Жылагъуэ

ФIыщIэ тхылъхэр ират

Суд приставхэр ехъуэ­хъуащ­ щIыналъэм щыла­жьэ телекомпаниехэм я лэжьакIуэхэу зи махуэр зыгъэлъапIэхэм.

Быным къару яхэзылъхьэ гурыщIэ

КъыпхуэмыIуэтэным хуэдиз мыхьэнэ инрэ гурыщIэ абра­гъуэрэ къызэщIэзыубыдэ псалъэу щыIэр а зыращ: хьэрфышхуэ защIэкIэ дапщэщи ­птхыну зыхуэфащэ АНЭ псалъэращ.

Жьэгу мафIэм хуэдэу хуабэ лъагъуныгъэ

Пщэдей, щэкIуэгъуэм и 27-м, ди къэралым щагъэлъапIэ Анэм и махуэр. «Махуэрыбжэм къы­хэгъэбелджылыкIахэм я нэхъыщхьэ дыдэщ Анэм и махуэр», - жысIэми сыщымыуэну къысщохъу, сыту жыпIэмэ анэращ псори дунейм дыкъытезыгъэхьар, ди гъащIэм и щIэдзапIэ­-ри аращ. ЗэрыжаIащи, быным дежкIэ жьэгу мафIэ щабэм хуэдэу хуабэщ анэм къыбгъэдэкI лъагъуныгъэр. 

ЛэжьакIуэ нэхъыфIхэр ягъэпажэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий ехъуэхъуащ дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща я лэжьакIуэхэм. 

Дзэ-Куржы гъуэгу цIэрыIуэмкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и тафэ лъэныкъуэмкIэ уикIыу ищхъэрэкIэ ущыхуэплъэкIэ, къуршыщхьэхэм кIэраупсея пкIэлъей абрагъуэм и теувапIэхэм ещхьу, зыр адрейм елъэгэкIыу къэлъагъуэ Мэзылъэ, ХъупIэ, Къырылъэ, Гуэдзэн шытххэр, адрей хэгъэгухэм яхуэмыдэу, Осетие Ищхъэрэм и щIыналъэм гъунэгъу щызэхуохъу, абы къыдэкIуэуи, тыншу щызэхыбоцIыхукI. 

Гурэ псэкIэ

Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт школ №1-м къегъэщIылIа сабий садым илъэс куэд хъуауэ и унафэщIщ Иуан Агнессэ. Сабийм и деж щыпхь жэуапым нэхъ ин щыIэкъым. Иуан Агнессэ апхуэдэ жэуаплыныгъэм пэлъэщ къудей мыхъуу, зыпэрыт IэнатIэм гукъыдэжи къыхех. 
И сабиигъуэм дохутыр IэщIагъэм ехъуапсэу щытащ. Класс нэхъыжьхэм нэса нэужь математикэмкIэ и егъэджакIуэр щапхъэ хуэхъури, абы хуеджэну триухуауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыхуеджащ физикэм. 

Сакъын зэрыхуейр ягу къагъэкIыж

Къэбэрдей-Балъкъэрым и школакIуэхэр хэтащ Сабийм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща «Береги нас, водитель!» акцэм. НыбжьыщIэхэр плакатхэр яIыгъыу ирикIуащ шынагъуэншагъэм ехьэлIа хабзэхэм псори щытет гъуэгум. 

Псалъэр къыщобэкIым деж

«Адыгэ псалъэ» газетыр унагъуэкIэ къыщытIэрымыхьэу щыщыта далэ си гъащIэм хэтауэ къысхуэщIэжыркъым. АдыгэбзэкIэ дунейм къытехьэ газет закъуэм сыт къытемыхуэми, ди нэхъыжьхэм гъэщIэгъуэн къащыхъурт, ирипсалъэрт, иридауэрт, уеблэмэ хьэблэр зэхуэсу щытепсэлъыхь Iэджэрэ къыхэкIырт.

Лэжьыгъэм пащэ

Налшык и лъэс зекIуапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа лэжьыгъэхэм пащэ.
Къалэкум хуэзэ лъэс зекIуапIэхэр къызэрагъэщIэрэщIэжам щыхьэрыр нэхъри игъэдэхащ. Илъэс куэдкIэ телъа асфальт телэжьыкIар щIыпIэ куэдым щIэкIэ щахъуэжащ е плиткэ быдэ екIухэмкIэ щызэрахъуэкIащ, лъэс зекIуапIэхэм я бгъуагъым къыхагъэхъуащ, автобус къэувыIэпIэщIэхэр ягъэуващ. Адрей къэнахэри икIэм зэрынагъэсыным хэтщ.

Нэрылъагъу дуней

Курыт еджапIэр къэзыухахэм я деж къыщыщIэдзауэ, цIыху щыIэу къыщIэкIынкъым микроскопыр зищIысыр зымыщIэ икIи щIыуэпсым къигъэщI пкъыгъуэ нэрымылъагъухэр къэхутэнымкIэ, ахэр джынымкIэ а Iэмэпсымэм иIэ мыхьэнэр зыхуэдизым щымыгъуазэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ