|
Жылагъуэ
24 ноября, 2022 - 10:58
«IT дунейм хыхьэн» гупым щыщ Абрэдж Залинэ VK интернет-IухущIапIэм иджыблагъэ къызэригъэпэщу еянэу иригъэкIуэкIа «Бжыгъэрылъанэ зекIуэ» зи фIэщыгъэ щIыналъэ хакатон зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ.
24 ноября, 2022 - 09:28
«ЩIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэр бжыгъэрылъанэм (цифровизация) хуэшэным ехьэлIауэ щыIэ Iэмалхэр» зи фIэщыгъэ XX Урысейпсо Iэнэ хъурейр Краснодар щIыналъэм хыхьэ Сириус къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэ 52-мрэ колледжищымрэ я лIыкIуэхэр зыхэлэжьа зэхуэсым и жэрдэмщIакIуэу щытари езыгъэкIуэкIари Бонч-Бруевич Михаил и цIэр зэрихьэу Бытырбыху къалэм дэт, телезэпыщIэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ университетым IэщIагъэхэмрэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр бжыгъэрылъанэм хуэшэнымкIэ Центрырщ.
24 ноября, 2022 - 09:00
Зы цlыху закъуи дунейм тету къыщlэкlынкъым и Хэкур, къэзылъхуа адэ-анэр, къыдалъхуахэр фlыуэ имылъагъуу. Сэри сыапхуэдэщ. Ди унагъуэр ди анэшхуэри къыдбгъэдэсу допсэури, абы нэхърэ нэхъ насып щыlэу сэ сщlэркъым, - къытхуетх Болэтей дэт курыт школым и еджак1уэ Лlэужь Ланэ. - Си нанэр Хьэпцlей къуажэм щапlыжащ.
24 ноября, 2022 - 06:29
«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхум ипкъ иткIэ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык щыIэм и лэжьакIуэхэр дохутыр-нарколог Нагорная Татьянэ ящIыгъуу псалъэмакъ щхьэпэ драгъэкIуэкIащ къалэм и курыт еджапIэ №32-м щеджэхэм. ЩIэблэм и гугъу хуащIащ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ наркотикхэкIхэмрэ зэрышынагъуэм.
Полицейхэм школакIуэхэм жраIащ наркотикхэкIхэр зэхьэлIэныр зэрызэраныр, ахэр цIыхум и Iэпкълъэпкъым зэрнгуауэм и щапхъэхэр къахьащ, апхуэдэуи щагъэгъуэзащ наркотикхэкIхэр, акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэр щэным жэуапым узэрыришалIэм.
23 ноября, 2022 - 14:30
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тедзапIэм дызыщыгуфIыкIын тхылъ иджыблагъэ къыщыдэкIащ. Псы хуэлIа гъуэгурыкIуэм псы ткIуэпс зэрыIухуэу къызэрыбэдзэуэжым ещхьу, зэгуэр зи макъ къэIуа тхакIуэщIэм и IэдакъэщIэкIым цIыхухэр зэригъэплъыжат, зэригъэпсэлъат, нэхъыщхьэращи, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм иригъэгупсысыжат. Тобэ ирехъуи, Тхьэм къыхуигъэфэща гъащIэр нэхъ кIыхьу щытамэ, абы къипсэлъэнумрэ къигупсысынумрэ лъэпкъым и къэухьым фIыуэ зригъэIэтынут, и зэхэщIыкIми зригъэубгъунут. ГъащIэ мащIэми, щIэин дахэ къигъэнащ, зыхуебгъэзэкIыу ухэIэбэху зы хьэлэмэт гуэр къыхэбгъуатэу, цIыху зэхущытыкIэхэм хэлъ зэщымыщхъухэм я жэуап къуиту. Зи гугъу сщIыр литературэ уафэ джабэм вагъуэ лыду къитIысхьэу ар къызэщIэзыгъэбла Къанкъул Заурщ. Илъэс Iэджэ дэкIыжащ ар зэрытхэмытыжрэ, ауэ абы и IэдакъэщIэкIхэм къапих хъуэпсым иджыри уагъэхуабэ, псом хуэмыдэу щIалэгур егъэкIыл, гупсысэ къигъэхъуапIэ мэхъу, литературэм зэуэ щыхиша гъуэгу гъэщIэгъуэн дыдэм къекIуэлIэн лъагъуэ къелъыхъуэ…
23 ноября, 2022 - 11:45
Дыхумэр ирапх гукъыдэжым, гукъэкIыжым, гухэлъым, цIыху щхьэхуэм… Куэдым… куэдым. Щхьэж и хьэл-щэным, игу ирихь гъэгъам, фIыуэ илъагъу зэманым - куэдым трещIыхь цIыхум дыху къыщыхихкIэ. Къапщтэмэ, дыху зэхэзылъхьэхэм телъыджэ гуэру зыхащIэу къыщIэкIынущ мэхэр зэхэзагъэу зэрызэхалъхьэнур. Дыхуми езым и хабзэ, и тхыдэ, и къэгъэщIыкIэ иIэжщ.
23 ноября, 2022 - 09:44
ЕсэнтIыгу къалэ дэт, Шпаковский Владимир и цIэр зезыхьэ тхыдэ-лъахэхутэ музейм «ЩIэин» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн щокIуэкI. Абы щагъэлъагъуэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и СурэтыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Карасов Юрэ и IэдакъэщIэкIхэр.
23 ноября, 2022 - 09:10
(КIэухыр. ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 11, 16 къыдэкIыгъуэхэм тетщ.)
Ди газетым и напэкIуэцIхэм дэ къыщедгъэжьащ адыгэхэм ди блэкIар, ди лъэпкъ тхыдэр къызыхэщыж тхыгъэ нэхъыфIхэм ящыщ зы, Мэлбахъуэ Елбэрд и къалэмыпэм къыщIэкIа «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт» романыр зэпкърытхын. 1980 гъэм урысыбзэкIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIауэ щыта тхыгъэм тхылъеджэхэр гуапэ дыдэу IущIауэ щытащ.
21 ноября, 2022 - 13:39
Хамэ къэралхэм къыщыщIагъэкI псыIэфIхэр ди Iэнэм хэгъэрей зэрыщыхъурэ илъэс 30-м щIигъуагъэнщ.
21 ноября, 2022 - 12:51
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къыщыдэкI «Черкес хэку» адыгэ газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ (Щохъужь) Лусанэ адыгэ журналистикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIхэм ящыщ шэрджэс пщащэщ. Абы «Жьынэпс» газетым и журналист Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан къыIиха интервьюм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
Страницы
|