Жылагъуэ

ЛIыгъэм щIапIыкI

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэм «лIыгъэм и дерс» щрагъэкIуэкIащ ХьэтIохъущыкъуей дэт, Дыкъынэ З. Хь. и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №1-м. Ар хуэгъэпсат я дзэ къулыкъур нэгъуэщI къэралым щрахьэкIыу хэкIуэда ди хэкуэгъухэм я фэеплъ махуэм.

УхуэныгъэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысейм и МВД-м Iуащхьэмахуэ районым  щиIэ къудамэм и унэ яухуэнум и лъабжьэр щагъэтIылъым.

Хэкум папщIэ зи псэр зытахэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦИК-м 1924 гъэм фокIадэм и 10-м къыдигъэ­кIа унафэм ипкъ иткIэ, Джэрмэншык къуажэр 1926 гъэм и гъатхэм «ТIыуа­щIэкIэ» зэджэ щIыпIэм жылэу щытIысащ.

Къэмылэнджэжын дзэлIт

Адыгэ лъэпкъым ди щхьэр лъагэу дэзыгъэIэт, дызэры­пагэхэм ящыщт Дыгулыб­гъуей къуажэм щалъхуа Бахъ­сэн Хьэсанш. Орджоникидзе дэт дзэ училищэр, Фрунзем и цIэр зезыхьэ академиер, Генеральнэ штабым и академиер щытхъушхуэ иIэу къиухащ, Афганистаным илъэс зыбжанэкIэ къулыкъу щищIащ, Таджикистаным щыIа генерал-майор Бахъсэныр Къуэ­кIыпIэ Жыжьэм и дзэ округым и пулемёт-артиллерие дивизэм и унафэщIу щытащ. Абы дамыгъэ лъапIэ зыбжанэ къыхуагъэфэщат - «ЛIыгъэ зэрызэрихьам пап­щIэ», Ва­гъуэ Плъыжь орденхэр, «Зауэм щиIа ехъулIэныгъэхэм ­папщIэ», «Хахуагъэм папщIэ» медалхэр. 

Террорым пэщIэтынымкIэ хэкIыпIэхэр яубзыху

КIуэкIуэ Казбек Iуащхьэмахуэ районым лэжьыгъэ IуэхукIэ щы­кIуам, Тырныауз къалэм щригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм террорым пэщIэты­нымкIэ и комиссэм и зэIущIэ.

Зыужьыныгъэм и гъуэгум тету

КъБР-м и Iэтащхьэр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и къулыкъу­щIэхэм яIущIащ. Зэхуэсым кърихьэлIахэр теп­сэлъыхьащ щIыпIэм зэрызиужьым, къапэщылъ къалэнхэр зэрагъэзэщIэну Iэмалхэм. 

Я фэеплъыр лIэщIыгъуэхэм яхъумэ

Зы унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэм и гуа-щIэ хэмылъу. Бийр Хэкум къы­щытезэрыгуэм абы и цIыху­хэр зылI и быну зэ­къуэувэри, лейзехьэхэм ­псэ­е­мыблэжу япэщIэтащ. Щхьэ­хуит гъащIэм, мамыр псэу­­кIэм, щIэблэм я къэкIуэну дахэм папщIэ я псэр ятащ цIыху мелуан бжыгъэхэм. Абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд тхыдэм.

ГъащIэм къызэрыпищэнур и фIэщ хъурт

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэтащ Лэс- кэн ЕтIуанэ къуажэм дэс Уэркъ­уасэхэ ящыщу Хьэбцу, Iэмин, Мухьэмэд, Iэдэм, Хьэ-зиз, Хьэзрэт сымэ. ЗауэлI хахуэ, гвардием и старшина ­Уэр­къуасэ Хьэзрэт Бэчыр и ­къуэм, зауэ гуащIэм тIэунейрэ уIэгъэ щигъуэтами, Хэку зауэшхуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ щиуха 1945 гъэм нэсыху и ­къулыкъур ирихьэкIащ.

КъБР-м и Iэтащхьэм Хэкум и хъумакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зы­хуэсщIхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Хэкум и ­хъумакIуэм и махуэмкIэ!
Нобэрей махуэшхуэр къэралым и тхыдэм ха­хуагъэкIэ гъэнщIа и напэкIуэцIхэм я нэщэнэщ. Ар ­Хэкум и щхьэ­хуитыныгъэмрэ щIыналъэр зыми и унафэ щIэмытынымрэ щIэбэна ди зауэлIхэм лIэщIы­гъуэкIэ­рэ къагъэлъагъуэ лIыхъужьыгъэмрэ къэ­мы­лэнджагъэмрэ папщIэ диIэ ­гушхуэныгъэм и щыхьэтщ.

Дуней псор зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр къеIэт

УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Зэры­зы­хуигъазэр гъэ блэкIахэм куэд­­кIэ къащхьэщыкIыу щытащ. Сыт щыгъуи къэрал уна­фэщIыр нэхъыбэу зытеп­сэ­лъы­хьыр ди хэкум и зыу­жьы­ныгъэрт, къыпэщыт къалэнхэм я хэкIыпIэу къилъытэхэрт, Правительствэмрэ Парламентым­рэ зэлэжьыпхъэ Iуэхугъуэхэрт. Мы гъэми къигъэлъэгъуащ экономикэмрэ псэу­кIэр егъэ­фIэкIуэнымрэ теу­хуа и еплъы­кIэхэр, ауэ Зэ­рызыхуагъазэр нэхъыбэу зы­теухуауэ щытар иджыпсту дуней псор зыгъэпIейтей зэпэ­щIэувэныгъэрт - Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхарт. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ