|
Тхыдэ
12 декабря, 2022 - 09:03
Нэгумэ Шорэ къызыхэкIа лъэпкъым тхыдэ иIэнымкIэ, цIыхубэм тхэкIэ, еджэкIэ ящIэнымкIэ, абыхэм я щIэныгъэм зиужьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзыгъэкIа цIыху гъуэзэджэщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIа «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ» тхылъыр хъугъуэфIыгъуэшхуэщ. Лъэпкъым и блэкIам ухэзыгъэплъэж Iуэтэж, хъыбар гъэщIэгъуэн куэд щызэхуихьэсыжащ абы узэщIакIуэм. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фи пащхьэ идолъхьэ.
Е ушейтIанкъым, е ущэрмэткъым
11 декабря, 2022 - 12:00
Хабзэ дахэ куэд хэлъащ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм, иджы къамыгъэсэбэпыжу. Абыхэм ящыщщ мастэ хьэлыуэр. Нысаши, гушыIи, унэиши, щауэ ишэжи - псори зэфIэкIа нэужь, нысащIэр ягъэдэну, ягъэбзэну щIадзэрт. Абы щыгъуэм зыхуэфащэ хъыджэбзхэр къакlуэрт, нысащIэр дэным хуит хуащIын щхьэкIэ.
11 декабря, 2022 - 06:54
Гъуэгу щытеувэкIэ адыгэхэм зэи гъуэмылэ куэд здрахьэжьэртэкъым, сыту жыпIэмэ, унэм щисым деж я нэхъ мащIэ дыдэми зрагъэкъуу есахэти. «Зыгуэрым теуэн мурадкIэ адыгэр щежьэкIэ, фэм къыхэщIыкIа хъуржын цIыкIум илъу абы къыздещтэ ху хьэжыгъэ тIэкIурэ мэлыл гъэгъуа IыхьитIщырэ, - етх Бларамберг И. - А гъуэмылэр абы хурикъунущ тхьэмахуитI-щыкIэ. Псалъэм папщIэ, урыс сэлэтым апхуэдиз ети, махуищ нэхъыбэ хурикъунукъым».
9 декабря, 2022 - 11:30
Урыс-кавказ зауэр щекIуэкI илъэс псэзэпылъхьэпIэхэм лъэпкъым и щ1эныгъэ гъуэгур пхызыш япэ лъэбакъуэхэр ичу щIидзащ. ТегъэщIапIэ, хэкIыпIэ пыухыкIахэр имыIэу ар зэрымыщIэкIэ е нэгъуэщI лъэпкъхэм я жэрдэмрэ дэIэпыкъуныгъэ къудейкIэ къежьакъым. Ар зи фIыщIэр езы адыгэ лъэпкъым игъуэта зыужьыныгъэр, къызэрызэщыуар, зэрылъэпкъыр, адрейхэм зэрахуэдэр, щIэныгъэм и мыхьэнэр, пылъ фIыгъуэр къызэрыгурыIуар арауэ къелъытэ профессор ХьэкIуащэ Андрей.
9 декабря, 2022 - 11:14
Мамлюк сулътIан Къаитбей и зэманым емынэ узым зиубгъуауэ щытащ, цIыхушхуэ илIыкIыу. Жэщ гуэрым ЛIыкIуэ лъапIэу Алыхьталэм и фIэхъусымрэ хъуэхъумрэ зытIеIуар зыгуэрым пщIыхьэпIэу къыхуэкIуэри, мыпхуэдэу къыжриIащ: «Куэд дэмыкIыу, емынэ узыр къыфтеуэнущ. МахуиблкIэ зэкIэлъыпыту нэщI фIыгъыну цIыхухэм си чэнджэщ ялъэбгъэIэсыну къалэн пщызощI».
8 декабря, 2022 - 10:00
Мэлбахъуэ Тимборэ илъэси I05-рэ щрикъум ирихьэлIэу, ди щIэджыкIакIуэхэм ягу къыдогъэкIыж «Мэлбахъуэм и блокнотхэр» зыфIаща тхылъым щыщ пычыгъуэхэр.
Ещанэ Iыхьэ.
* * *
8 декабря, 2022 - 07:35
Кавказым хы ФыцIэмкIэ гъэза и Iуфэм, нэхъ пыухыкIауэ къыжытIэмэ, Сочэ къалэм и Iэхэлъахэм щызекIуэ щIыпIэцIэхэм я зэхэухуэнэкIэр телъыджэщ. ФIэщыгъэхэм я нэхъыбэр зэблагъэ пэтми, бзэ зэтемыхуэхэм къахэкIа псалъэпкъхэмкIэ зэрызэхэшыпсыхьари нэрылъагъущ.
7 декабря, 2022 - 09:44
Зи цIэр Кавказым щхьэдэIукIа щIэныгъэлIышхуэ Хьилми Хьэсэн 1892 гъэм Дагъыстэным щыщ Кахиб къуажэм къыщалъхуащ, лъэпкъкIэ аварщ. 1937 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м илъэс 90 зи ныбжь щIэныгъэлIышхуэр укIыпIэм ирашэри, псэ хейуэ дунейм ехыжауэ щытащ. Дунейм тетыхукIэ тхылъ 12 и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэлIым. Зи пычыгъуэ фи пащхьэ къитхьэри абыхэм я зым къыхэтхащ.
Алыхьталэм Мухьэммэд Бегъымбар лъапIэм «Фатихьэ» сурэр къыхуригъэха нэужь, Iиблис зэщыджэу гъащ, жи. И бынхэр ихъуреягъкIэ къеувэкIри, къеупщIын щIадзащ ямылъагъужыным: «Сыт ущIэгъыр, ди адэ?»
7 декабря, 2022 - 08:28
Къаир къалэм дэт «МуIэед и мэжджытыр» Баб Зууэйлэ куэбжэм къыбгъэдэтщ. А зэманым яухуэ муслъымэн тхьэелъэIупIэхэм ещхьу, абы хэтт мэсхьэбиплIым щыхурагъаджэ мыдрисэрэ джумхьэ нэмэз щащIын мэжджытрэ.
6 декабря, 2022 - 14:55
Тхылъым гъуэгуанэ кIыхь къикIуащ - Вавилонрэ Шумеррэ я ятIэ таблицхэм, Египетым и папирусхэм щегъэжьауэ, ику ит лIэщIыгъуэхэм я пергамент тхылъхэм, икIэм-икIэжым, ди зэманым щыIэ тхылъыпIэ тхылъхэмрэ электронэ щытыкIэ зиIэхэмрэ нэс.
Страницы
|