|
Жылагъуэ
24 февраля, 2023 - 10:55
Адыгэ лъэпкъым ди щхьэр лъагэу дэзыгъэIэт, дызэрыпагэхэм ящыщт Дыгулыбгъуей къуажэм щалъхуа Бахъсэн Хьэсанш. Орджоникидзе дэт дзэ училищэр, Фрунзем и цIэр зезыхьэ академиер, Генеральнэ штабым и академиер щытхъушхуэ иIэу къиухащ, Афганистаным илъэс зыбжанэкIэ къулыкъу щищIащ, Таджикистаным щыIа генерал-майор Бахъсэныр КъуэкIыпIэ Жыжьэм и дзэ округым и пулемёт-артиллерие дивизэм и унафэщIу щытащ. Абы дамыгъэ лъапIэ зыбжанэ къыхуагъэфэщат - «ЛIыгъэ зэрызэрихьам папщIэ», Вагъуэ Плъыжь орденхэр, «Зауэм щиIа ехъулIэныгъэхэм папщIэ», «Хахуагъэм папщIэ» медалхэр.
24 февраля, 2023 - 07:53
КIуэкIуэ Казбек Iуащхьэмахуэ районым лэжьыгъэ IуэхукIэ щыкIуам, Тырныауз къалэм щригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ.
24 февраля, 2023 - 06:52
КъБР-м и Iэтащхьэр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и къулыкъущIэхэм яIущIащ. Зэхуэсым кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ щIыпIэм зэрызиужьым, къапэщылъ къалэнхэр зэрагъэзэщIэну Iэмалхэм.
23 февраля, 2023 - 12:06
Зы унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэм и гуа-щIэ хэмылъу. Бийр Хэкум къыщытезэрыгуэм абы и цIыхухэр зылI и быну зэкъуэувэри, лейзехьэхэм псэемыблэжу япэщIэтащ. Щхьэхуит гъащIэм, мамыр псэукIэм, щIэблэм я къэкIуэну дахэм папщIэ я псэр ятащ цIыху мелуан бжыгъэхэм. Абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд тхыдэм.
23 февраля, 2023 - 11:41
1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэтащ Лэс- кэн ЕтIуанэ къуажэм дэс Уэркъуасэхэ ящыщу Хьэбцу, Iэмин, Мухьэмэд, Iэдэм, Хьэ-зиз, Хьэзрэт сымэ. ЗауэлI хахуэ, гвардием и старшина Уэркъуасэ Хьэзрэт Бэчыр и къуэм, зауэ гуащIэм тIэунейрэ уIэгъэ щигъуэтами, Хэку зауэшхуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ щиуха 1945 гъэм нэсыху и къулыкъур ирихьэкIащ.
23 февраля, 2023 - 07:09
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ!
Нобэрей махуэшхуэр къэралым и тхыдэм хахуагъэкIэ гъэнщIа и напэкIуэцIхэм я нэщэнэщ. Ар Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ щIыналъэр зыми и унафэ щIэмытынымрэ щIэбэна ди зауэлIхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къагъэлъагъуэ лIыхъужьыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэ папщIэ диIэ гушхуэныгъэм и щыхьэтщ.
23 февраля, 2023 - 06:06
УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэр гъэ блэкIахэм куэдкIэ къащхьэщыкIыу щытащ. Сыт щыгъуи къэрал унафэщIыр нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр ди хэкум и зыужьыныгъэрт, къыпэщыт къалэнхэм я хэкIыпIэу къилъытэхэрт, Правительствэмрэ Парламентымрэ зэлэжьыпхъэ Iуэхугъуэхэрт. Мы гъэми къигъэлъэгъуащ экономикэмрэ псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ теухуа и еплъыкIэхэр, ауэ Зэрызыхуагъазэр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар иджыпсту дуней псор зыгъэпIейтей зэпэщIэувэныгъэрт - Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхарт.
22 февраля, 2023 - 13:44
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ лъэхъуэщым исхэм деж хабзэр щыхъума зэрыхъум. Абы теухуауэ лажьэ комиссэм иужь илъэсищым зэфIигъэкIахэр къипщытэжащ, упщIэ щыIэхэм жэуап иритыжащ, я мурадхэм тепсэлъыхьащ.
22 февраля, 2023 - 13:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэмрэ «Сириус» егъэджэныгъэ центрым къэрал къулыкъущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIхэмрэ я зэIущIэ иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщызыужьын хуей Iуэхугъуэхэм, абыхэм я къызэгъэпэщыкIэ хъунум, лъэныкъуитIыр зэрызэдэлэжьэнум теухуат зэхуэсым къыщаIэта псалъэмакъыр.
22 февраля, 2023 - 12:00
«Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэр» илъэс къэс мазаем и 23-м щагъэлъапIэ Урысейм, Белоруссием, Таджикистаным, Къыргъызым. Махуэшхуэр РСФСР-м и ВЦИК-м и Президиумым 1922 гъэм щIышылэм и 27-м иубзыхуауэ щытащ, Дзэ Плъыжьыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс еплIанэ щрикъум ирихьэлIэу. Нэхъапэ ар ягъэлъапIэу щытащ «Дзэ Плъыжьым и махуэу», 1946 гъэм къыщыщIэдзауэ - «Совет Армэм и махуэщ», 1949 - 1992 гъэхэм «Совет Армэмрэ Дзэ-тенджыз флотымрэ я махуэщ». Совет Союзыр лъэлъэжа нэужь, СНГ-м хэт къэралхэм махуэшхуэр ягъэлъэпIэныр зэпагъэуакъым.
Страницы
|