Тхыдэ

Дыгъэр щыкъухьэ къэралхэм

1968 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м КПСС-м и обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэрэ секретарь ШэджыхьэщIэ Мухьэмэдрэ цIыху куэдым я пашэу «Кабардинка» ансамблымрэ а зэманым  КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэнрэ ирагъэжьат Магъриб къэралхэм концертхэр щатыну. Ефэндым и гъуэгуанэ тхыгъэхэм щыщ зэддзэкIащи, фыщыдогъэгъуазэ.

Iуэ дыщэм и адыгэ хъан

Черкес хъан жыхуаIэ адыгэ дзэпщу Iуэ дыщэм (Золотая Орда) I374-I375 гъэхэм хэтам и хъыбар телъыджэхэр къытлъигъэIэсыжащ тхыдэм. Абы цIэ зэхуэмыдэхэмкIэ къеджэрт: Черкеш, Черкес-бек, Хьэжы-Черкес. 

Адыгэхэмрэ Лермонтовымрэ

УсакIуэ Лермонтов Михаил, зэрытщIэщи, и тхыгъэхэм щыщ куэд триухуащ адыгэхэм. Япэ дыдэу абы адыгэхэр къыщицIыхуар I828 гъэращ, усэ тхын щыщIидзагъащIэм. Абы щыгъуэщ Лермонтовым и Iэдакъэ къыщыщIэкIар «Черкешенка», «Черкесы», «Кавказский пленник» усэхэмрэ поэмэмрэ.

Псы щIыIэ

Сардобэ псалъэм персыбзэкIэ псы хъумапIэ жиIэу къокI. X-нэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ Тыркум, Ираным, Азие Курытым къыщагъэсэбэпу щыта ухуэныгъэ телъыджэщ.
ЩIы къратIыкIри, абы мывэкIэ щхьэ тращIыхь и щыгум папцIэ щыхъужу. Мыпхуэдэхэм цIыхухэр зэфэну псыр щызэхуахьэсу, щахъумэу къекIуэкIащ. Мыващхьэм папцIэм псыр имыгъущIыкIыу зэтриIыгъэрт, фIей, пшахъуэ химыхьэу, жьауэ ищIу щхьэщытт. ЗэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ псы хъумапIэхэм дунейм и нэхъ хуабэгъуэми псыр къэмыхуабэу итт. Сардобэм и Iэхэлъахэр зэрыщIыIэтыIэм къыхэкIыу, абы и хъуреягъыр зыгъэпсэхупIэу къыщагъэсэп щыIэт.

Адыгэлъ щIэтт адмиралым

Америкэр къызэIузыхауэ щыта Колумб Христофор дунейм зэрехыжрэ илъэс 500 щрикъуам щыгъуэ Дунейпсо щIэныгъэ конференц зэхэтауэ щытащ.

Псым и къарум хэтщIыкIыу щытамэ…

Зэманым и нэщэнэр къэзыгъэлъагъуэр цIыхухэм нэхъыбэу къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэрщ. Машинэ псынщIэхэр зезыгъакIуэ гъуэзымрэ бензинымрэщ ди лъэхъэнэр къызэрацIыхужынур. Ауэ щыхъукIэ, щIыдагъэр зымыгъэнэхъапэ Iуэху бгъэдыхьэкIи щыIэщ. 
Илъэс зыбжанэкIэ узэплъэкIыжмэ, Стейер Менли машинэр зэрызебгъакIуэ хъуну Iэмал гъэщIэгъуэным и щхьэр хуэкIуауэ щытащ. Псым пкърыт къарур нэсу зыгуригъаIуэри, ар бензиным и пIэ ибгъэувэ зэрыхъунум шэч къытримыхьэжу хъуат. 

Iэщэ шынагъуэщ, шэрджэс зауэлIым IэщIэлъмэ…

Кавказ зауэм и зэманым адыгэхэм я деж къэкIуэрейуэ щытащ Европэм къикIа дипломат, чэнджэщэгъу, тIасхъэщIэх куэд. Абыхэм ящыщщ Спенсер Эдмонди. Ар Шэрджэсым къэкIуауэ щытащ 1830 гъэм. Спенсер и нэгу щIэкIащ адыгэхэм я хэкум и хуитыныгъэм папщIэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэ гуащIэр, щыгъуазэ зыхуищIащ абыхэм я хабзэхэм, я псэукIэм, я зэуэкIэм, яIущIащ шэрджэс дзэпщхэм, зауэлIхэм. А псор «Шэрджэсым сызэрыкIуар» тхылъым щитхыжащ Спенсер. Фи пащхьэ идолъхьэ абы и тхылъым щыщ пычыгъуэ.

Адыгэшыр Куржым

Куржым и пщыжьхэм ящIэрт Кавказ къуршхэм я ищхъэрэ лъапэм щIэс адыгэхэр бгъэблагъэмэ зэрынэхъыфIыр. 

Лъапсэрыхым ихьа лъэпкъ

ХэгъакIэ адыгэхэр Анапэ и Iэхэлъахэм, БэшкIуи бгы лъапэм деж щыпсэууэ щытащ. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, Анапэ зи къалащхьэ Адыгэ хэкур абдежт къыщежьэжар. Пэж гуэри хэлъу къыщIэкIынущ абы, сыту жыпIэмэ, хъыбарыжьхэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэпщ Инал Нэху а щIыпIэм дежщ зыкъыщиIэтари лъэпкъзэрыгъэубыд зауэр щиублари. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ хэгъакIэхэр пщышхуэм къыдэIэпыкъуауэ, абазэхэмрэ абхъазхэмрэ щезауэм зыкъыщIагъэкъуауэ.

Черчилль и лъэужь бзаджэр

Языныкъуэхэм я гугъэщ европэ зэкъуэтыныгъэ, европэ зэакъылэгъуныгъэ жыхуаIэхэр Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI зауэ Iуэху щхьэхуэм къыдежьауэ. Ауэ ар пэжкъым - абы и къуэпсыр куэдкIэ нэхъ жыжьэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ