIэу, хьэхэри щIагъуэу къызэмыбэну, цIыхуми къысхуадзIамэ сшхыуэ, къысхуамыдзми сыкъыдэкIыжу гъатхэр къэсыхукIэ къэскIухьащ. Гъатхэр къэсауэ Iэщхэр хъупIэм щекIуэкIым садекIуэкIащ. «Хьэ къарэжьыфI къэдгъуэтащ», – жаIэри мэлыхъуэ щIалэхэри гуфIэурэ сашащ. Хьэхэр ягъэшхэн хуей хъури, хьэIусыр кхъуафэм щракIэм, сэ абыкIэ сахуэшхэн здакъым икIи сахыхьакъым.

ИтIанэ, зы щIалэ гуэрым езым ишхым щыщ тепщэчым кърилъхьэри къигъэуващ, сетIысылIэри, псори къызэплъу, зыри къизмынэу сшхащ. Абдежым къыщыщIадзэри, тепщэч щхьэхуэрэ Iэнэ щхьэхуэкIэ сагъэшхащ.

ДыщекIуэкIым сахыхьар дыкъекIуэкIыжыхукIэ сахэтати, зы псэущхьэ хэзмыгъэщIу схъумащ. Зы дыгъужь къыIухьауи псэууэ IузгъэкIыжакъым. Сэ сыздэщыIэмкIи зы мэлыхъуэхьэ нэзмыгъакIуэу си закъуэ схъумащ. «Мыр хьэ къызэрыгуэкIкъым, хьэ Iущщ. Хьэ лъэпкъыуи къыщIэкIынукъым», – жаIэрт сэр щхьэкIэ. Си Iуэхур зытетыр яжесIэну Iэмал сымыгъуэту, си бзэр мыпсалъэу апхуэдэу гъэр зи кIыхьагъым садэщIыгъуащ, фIыуи сыкъалъэгъуащ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: