Жылагъуэ

Илъэс 300 ипэкIэ

ФокIадэм и 1-р Налшык и махуэщ

ФокIадэм и 1-р Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къалащхьэ Налшык и махуэщ.  Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуа, щIыхьрэ пщIэрэ зыхуащI, зыми емыщхь теплъэ дахэ зиIэ ди Налшык 1921 гъэм фокIадэм и 1-м хъуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и къалащхьэ. 1936 гъэм и дыгъэгъазэм и 5-м областыр республикэ хъуа нэужь, ар къалъытащ КъБАССР-м и щыхьэру. 1991 гъэм и фокIадэм къыщыщIэдзауэ Налшык КъБР-м и къалэ нэхъыщхьэщ.

ЩIыуэпсыр псоми я къежьапIэщ

Иужьрей зэманым ди нэгу щIэкI къэхъукъащIэ шынагъуэхэр къэрал щхьэхуэхэм я Iэужьу щыхуагъэфащэ щыIэщ, апхуэдизкIэ щIым и электрогубгъуэм щIэныгъэлIхэм мыхьэнэшхуэ иратащи.
Псэ зыIут дэтхэнэми электрокъарум и зы мащIэри зыхещIэ. Ар къэгъуэтынымкIи гъащIэм къыщыгъэсэбэпынымкIи абыхэм сэбэпышхуэ къахуэхъуащ дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр.

Дунеяплъэ гъэщIэгъуэн

А Iуэхум ехьэлIауэ жыпIэ хъунущ мыри: нэхъапэм ди къэралыр зэрыгушхуэу щытахэм ящыщт и промышленностыр. ФIагъ ин зыбгъэдэлъ хьэпшыпхэр къыщIэгъэкIынымкIэ промышленностым иIа зэфIэкIымрэ къэралым и инагъымрэ яхуэфащэу, а заводхэр, фабрикэхэр инт, цIыху куэдыр лэжьыгъэкIэ къыщызэгъэпэщаи хъууэ. Ди республикэр къэтщтэнщи, урысейпсо мыхьэнэ зиIэ заводу куэд итащ. Абыхэми цIыхухэр мин бжыгъэкIэ щылажьэрт. Нобэ ахэр щыIэжкъым, ауэ абыхэм пхаша лъагъуэр сыт щыгъуи щыIэнущ, я пIэм къиувэхэм я гъуазэу.

Сом минитI - илъэситI

Ди къэралыр Iулъхьэхэм пэщIэтыным егъэщIылIа лъэхъэнэщIэм хохьэ. Загъэпсэхун и пэкIэ Къэрал Думэм и депутатхэм къыхалъхьащ сом мини 10-м нэс Iулъхьэ къеIызых къулыкъущIэхэм тралъхьэ тезырыр ягъэткIиину. Зыхуэфащэ зэгъэзэхуэжыныгъэхэр хабзэм хагъэхьэмэ, иджы апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьахэр илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ 4-м нэскIэ ягъэтIысынкIэ хъунущ, я мылъкури къытрахынущ.

Я нэIэ тетщ

Каменкэ жылагъуэм зыхуей щыхуагъэзащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъымрэ абы и хъуреягъымрэ.
Абы пэгъунэгъуу щыщIалъхьащ а къуажэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжым хэкIуэда зауэлIхэр. Ахэр 8 хъурт. Фэеплъым тетхауэ тетщ абыхэм я цIэхэмрэ унэцIэхэмрэ. 
IэщIагъэлIхэр йолэжь Шэджэм къалэм дэт фэеплъми. Абы къызэщIиубыдэ скульптурэ гупым я къэгъэщIэрэщIэжыным зэман нэхъ текIуэдэнущ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэмрэ я кхъащхьэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным теухуауэ Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа Iуэхум хиубыдэу.
 

Сыт щIыхэхъуэр?

Уасэхэр

Дэ десэжащ ди къэралым уасэхэр зэрыщыдэкIуейм. Уеблэмэ, дыпоплъэ икIи дыщIэгужьеин щыIэу къэтлъытэркъым. КIэщIу жыпIэмэ, дыхуей-дыхуэмейми, драгъэсащ, драхулIэри. Ауэ зэм-зэм мыпхуэдэ упщIэ дигу къокI: Сыт щхьэкIэ? Сыт, псалъэм и хьэтыркIэ, щIыдагъэр щылъапIэм и мызакъуэу щыпудми, бензиным и уасэм зыщIиIэтыр? Щапхъэхэр гъунэжщ. А упщIэр сыт щыгъуи жэуапыншэу къонэ…

Адыгэр дэни щыадыгэщ

Сирием щыпсэу, дзэ-хьэуа къарухэм я полковник-кхъухьлъатэзехуэ, тхыдэтх, щIэныгъэлI-къэхутакIуэ Къэбэрдей Аднан и лъэпкъэгъухэм ятеухуа тхылъ пщIы бжыгъэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ. 

ЩыIэкIэ-псэукIэр езыгъэфIакIуэщ

«Бизнес-спринт» ( Сэ спортыр къыхызох) къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №1-м и пщIантIэм щаухуэ «спорт утыку губзыгъэ» зыфIащар. Ар тренажёрхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ, къэжыхьыпIэ, футбол, волейбол, баскетбол джэгупIэхэр иIэнущ. Иужьрейхэр къращIыкIынущ цIыхур фэбжьхэм щызыхъумэ иджырей лъащIэхэмкIэ.
Иджыпсту ухуакIуэхэм и кIэм нагъэс утыкум и лъабжьэр. Ар зэрызэфIэкIыу Iэмэпсымэхэр ягъэувын щIадзэнущ. Лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIынущ фокIадэм ирихьэлIэу. 

Гумрэ псэмрэ къалъыхъуэр

ТхыгъэщIэ

Адыгейм къыщыдэкIа «Пациент №132, или Живи здесь и сейчас» повестыр зытхахэу философие щIэныгъэхэмкIэ доктор Щауэ Асфаррэ юридическэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Щауэ Ибрэхьимрэ тхылъеджэхэмрэ литературоведхэмрэ щаIущIащ Налшык къалэм и библиотекэ №1-м. Ар къызэригъэпэщащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым щылажьэ «Часть речи» литературэ студием и унафэщI Битокъу Маринэ. 

Куэд къыбжеIэ

ЦIыхум и цIэм куэд къыбжеIэ. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, дэтхэнэми зэрихьэ цIэм езыр хуэфэщэжу, ар зэрызэхэт макъхэм я IукIэм ещхь гуэр хэлъу щытщ.  Адыгэхэм гулъытэшхуэ хуащIу щытащ дунейм къытехьа сабийм хуэкIуэ цIэ фIэщыным. ЦIэхэр къызэрыхахыр лIыхъужьыгъэ зыхэлъ цIыху губзыгъэхэм я фэ ираплъурэт е къыщалъхуа зэман, зрихьэлIа къэхъукъащIэ иралъытурэт. Дауэ хъуми,   сабийм фIащыну цIэм япэм нэхъ егугъуу икIи нэхъ хуэсакъыу щытащ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ