|
Жылагъуэ
12 февраля, 2023 - 06:00
Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 14 пщIондэ иригъэкIуэкIа Урысейпсо къыхэтхыкIым кърикIуахэр Iыхьэ-Iыхьэу гуэшауэ цIыхубэм я пащхьэ кърилъхьэжын иухащ 2022 гъэм и кIэм. Мызыгъуэгум Iуэхур нэхъ тыншу икIи псынщIэу зэфIагъэкIащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэр къагъэсэбэпкIэрэ. КъыхэтхыкIым къыхаша волонтёрхэр сэбэп хъуащ планшетхэм унагъуэхэм я хъыбархэр иратхэну. Апхуэдэуи «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» сайтымкIэ зебгъэтх зэрыхъур куэдкIэ къахуэщхьэпащ.
11 февраля, 2023 - 09:28
Тыркумрэ Сириемрэ къыщыхъуа гузэвэгъуэшхуэм дуней псор кIэлъоплъ, ирогузавэ, сэбэп зэрыхъуфын щIыкIэхэр къагупсысурэ зыхуэныкъуэхэр ирагъашэ, къегъэлакIуэхэр щызэхуос. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэкIуэдауэ къагъуэтыжым я бжыгъэр сыхьэт къэс нэхъыбэ мэхъу, кърагъэлхэр нэхъ мащIэми, зы цIыхущхьэм ущымыгуфIыкIыу къанэркъым.
11 февраля, 2023 - 09:00
Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щыпсэу лъэпкъ интеллигенцэм, адыгэм щыщу абы и гуащIэм щыгъуазэ дэтхэнэми и гум щIыхьащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Гъуэт Хъусин дунейм зэрехыжар. Ди щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я хэщIыныгъэшхуэщ зи ныбжьыр илъэс 81-м иту иджыблагъэ тхэкIыжа нэхъыжьыфIыр.
11 февраля, 2023 - 08:00
Налшык къалэм и полицейхэм къалэ школхэм щеджэхэм лIыгъэм и дерсхэр драгъэкIуэкI. Мурад нэхъыщхьэр хэкупсэу щытыныр, адрейхэм щапхъэ яхуэхъуныр яхэпщэнырщ.
11 февраля, 2023 - 07:35
КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Зэхуэ-асыр теухуат республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэм.
10 февраля, 2023 - 14:30
ЩIыдагъэр димыIэу ди нэгу къытхущIэгъэхьэркъым. Абы цIыхум гъэсыныпхъэм щыщIэдзауэ хущхъуэхэм щиухыжу куэд къыхещIыкI. АтIэ, дэнэ ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум щIым къыщIиш гъэсыныпхъэ нэхъыщхьэр къыздикIар, абы куэдрэ дрикъуну?
10 февраля, 2023 - 13:43
Псоми яцIыху мысыр щимэхэм я закъуэкъым пирамидэу дунейм тетыр. Ахэр къыщагъуэтыж Антарктидэм, Америкэм, хы лъабжьэм. Зэгуэр уей-уей жригъыIэу пасэрей цIыху телъыджэхэм я Iэужьу нобэм къэса а ухуэныгъэхэм ящыщщ Дыгъэм и Щимэу Теотиуаканыр.
10 февраля, 2023 - 13:16
Налшык къалэ администрацэм гъуэгу хозяйствэмрэ къалэр зэIузэпэщ щIынымкIэ и Дапартаментымрэ подряднэ организацэхэмрэ я IэщIагъэлIхэр шылэр икIыху гъуэгухэм хуэбэлэрыгъынукъым.
10 февраля, 2023 - 12:55
Ислъэмей дэт курыт еджапIэ №4-нэм щекIуэкIащ XVIII районпсо «Эврика» щIэныгъэ - практикэ конференц. Ар хуэунэтIат творческэ зэчий зыбгъэдэлъ еджакIуэхэр къэгъэнэIуэнымрэ щIэныгъэ - къэхутэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэнымрэ.
IыхьитIу гуэшауэ екIуэкIа зэIущIэм щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м нэс щагъэлъэгъуащ. ЯпэщIыкIэ «заочнэ» мардэм тету къыхаха лэжьыгъэ нэхъыфIхэрщ конференцым щагъэлъэгъуар.
10 февраля, 2023 - 12:33
Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм кадрхэмрэ гъэсэныгъэмкIэ, социальнэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и «Школ-интернат № 1»-м и 9 - 11-нэ классхэм щIэсхэм драгъэкIуэкIащ хэкупсэ гъэсэныгъэмрэ щIалэгъуалэр IэщIагъэр къыхэхыным хуэущиинымкIэ Iуэху щхьэпэ.
Страницы
|