Тхыдэ

ЗэфIэкIрэ Iэзагърэ бгъэдэлът

Лъэпкъ щIэныгъэмрэ сабий литературэмрэ япэкIэ гъэкIуэтэным хэлъхьэныгъэ нэхъыбэ хуэзыщIахэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Къазий (1841 – 1899). И егъэджакIуэ Бырсейм и Iуэхум пищэурэ а щIэныгъэлI псэемыблэжым анэдэлъхубзэр щадж еджапIэ 1866 гъэм Налшык къыщызэIуихыгъащ, зы илъэсым нэблагъэкIи абы егъэджакIуэу щылажьащ. 1864 – 1865 гъэхэм Кавказым щыIэ урысыдзэм и штабым и ягъэIэпхъуэ тхылъ тедзапIэм абы къыщыдигъэкIащ «Къэбэрдей алыфбей», «Саади и «Гюлистаным» щыщу таурыхъ зыбжанэ», «Сосрыкъуэ и пшыналъэм и къедзыгъуитIрэ таурыхъитIрэ» лэжьыгъэхэр.

Ди тхыдэ-щэнхабзэм и беягъыр

Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэ IуэхущIапIэхэр зэрыщыту къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ар 1926 гъэм щIышылэм и 6-м СССР-м и ЦИК-м и Президиумым и унафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областым къызэрагъэпэщауэ щытащ, щIыналъэм экономикэ, тхыдэ, археологие, этнологие къэхутэныгъэхэр щригъэкIуэкIын, щIэныгъэ лэжьакIуэхэр игъэхьэзырын папщIэ. 

Шейм и къежьапIэр

Шейм и хэкуу къалъытэ Китайр. Абы и пащтыхьу щыта Нуну Шень япэу игъэвауэ щытащ шей. Ар къыщыхъуар ди эрэм ипэкIэ 2700 гъэрщ. Пащтыхьым мафIэм деж псы къыщигъэвэну тригъэувэри, абы зэрымыщIэкIэ хэлъэлъащ жыгым къыпыщэща тхьэмпэхэр. Ар пащтыхьым гъэщIэгъуэн щыхъуащ икIи тхьэмпэхэм псыр къыщIигъэвыкIащ. Ефэри, егъэлеяуэ гурыхь щыхъуащ. А Iуэхум и ужькIэ, Китайм зыщрагъэсащ шейудз ягъэкIыу, ар къагъэсэбэпу.

Тамбий Пагуэ и дерсхэр

Лъэпкъ сабий литературэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ адыгэ сабий щэнгъасэм. Абы и мыхьэнэр фIыуэ къыгурыIуэу, ар егъэфIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ и гуащIэрэ зэманрэ емыблэжу лъэпкъым лэжьыгъэ щхьэпэ хуищIащ узэщIакIуэ цIэрыIуэ Тамбий Пагуэ (1873 - 1928).

ХъымыщкIей - Хамышки

Мы цIэр зезыхьэ урыс къуажэр Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэсщ. Нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, иджырей Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIур здэщыIэ щIыпIэм деж къыщыщIэбдзэрэ километр I6 хуэдизкIэ, хуэищхъэрэу, укъехыжмэ, сэмэгумкIэ къыкъуэунэхукI къуэ гъуэпщкIуам къыдэж псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжым къыщегъэжьауэ ипщэкIэ щысщ.

Лъэпкъ щIэныгъэм и къежьапIэр

БлэкIа лIэщIыгъуэхэм адыгэ лъэпкъым зэригъэпэщащ и гъащIэм и къекIуэкIыкIар, Iуэху нэхъыщхьэу и лъахэм къыщыхъуахэр, и гурылъ-гурыщIэхэр, зэхэщIыкIыр, хъуэпсапIэхэр куууэ къыщыгъэлъэгъуа IуэрыIуатэ телъыджэ, нобэр къыздэсым абы и цIыхухэр зытет хабзэ хьэлэмэтхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм я деж хэIущIыIу зэрыщыхъуа Iэщэ-фащэ къекIухэр, къэхъу щIэблэщIэр зэрагъасэ Iэмал гъэщIэгъуэнхэр.

Аслъэн Тэтэрхъан (1621 - 1647)

1621 гъэм, урыс дзэпщ Вельяминовым и унафэм ипкъ иткIэ, и шынэхъыжьым и гъусэу, Тэтэрхъан, и уэркъхэри щIыгъуу, урысыдзэхэм хэту къэралым и гъунапкъэхэр яхъумэу, Урысейм улахуэ къриту, къулыкъу ищIащ. 1641 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м Балъкъыщхьэ щыIа зауэм ар гъэру щаубыдауэ щытащ. 

IэщIагъэ хьэлъэт

Илъэси 100-м щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, иджыри псы бжьамийхэр щыщымыIэм, унагъуэхэм псы хуабэрэ псы щIыIэрэ пэрыхьэту щамыIэм, псышэ IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ ирату щытащ. Псышэу улэжьэнумэ, уи къарур илъын хуейт, еш пщIэ хъунутэкъым. Егъэлеяуэ IэщIагъэ гугъут. 

Къейтыкъуэ Жансэхъу

Беслъэн Къейтыкъуэ и къуэ етхуанэщ Жансэхъу. Ар тхыдэм щынаIуэу щытащ. Урысей пащтыхь Фёдор и лъэхъэнэм Мэзкуу ар пщы уэлийуэ къилъыта щхьэкIэ, Жансэхъу Къэбэрдейм пщышхуэу щыхахакъым.

Жамбот Бэчмырзэ

(1632 – 1707)

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ