Жылагъуэ

«Рекреацэ» - сыт ар зищIысыр?

Лэжьыгъэм, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным, унагъуэр зыхуей хуэгъэзэным зыкъыдигъахуэу, цIыхур щIыпIэ хэха гуэрым зыщигъэпсэхун, и узыншагъэр щызэтригъэувэжын папщIэ зэрыкIуэм «рекреацэ туризм»-кIэ йоджэ.

Я лэжьыгъэм кърикIуахэр зэхалъхьэж

Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ 2022 гъэм и мазибгъум я лэжьыгъэм кърикIуахэм ехьэлIа зэIущIэ.

Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэм и гъащIэ гъуэгур

1917 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м Джылахъстэнейм хыхьэ Дей къуажэм къыщалъхуащ. Пасэу зи адэр зыфIэкIуэда щIалэ цIыкIур сабий унэм иратащ, иужькIэ Мэртэзей (иджы - Тэрч) дэт мэкъумэш еджапIэм ягъэк1уащ. 
1931 гъэм Тимборэ агромелиоративнэ техникумым щIотIысхьэ.
1934 гъэм Новочеркасск дэт инженер-мелиоративнэ институтым ягъакIуэ, ауэ илъэс фIэкIа щемыджэу, Орджоникидзе (иджы - Владикавказ) дэт Мэкъумэш институтым зрегъэдзыж. 

Сабийхэр ягъэгуфIащ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и жьауэм щIэту лажьэ «Узыншагъэр щызэф1агъэувэж еджапIэ-интернат №3»-м сабийхэм я щIэныгъэм хэзыгъахъуэ, ябгъэдэлъ есэныгъэхэм зезыгъэузэщI тхылъхэр тыгъэу къаIэрыхьащ иджыблагъэ.

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм гъуэгухэр щызэрагъэпэщыж

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Эльбрус къуажэм Согаевым и цIэр зезыхьэ и уэрамымрэ Лесная уэрамымрэ ятелъ гъуэгухэр зэрагъэпэщыж. Иужьрей дыдэу гъуэгум иIэ щыщIэныгъэхэр зэрызэрагъэзэхуэжрэ илъэсипщI дэкIащ. Иджыпсту а уэрамхэм лъэсу ущызекIуэнри машинэкIэ ущызэхэзежэнри шынагъуэ хъуащ.

ЖыгыщIэу мин 60-м нэблагъэ хасэнущ

«Мэзыр тхъумэнщ» урысейпсо щIыхьэхухэм я зы Iыхьэщ дызэрыт мазэм зэрищIэдзэрэ ди республикэм щагъэзащIэри.  
Блашэ, бзииху, уэздыгъей, пхъэхуей, гъэм и сыт хуэдэ зэманми щхъуантIэу щыт туя жыгыщIэу мини 6-м нэблагъэ щыхасащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэ хадэхэмрэ уэрамхэм къедза лъагъуэхэмрэ. 

«Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащIэрэ нэхъ Iей сыт щыIэ?»

«Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм я тхыгъэ къыщытхуахь щыIэщ. Зи гугъу фхуэтщIыну хъыбарри зэпхар Хьэтуей къуажэм щыщ Жылэхэ я унагъуэрт. Лъэпкъым щIалэ цIыкIуитI зэуэ къащыхэхъуэм, зым Къэралшу, адрейм Нартшу фIащат... 

ХьэрычэтыщIэ ныбжьыщIэхэм я текIуэныгъэ

Зи ныбжьыр илъэс 14 – 22-м ит хьэрычэтыщIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэм и еханэ Iыхьэм щытекIуахэр «Си хьэрычэтыщIэ IэнатIэ» щIыналъэ центрым иджыблагъэ щагъэфIэжащ.

Лъэпкъым и гъуджэ роман

(КъыкIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 11 къыдэкIыгъуэм тетщ.) 

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэхэр

Къыздэлажьэ щIалэм и стIолыщхьэм телът Котляровхэ Викторрэ Мариерэ къыдагъэкIа «Неповторимый Нальчик» тхылъыр. ТхьэмахуитI хуэдэ дэкIауэ, тхылъыр зэрытелъти, сыблэкI пэтрэ сыщIоупщIэ: 
- Ухунэмысу арагъэнщ уеджэну? 
- Тхылъым зэи, тIэуи седжащ, къытезгъэзэжурэ щIызопщытыкI, седжэхуи си нэр къысхутехыркъым. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ