Жылагъуэ

Республикэр зыIэтхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэ­ралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и лэжьакIуэ па­жэхэр.

Гулъытэ хэха зыхуащIыну унэтIыныгъэхэр

КъБР-м и Парламентым и президиумым хэтхэм я бжьыхьэ лэжьэгъуэ пIалъэр яублащ. Абы и япэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Iуэхугъуэ 20-м щIигъум, депутатхэм гулъытэ хэха зыхуащIыну унэтIыныгъэхэр къагъэнаIуэу. Апхуэдэхэм халъытащ хэхакIуэхэм ядэлэжьэныр, гъунэгъу щIыналъэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэт ди ­зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпы­къуныр. 

Псыхъуэхэр пхъэнкIий идзыпIэ зыщIар хэт?

 Адыгэ къуажэхэр псы Iуфэ IутIысхьэ хабзэт, псыншэу упсэуфыркъыми. БжьамийкIэ пщIантIэхэм псы къакIуэ зэрыхъурэ псы ежэххэм, псынэхэм дызэфэну псыр къитхыжыркъым, дипсхэри япэм хуэдэу къабзэжкъым. Псы ежэххэр зэрымыкъабзэм нэмыщI, ди псыхъуэхэм я щытыкIэр нобэ хьэлэч дыдэщ. Зы хамэ гуэр къакIуэу зэтриуцIэпIауэ аракъым, дэ езым ди IэкIэ тхьыуэ хыфIэддзэ пхъэнкIийм щIигъэнауэ аращ ди псыхъуэ дахэ къомыр.
Илъэс тIощI-щэщI и пэкIэ ди псыхъуэхэр къабзэу щытащ. Сабий щыджэгунуи балигъхэм зыщагъэпсэхунуи гурыхьу апхуэдэт ди псы Iуфэхэр.

УзыншагъэмкIэ зэранщ

 Зи бжыгъэм зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэр ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэм къапкърыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, атIэ, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шынагъуэжщ.
 

Къуршылъэ-мывалъэри зекIуапIэщ

Шэрэдж районым и гъуэгухэм ящыщу тIур мы зэманым зэрагъэпэщыж. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым къызыхуэтыншэу къыщагъэщIэрэщIэжхэм ящыщщ Шэрэдж районым и Балъкъэр Ипщэ - Мухъол автомобиль зекIуапIэмрэ (километр 1,8-рэ и кIыхьагъщ) Къэщкъэтаурэ Жэмтхьэлэрэ зэпызыщIэмрэ (километри 2,2-рэ). Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету.

Зыхуей хуагъазэ

Прохладнэ куейм хыхьэ Солдатскэ, Къэрэгъэш, Грабовец жылагъуэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгухэр мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Абы къыдэкIуэу «Къуажэ щIыпIэхэм зэIузэпэщу зегъэужьын» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ километри 4-м нэблагъэ зи кIыхьагъ гъуэгур къыщагъэщIэрэщIэж Прохладнэ куейм и Солдатскэ станицэм и Плипиенкэ, Евсейченкэ, Абубекировым я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. Гъуэгур йокIуалIэ сымаджэщым, школым, ЩэнхабзэмкIэ унэм, администрацэм и унэм. 

Илъэси 10-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу

Илъэси 10-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу 
Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ республикэм и Прохладнэ районым щыIэ коммерческэ IуэхущIапIэм и сэбэп хэлъу щIыуэпс газ зэридыгъуар. 
Апхуэдэ хабзэншагъэм кърикIуащ сом мелуан 24-рэ хэщIыныгъэ. 

Зеикъуэ жылэм - зыгъэпсэхупIэщIэ

Бахъсэн районым и поликлиникэу Зеикъуэ къуажэ дэтым егъэщIылIа Iэгъуэблагъэр, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 800-м нэблагъэ къызэщIэзыубыдэр, цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэ щIыным хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэр и кIэм нагъэсащ.
УхуакIуэхэм мы щIыпIэм лъэс лъагъуэхэр щыпхашащ, тетIысхьэпIэщIэхэр щагъэуващ, иджырей уэздыгъэхэм хуэгъэпса пкъохэр щыхатIащ, ихъуреягъкIэ жыгыщIэхэр щыхасащ. Къедза Iэхэлъахэм, къуажэдэсхэми хьэщIэу къахуэкIуэхэми я лъэр зэрыщыщIагъэкIыфынум и мызакъуэу, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэри къыщызэбгъэпэщыфынущ.    

МафIэр IэубыдыпIэншэщ

2023 илъэсыр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  мафIэс 1206-рэ къыщыхъуащ. Абыхэм ящыщу 100-р псэупIэхэм, 709-р удзхэкI гъуахэр ису. МафIэсхэм цIыхуи 6 къыщрагъэлащ, 190-рэ абы пэIэщIэ ящIу ягъэIэпхъуащ, цIыху 42-м фэбжь зэхуэмыдэхэр ягъуэтащ.  Ди жыгъуэ зэрыхъущи, цIыху 11 хэкIуэдащ.     
МафIэсхэм я нэхъыбэр къохъу цIыхухэм я зэранкIэ. Аращи, фигу къыдогъэкIыж  мафIэм  шынагъуэ    зэрыпылъыр,  электро, хуабэ къэзыт Iэмэпсымэхэр  къыщывгъэсэбэпкIэ хабзэм фытетын, фысакъын  зэрыхуейр.  

ЩIыналъэм зеужь

Ди лъэпкъым дежкIэ тхыдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ I936 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м РСФСР-м хэту Къэбэрдей-Балъкъэр Автономнэ Совет Социалист Республикэ къызэрыунэхуар. Абы щIыналъэм и жылагъуэ, къэрал зэхэтыкIэм и пщIэр нэхъ лъагэ ищIырт.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ