Адыгэ журналистыр къэрал псом къыщалъытэ

Хэку журналистикэм хуищIа хэлъхьэныгъэм, илъэс куэд щIауэ псэ хьэлэлкIэ зэрылажьэм ­папщIэ, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ, «Адыгэ макъ» республикэ газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Тау Замирэ Дзэпщ и пхъум иджыблагъэ къыхуагъэфэщащ «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр

Замирэ 1995 гъэм и IэщIагъэмкIэ лэжьэн щы­щIидзащ «Адыгей» КъТРК-м икIи илъэс 27-рэ ­хъуауэ республикэ журналистикэм и гуащIэ ­хилъхьэу фIыуэ илъагъу IэщIагъэм пэрытщ. УФ-м ­ и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт бзылъхугъэр АР-м и журналист нэхъ пажэхэм хабжэ. Абы илъэс куэд щIауэ егъэхьэзыр езым къигупсыса теле­проект зыбжанэ. Апхуэдэщ хамэ къэралхэм щып­сэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа «Лъэпкъ лъэмы­жыр». А программэр щытрихащ адыгэхэр нэхъы­бэу зэрыс Тыркум, Израилым, Иорданием, Франджым, Германием, Испанием, нэгъуэщIхэми. Ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм, бзэмрэ хабзэмрэ хамэ хэку зэрыщахъумам, зыхэс лъэпкъхэм зэрадэгъуэгурыкIуэм теухуа нэтын 30-м щIигъу трихащ, иджы абыхэм ягъэбей «Адыгей» КъТРК-м и архивыр. 
Таум и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщщ доку­ментально-этнографие проектхэри - «Си Адыгей» («Адыгея моя»), «Джэныкъу» («Очаг»). Псалъэм къы­дэкIуэу жыпIэмэ, «Си Адыгей» проектым адыгэ­хэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм ятеухуа фильми 8 къызэщIеубыдэ. Ахэр АР-м и курыт еджапIэхэм щагъэлъагъуэ, уеблэмэ тыркубзэкIэ зэра­дзэкIауэ Тыркум щыпсэу ди хэкуэгъухэр зэIэпахыу йоплъ. Адыгэм и шыфэлIыфэр, и псэукIар, къикIуа гъуэгуанэр, хабзэр, щэнхабзэр зыхуэдар, Iуэры­Iуатэр, щIэныгъэр, тхыдэ напэкIуэцIхэр IупщIу къызэрыщыгъэлъэгъуэжам папщIэ Таум и проектым мыхьэнэшхуэ иIэу къалъытащ. ИкIи 2011 гъэм «Си Адыгей» телепроектым папщIэ, АР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, «АР-м и ЛIыщхьэм и саугъэтым и лауреат» цIэр къыфIащащ. 
«Джэныкъу» («Очаг») проектым къызэщIиубыдэ фильмиплIым зи гугъу щащIыр унэр зыгъэхуабэ жьэгум и закъуэкъым, атIэ адыгэ унагъуэм, лъэп­къым, лъапсэм я дежкIэ а жьэгум иIа мыхьэнэм ­теухуа гъэщIэгъуэн куэд къыщигъэлъэгъуащ. Замирэ и гъусэу а проектым елэжьахэр «ГъуазджэмкIэ Къэрал саугъэтым и лауреат» хъуахэщ 2015 гъэм. А фильмхэр щагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, апхуэдэуи «Урысей. Щэнхабзэ» федеральнэ каналым къитащ, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъ зэмы­лIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэр хъумэнымкIэ сэбэп зэрыхъур къалъытащ. Ахэр хагъэхьащ Урысейм КинофильмхэмкIэ и къэрал фондым. 
«Священный котел нартов» проектми и гуащIэ хэлъщ Таум. КъуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм я ­гъуазджэмкIэ музейм 1982 гъэм иригъэкIуэкIа ­экспедицэм Улап Iуащхьэм къыщагъуэтыжа, ди эрэм и пэкIэ VI - V лIэщIыгъуэхэм щыIа жэз шыуа­ныр илъэс 37-кIэ музейм щахъумауэ Адыгейм ­къашэжауэ щытащ. Иджы ар КъуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм я гъуазджэмкIэ музейм и Кавказ ­Ищхъэрэ къудамэу Мейкъуапэ дэтым щIэтщ. Ар къыщагъуэта хэкум къэшэжыным зи гуащIэ хэ­зылъхьа бзылъхугъэм абы теухуауэ триха фильмыр музейм щIыхьэ еджакIуэхэм ирагъэлъагъу.
«Мир нашему дому» телепроектым и кIуэцIкIэ ­Таум Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэмрэ Ипщэ федеральнэ щIыналъэмрэ урысейпсо, ­хэгъэгу мыхьэнэ зиIэ зэхыхьэхэр щытрихащ, республикэхэмрэ крайхэмрэ я щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр игъэбыдэу. «Дыщэ кIэн» телепроектым ипкъ иткIэ, Адыгейм и щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я гуащIэр дахэу къигъэлъэгъуащ. Республикэм и музейхэм, библиотекэхэм, цIыху цIэрыIуэхэм я ­лъэщапIэхэм щыхьэщIащ икIи зэчиифIэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ телевизореплъхэм яригъэ­цIыхуащ. А нэтынхэр къалъытащ лъэпкъ IэщIагъэ­хэм, хъугъуэфIыгъуэхэм, IэпщIэлъапщIагъэм зе­зы­гъэужь, ар цIыхубэм яхэзыхьэ Iэмал гъуэзэджэу.
2022 гъэ лъандэрэ Замирэ «Адыгэ макъ» республикэ газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэ­дзэщ. 
- Си IэщIагъэм къыпэкIуа япэ тыгъэр Адыгейм щыцIэрыIуэ журналист Баладжиян Христофор къызитауэ щытащ. Ар зэи сщымыгъупщэну сигу къинащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лэжьэн щIэзыдзагъащIэ журналистым дежкIэ абы уасэшхуэ иIэт. Илъэс бжыгъэ куэдкIэ фIыуэ слъагъу IэщIагъэм гурэ псэкIэ сызэрыпэрытам къысхуихьащ иджырей цIэ лъапIэр. Адыгэ лъэпкъ журналистикэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, абы зи гуащIэ хэзылъхьа ди ­нэхъыжьхэм я Iуэхум къыпысщэу аращ сэри, си ­гуапэщ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэ гуэр хуэсщIыфамэ. Хуабжьу сахуэарэзыщ мы IэщIагъэм сыхэзэгъэнымкIэ, лъэ быдэкIэ сыувынымкIэ сэбэп къысхуэхъуа егъэджа­кIуэхэмрэ сызыдэлэжьа журналист нэхъыжьхэм­-рэ, - жеIэ Замирэ. 
Ди лэжьэгъум фIыщIэ хуищIащ илъэс куэдкIэ щылэжьа «Адыгей» КъТРК-м «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр къыфIащыну къызэригъэлъэгъуам щхьэкIэ, дяпэкIи IэнатIэ гъэщIэгъуэн зэрыпэрыхьар къыхигъэщащ. 
- Си адэр щылэжьащ республикэ газетым, сэри телевиденэм сыщыщыIэм редакцэм сыдэлажьэу щытащ. Иджыпсту газет Iуэхум сфIэфIу сыхэтщ, ар куэдкIэ къыщхьэщокI телевиденэм и жыпхъэхэм. Ауэ абыи уи IэщIагъэм узэрыхуэIэзэр къигъэлъа­гъуэу аращ, - къыпещэ Таум. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, зэкъуэш республикищми я адыгэ журналистхэм ящыщу Тау Замирэщ япэу Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и журналист хъуар. А цIэ лъапIэр Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ 2018 гъэм ягъэувауэ аращ. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: