|
Жылагъуэ
23 ноября, 2022 - 14:30
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тедзапIэм дызыщыгуфIыкIын тхылъ иджыблагъэ къыщыдэкIащ. Псы хуэлIа гъуэгурыкIуэм псы ткIуэпс зэрыIухуэу къызэрыбэдзэуэжым ещхьу, зэгуэр зи макъ къэIуа тхакIуэщIэм и IэдакъэщIэкIым цIыхухэр зэригъэплъыжат, зэригъэпсэлъат, нэхъыщхьэращи, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм иригъэгупсысыжат. Тобэ ирехъуи, Тхьэм къыхуигъэфэща гъащIэр нэхъ кIыхьу щытамэ, абы къипсэлъэнумрэ къигупсысынумрэ лъэпкъым и къэухьым фIыуэ зригъэIэтынут, и зэхэщIыкIми зригъэубгъунут. ГъащIэ мащIэми, щIэин дахэ къигъэнащ, зыхуебгъэзэкIыу ухэIэбэху зы хьэлэмэт гуэр къыхэбгъуатэу, цIыху зэхущытыкIэхэм хэлъ зэщымыщхъухэм я жэуап къуиту. Зи гугъу сщIыр литературэ уафэ джабэм вагъуэ лыду къитIысхьэу ар къызэщIэзыгъэбла Къанкъул Заурщ. Илъэс Iэджэ дэкIыжащ ар зэрытхэмытыжрэ, ауэ абы и IэдакъэщIэкIхэм къапих хъуэпсым иджыри уагъэхуабэ, псом хуэмыдэу щIалэгур егъэкIыл, гупсысэ къигъэхъуапIэ мэхъу, литературэм зэуэ щыхиша гъуэгу гъэщIэгъуэн дыдэм къекIуэлIэн лъагъуэ къелъыхъуэ…
23 ноября, 2022 - 11:45
Дыхумэр ирапх гукъыдэжым, гукъэкIыжым, гухэлъым, цIыху щхьэхуэм… Куэдым… куэдым. Щхьэж и хьэл-щэным, игу ирихь гъэгъам, фIыуэ илъагъу зэманым - куэдым трещIыхь цIыхум дыху къыщыхихкIэ. Къапщтэмэ, дыху зэхэзылъхьэхэм телъыджэ гуэру зыхащIэу къыщIэкIынущ мэхэр зэхэзагъэу зэрызэхалъхьэнур. Дыхуми езым и хабзэ, и тхыдэ, и къэгъэщIыкIэ иIэжщ.
23 ноября, 2022 - 09:44
ЕсэнтIыгу къалэ дэт, Шпаковский Владимир и цIэр зезыхьэ тхыдэ-лъахэхутэ музейм «ЩIэин» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн щокIуэкI. Абы щагъэлъагъуэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и СурэтыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Карасов Юрэ и IэдакъэщIэкIхэр.
23 ноября, 2022 - 09:10
(КIэухыр. ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 11, 16 къыдэкIыгъуэхэм тетщ.)
Ди газетым и напэкIуэцIхэм дэ къыщедгъэжьащ адыгэхэм ди блэкIар, ди лъэпкъ тхыдэр къызыхэщыж тхыгъэ нэхъыфIхэм ящыщ зы, Мэлбахъуэ Елбэрд и къалэмыпэм къыщIэкIа «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт» романыр зэпкърытхын. 1980 гъэм урысыбзэкIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIауэ щыта тхыгъэм тхылъеджэхэр гуапэ дыдэу IущIауэ щытащ.
21 ноября, 2022 - 13:39
Хамэ къэралхэм къыщыщIагъэкI псыIэфIхэр ди Iэнэм хэгъэрей зэрыщыхъурэ илъэс 30-м щIигъуагъэнщ.
21 ноября, 2022 - 12:51
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къыщыдэкI «Черкес хэку» адыгэ газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ (Щохъужь) Лусанэ адыгэ журналистикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIхэм ящыщ шэрджэс пщащэщ. Абы «Жьынэпс» газетым и журналист Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан къыIиха интервьюм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
21 ноября, 2022 - 11:46
ПщIэрэ щIыхьрэ къэзылэжьа, куэдым фIы дыдэу яцIыху БжэIумых Лолэ Хьэжысмел и пхъум теухуауэ куэд ятхащ газетхэм икIи радиокIи къатащ, ауэ сыт хуэдиз хужыпIэми лей хъунукъым, хэт и дежкIи щапхъэщи. Лолэ уепсэлъылIэныр, и гукъэкIыжхэм уедаIуэу убгъэдэсыныр куэд и уасэщ. И хьэлым, и зэпIэзэрытагъым, и бзэ IэфIагъым уетхьэкъу. Щабэу, гум ехуэбылIэ псалъэхэр къыхихыу, Iэдэбу, уэ ущыпсалъэм дежи гупсэхуу къодаIуэу уи пащхьэм ис цIыхубзым плъэмыкIыу пщIэ лей хубощI, нэхъыбэрэ сыхуэзарэт, сыбгъэдэсарэт жыпIэу укъыбгъэдокIыж.
20 ноября, 2022 - 13:44
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, художник цIэрыIуэ Црым Руслан къызэралъхурэ илъэс 70 ирокъу.
19 ноября, 2022 - 11:41
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхилъхьэри, республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и депутатхэм къызэрагъэпэщащ мобилизацэм ипкъ иткIэ дашахэм папщIэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ. Абы хохьэ щыгъын щIыIутелъ, щIагъщIэлъ хуабэхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэр хуабэхэр. ЩIымахуэ зэманыр къызэрыблэгъам тещIыхьауэ парламентархэм къащэхуа хьэпшыпхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу дзэ къулыкъур зыгъэзащIэхэм хурагъашэ.
19 ноября, 2022 - 09:28
КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, щIыналъэ бюджетым къыхэкI ахъшэкIэ къащэхуа транспортыщIэхэр дыгъуасэ иратащ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм епха IуэхущIапIэхэм.
Автобусхэр къыщагъэсэбэпынущ Булунгу, Хъущтэ-Сырт, Шэджэм Ищхъэрэ, Балъкъэр Ипщэ, Джэрпэджэж, Безенги къуажэхэм.
Страницы
|