|
Жылагъуэ
28 августа, 2023 - 14:39
Дунейм зэрызихъуэжым ехьэлIа къэхутэныгъэхэмрэ лъэпкъ шынагъуэншагъэмкIэ NАSА-мрэ CERN-мрэ жэуап зыхь я щIэныгъэлI нэхъыщхьэ Чолакян Эгон шыщхьэуIум и 19-м къэпсэлъащ эфир занщIэкIэ.
28 августа, 2023 - 14:37
Мы махуэ хуабэхэм къалащхьэм псыр жэщым тIэкIу нэхъ мащIэу къыщат зэрыхъуам теухуауэ Налшык къалэ администрацэмрэ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэмрэ къызэрыхагъэщамкIэ, щхьэусыгъуэхэр зыбжанэ мэхъу: дунейр щыхуабэм и деж цIыхухэм махуэм псы нэхъыбэ къагъэсэбэп. Абы къыхэкIыу жэщым насосхэр мащIэу ирашэх, къыкIэлъыкIуэ махуэм ар къаймымэщIэкIын хуэдэу къагъэсэбэпа псыр ирагъэхъужын щхьэкIэ. ЗыгуэркIэ псыр зэпэубыдыпа хъумэ, псызешэ машинэхэр щыIэщ.
28 августа, 2023 - 13:34
ТхакIуэ, КъБКъУ-м и доценту щыта Бозий Людин псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 90 ирикъунут.
Бозий Людин Iэмин и къуэр 1933 гъэм шыщхьэуIум и 27-м Аруан щIыналъэм хыхьэ Жанхъуэтхьэблэ Псыгуэнсу къуажэм мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэр тыншу щытакъым тхакIуэм. Ар илъэсий щрикъум Хэку зауэшхуэр къэхъейри, гузэвэгъуэхэр и нэгу щIэкIащ.
28 августа, 2023 - 11:28
ШыщхьэуIум и 21-м Урысей МВД-м Аруан районым щиIэ къудамэм зыхуигъэзащ илъэс 37-рэ зи ныбжь цIыхубзым, Псыкуэд щыпсэум. ЗэрыжиIамкIэ, абы соцсетым къыщигъуэтащ цIыхухъу щыгъын зэращэр икIи къыхуагъэлъэгъуа счетым игъэкIуащ сом 5500-рэ, иужьым аккаунтыр зэхуащIыжащ, хьэпшыпыр къыIэрыхьакъым.
Мыри апхуэдэ зы Iуэхущ: илъэс 45-рэ зи ныбжь, Ново-Ивановскэ къуажэдэсыр Интернетым щрихьэлIащ квадроцикл зэращэм. Ар зыщэ хуэдэм хуэтхэри цIыхухъум къыхуагъэлъэгъуа счетым игъэкIуащ сом 74000-рэ, ауэ абы телефоныр къищтакъым, СМС-м жэуап къритакъым.
28 августа, 2023 - 09:04
Тыркум и мэкъумэш IэнатIэм увыпIэшхуэ щеубыд дэжьейIэрысэ къэгъэкIыным.
27 августа, 2023 - 12:27
Иджыблагъэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык къэкIуауэ щыIащ Москва къалэм и Правительствэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и Советым хэт, Урыс щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ академием и академик, Москва къалэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Урысейм ис лъэпкъхэм я урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Тагашев Сергейрэ Москва и Къэрал Думэм и депутат, «Урысейр си унэщ, си унагъуэщ» Iуэхур зи жэрдэм, ар зи унафэм щIэту екIуэкI Мельниковэ Ольгэрэ.
27 августа, 2023 - 11:54
КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм щызэхэтащ оперативнэ штабым и зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Къэралыгъуэм и махуэр, Къалэм и махуэмрэ щIыналъэм и еджапIэхэм гъэ еджэгъуэщIэр зэраублэжымрэ теухуа зэхыхьэхэр щекIуэкIкIэ хабзэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным.
27 августа, 2023 - 09:32
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иту, республикэм и еджапIэхэм уахуэзышэ автомобиль зекIуапIэхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.
27 августа, 2023 - 07:30
Хэку журналистикэм хуищIа хэлъхьэныгъэм, илъэс куэд щIауэ псэ хьэлэлкIэ зэрылажьэм папщIэ, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ, «Адыгэ макъ» республикэ газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Тау Замирэ Дзэпщ и пхъум иджыблагъэ къыхуагъэфэщащ «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр.
26 августа, 2023 - 10:14
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетымрэ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа дэфтэрым Iэ щIадзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ КИФУ-м и ректор Беспалов Дмитрийрэ. А зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, «Кавказ Ищхъэрэм и ОПК-м щылэжьэнухэр» проектыр ягъэзэщIэнущ.
Страницы
|