Тхыдэ

Лъабжьэхэмрэ къуэпсхэмрэ

Бзэм и тхыдэр джын зэрыщIадзэ лъандэрэ щIэныгъэлIхэм гулъытэшхуэ къыхуащI кавказыбзэхэм. Абы и щхьэусыгъуэр, нэмыцэ щIэныгъэлI Адольф Дирр зэрыжиIащи, къызыхэкIыр бзэ бын абрагъуэхэу индоевропей, семит-хамит, угро-финн жыхуаIэхэм я кум зэрыхуэзэр аращ.

Зэрытхэ машинэхэр

Лондон, щIэныгъэ дэфтэрхэр щахъумэ и архивым щIэлъщ пащтыхь Аннэ и быдапIэм щыIа механик Милль Генри 1714 гъэм иратауэ щыта патент тхылъ гъэщIэгъуэн. Абы итщ хьэрфхэр зэкIэлъхьэужьу зытх Iэмэпсымэм и лэжьэкIэр. Къигупсыса зэрытхэ машинэм и щапхъэрэ и чертёжхэмрэ пащтыхь быдапIэм щагъэунэхуну утыку къищIауэ щытащ Милль.

Щолэхъу Къэрэщей (1615 – 1641)

1616 гъэм шыщхьэуIум и 6-м тэрч дзэпщ П. Ф. Приклонскэм Посольскэ приказым итхащ кърым хъаныр Кавказ ИщхъэрэмкIэ кIуэцIрыкIыу Закавказьем поход кIуэнкIэ хъуну зызэригъэхьэзырымрэ Тэрч гарнизоныр хъаным пэувын папщIэ, хуэмыщIауэ зэрыщытымрэ.

Иджыри зы текIуэныгъэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хуитыныгъэхэмкIэ, экономикэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и институтым щеджэ Тембот Элинэ иджыблагъэ УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм КъБР-м щиIэ и къулыкъущIапIэм къыхилъхьа жэрдэмыи ипкъ иткIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуащ.

Пасэрей фадэ лIэужьыгъуэхэр

Адыгэм махъсымэр ижь-ижьыж лъандэрэ егъавэ. Ар хьэщIэ лъапIэхэм хуаIэт, хьэгъуэлIыгъуэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрагъэбжьы­фIэ фадэ лIэужьыгъуэщ. 

Жансэхъу Шужьей (1570 – 1626)

Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэм щымащӀэкъым Шужьей теухуа хъыбархэр, Нэгумэ Шорэ и «Тхыдэми» къыхощ ар. Абы зэритхымкӀэ, «Къэбэрдейм япэм яӀа мамыр псэукӀэр ХьэтӀохъущыкъуэпщым зэфӀигъэувэжащ».

Шэч хэлъкъым пщы ХьэтӀохъущыкъуэ къэбэрдейхэм хуэфащэ пщӀэ хуащӀу зэрыщытам. Абы къыхэкӀкӀэ къызолъытэ ар хэӀэтыкӀауэ Къэбэрдейм я тхыдэм, псом хуэмыдэу и ӀуэрыӀуатэм къызэрыхэщыр.

Убыххэм я щхьэм кърикIуар

Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэм кIэ щигъуэтар убых щIыналъэрщ - 1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21-м. Абы иужькIэ убыххэр Тыркум Iэпхъуащ, унагъуэ зыбгъупщI нэхъыбэ къинакъым ахэр игъащIэ лъандэрэ зэрыса я хэкум. Хы Iуфэм къыщыщIэдзауэ бгыщхьэм нэс Сочэ, Мзымтэ, Хостэ псыхъуэхэм дэсащ убыххэр - абхъазхэмрэ шапсыгъхэмрэ я зэхуаку. ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэралъытэмкIэ, убыххэр мин 90 хуэдиз хъууэ щытащ - Кавказ зауэм и ужькIэ мин 70 Iэпхъуащ Тыркум, зауэм хэкIуэдам я бжыгъэм и гугъу умыщIми.

Дзэпщ ящIыр хэт?

ЩэкIуэгъуэ нэужьым зэхэзекIуэ Iуэхур зэпагъэурт - губгъуэ нэщIхэм, гъуэгу цIыхуншэхэм жьапщэмрэ щIыIэмрэ тепщэ щыхъурт. Адрей лъэпкъхэм я зэхуэсхэри я псэукIэм, я лэжьыгъэм епхауэ щытт. Апхуэдэу, щIым телэжьыхь таджикхэм ялIхэм зэхуэсу щыщIадзэр гъавэр Iуахыжа нэужьт. ИтIанэ щIымахуэ псом, гъатхэр къэсу вэн-сэным щIадзэху зэхэкIыртэкъым.

Дзэпщ

Зи Iуэхухэр пэжым хуэгъэпсауэ псэуа, гурэ псэкIэ лъэпкъым хуэлэжьа Сосналы СулътIан ди лIыхъужьщ. 1942 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэу щыта Винограднэ къуажэм дунейм къыщытехьащ лъэпкъым и псэукIэм, тхыдэщIэм зи псалъэ, зи IуэхущIафэ, зи лIыхъужьыгъэ хэзылъхьа лIы хахуэр. Захуагъэм, псэ хьэлэлагъым и щапхъэт ар. 

ХьэтIохъущыкъуэ ГъумэцIыкIу

ХьэтIохъущыкъуэ ГъумэцIыкIукIэ еджэу Къэбэрдейм ист пщы гуэр. Ар лIы цIыкIут, «и къамэр щIым хилъафэу къекIухь» хужаIэу, ауэ лIыгъэ хэлът.
ЖансэхъукIэ еджэу нэгъуэщI зы пщыи псэурт. Ар лIышхуэт, бланэт.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ