Тхыдэ

Налшык быдапIэм и къежьапIэр

Тхыдэм къызэриIуатэмкIэ, Налшык быдапIэр 1818-1822 гъэхэм яухуауэ щытащ, генерал Ермоловым и унафэкIэ. Налшыкыпс Iуфэм щаухуа быдапIэр илъэс 15-м къриубыдэу жылэшхуэ хъуат икIи 1860 гъэм ирихьэлIэу абы уэрам зыбжанэ иIэт.
Дауи, зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэм дэкIуэдыжащ а быдапIэм и мывэ блынхэр. Ауэ нобэр къыздэсым, лъэхъэнэ жыжьэм и фэеплъу щытщ Налшык быдапIэм и зы блын Iыхьэ. Ар къалъащхьэм и Къэбэрдей-Пятигорск уэрамхэм я зэпылъыпIэм тетщ, метр I,5-рэ и бгъуагъыу.

Босфорианэ Махидевран

ЕпщыкIутхуанэ-епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэхэм я тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Уэсмэн къэралыгъуэмрэ адыгэхэмрэ Iуэху куэдкIэ зэпыщIауэ щытащ. ГъэрыпIэ ихуарэ, щхьэхуимыт бэзэрым къыщащэхуа пщащэхэр тырку сулътIаным и хьэрэмым къызэрыщыхутэу щытам я закъуэ мыхъуу, зауэ-политикэ зэгурыIуэныгъэхэр зэрыщIагъэбыдэ Iэмалу уэсмэн сулътIаным адыгэ пщащэхэр щхьэгъусэу щишам и щапхъэ куэд къыхощыж ди блэкIам. 

Адыгэхэм я Iэщэмрэ я зэуэкIэ хабзэхэмрэ

Мэрзей Аслъэнбэч и IэдакъэщIэкIыу «Адыгэхэм я зэуэкIэ хабзэр къызэрыунэхуамрэ зэрызиужьамрэ» тхылъыр къызэрыдэкIрэ илъэсым щIигъуащ. А лэжьыгъэ къызэрымыкIуэр дунейм къызэрытехьам иджыри емыджахэр нэгъунэ щыгуфIыкIащ жытIэмэ, къытпэрыуэн дыхуэзэну ди фIэщ хъуркъым.

Илъэс мини 7,5-кIэ ипэ псэуа бзылъхугъэм и сурэт

1996 гъэм Гибралтар и Iэхэлъахэм щIэныгъэлIхэм къыщагъуэтауэ щытащ мывэм хэжыхьа хьэдэ къупщхьэ. ИрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къигъэлъэгъуар телъыджэт - ар ейщ илъэс мини 7,5-кIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа бзылъхугъэм.

ХыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм адыгэ Iэщэ-фащэр къызэращтар

Кавказ къэзакъхэми КъуэкIыпIэм щыIэ урыс армэми адыгэ зауэ хуэIухуэщIэхэр къызэращтар апхуэдизкIэ шэч зыхэмылъыххэщи щIэныгъэ тегъэщIапIэ къэплъыхъуэу ущIызэдэуэн хэлъыжкъым. Аращ и купщIэ нэхъыщхьэр Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) дэт музейм и тхыдэ къудамэм и лэжьакIуэ Фролов Борис и Iуэху еплъыкIэм.

Шэрджэс-хъан Iуэ Дыщэм и тепщэт

Монгол-тэтэрхэм я лъэхъэнэм псэуа, «Шэрджэс-хъан» цIэр зезыхьэу щыта тепщэ гуэрым и хъыбар куэд щIауэ зэхыдох. ГурыIуэгъуэщ ди лъэпкъыцIэ зэрызэрихьэ къудейм ар адыгэ зэримыщIыр. ИтIани, тхыдэ щIэныгъэлIхэмрэ монгол-тэ­тэрхэр къуэпс къежьапIэ зы­хуэхъу лъэпкъхэм я лъахэ­ху­тэхэмрэ я деж дызыщымыгъуа­зэ куэд къыщыдощIэ. Абы и фIыгъэкIэ ди блэкIам и напэкIуэцIхэми еплъыкIэщIэкIэ дыбгъэдыхьэн хуейуэ къы­щIокI. 

ЗэпэщIэувэныр къызыхэкIар

Корее хытIыгу ныкъуэм щыпсэур зы лъэпкъщ, ауэ ар зэтеплъэ мыхъу къэралитIу гуэшащ, я ухуэкIэкIэ жыжьэуи зэмыкIуалIэу. Езыхэр зэпэщIэуэ зэпытщи, я гугъэр хахыжащ зэгухьэжыным. Абы и пIэкIэ я зэхущытыкIэхэр зэщIэплъэ зэпытщ.

Псори зи ягъэр США-рщ. Аращ зи зэраныр лъэпкъыр зэрызэгуэкIар. Абы белджылыуэ щыхьэт тохъуэ тхыдэ гъунэгъу дыдэр.

1963 гъэм Корее Ипщэм щекIуэкIа президент хэхыныгъэхэм щытекIуащ коммунист партым хэт Пак Чон Хи. Абы занщIэу жиIащ КНДР-м епсэлъэну зэрыхьэзырыр. Ар игу ирихьакъым Вашингтон.

«Мыщэ хужьхэр».. зэрызахэфIыщIар

Америкэм и Штат Зэгуэтхэр зи унафэщI «КъухьэпIэ зэкъуэтыр» УкраинэмкIэ  Урысейм къыщезауэ мы зэманым дигу къокIыж ХХ-нэ лIэщIыгъуэм екIуэкIа Iуэху языныкъуэхэр, псом хуэмыдэу США-мрэ СССР-мрэ зэрызэпэщIэтам ехьэлIахэр. ЖытIэнщи, апхуэдэ зэхущытыкIэм сыт щыгъуи и жэрдэмщIакIуэу щытар Вашингтонщ. Москва абы пэджэжын хуей хъу къудейт. Дунейр зи тепщэгъуэу зыбж а къэралымрэ Совет Союзымрэ яку тIэунейрэ ядернэ зауэ къыдэхъуэ пэтащ, ауэ щIалъэфыжащ а зауэхэм зыри зэрыщытемыкIуэнур хьэкъ ящыхъуа иужь. Езы къэралитIыр зэи занщIэу къарукIэ зэпIэщIэувакъым, зэ закъуэ фIэкIа.

Кремлым щылыд вагъуэ плъыжьхэр

1935 гъэ пщIондэ Кремлым и щхьэщыгум вагъуэм и пIэкIэ пылъащ щхьитI зыпыт бгъэр - ар Урысей империем и дамыгъэт.

Iуащхьацэ и щэхухэр

Пасэрей зэман жыжьэм хабзэу щыIащ дунейм ехыжа лIыхъужьхэм, уэркъхэм, пщыхэм я кхъащхьэм Iуащхьэ тращIыхьыжу, абдеж цIыхушхуэ зэрыщIэлъыр, а щIыпIэм пщIэ хуэщIын зэрыхуейр ящIэн, абы и хъыбар мыкIуэдыжын папщIэ. Кавказ Ищхъэрэм щыкуэдщ зи гугъу тщIы Iуащхьэхэм хуэдэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ