Лъэпкъ щIэныгъэм и къежьапIэр

БлэкIа лIэщIыгъуэхэм адыгэ лъэпкъым зэригъэпэщащ и гъащIэм и къекIуэкIыкIар, Iуэху нэхъыщхьэу и лъахэм къыщыхъуахэр, и гурылъ-гурыщIэхэр, зэхэщIыкIыр, хъуэпсапIэхэр куууэ къыщыгъэлъэгъуа IуэрыIуатэ телъыджэ, нобэр къыздэсым абы и цIыхухэр зытет хабзэ хьэлэмэтхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм я деж хэIущIыIу зэрыщыхъуа Iэщэ-фащэ къекIухэр, къэхъу щIэблэщIэр зэрагъасэ Iэмал гъэщIэгъуэнхэр.

Профессор цIэрыIуэ ХьэкIуащэ Андрей зэритхымкIэ, зэман куэдкIэ зыхэта, кIэ зимыIэж зауэ-банэхэм, кIыфIыгъэ хьэлъэм, зызыужьа лъэпкъхэм пыщIэныгъэ быдэ зэрахуимыIам, къэралыгъуэ зэрызэрамыгъэпэщыфам я зэранкIэ, пасэм абы и бзэм тхыбзэ хузэхилъхьэфакъым. ГукъэкI ящIу, и мыхьэнэр къагурыIуэу абы елэжьу цIыху зырызхэр пIалъэ-пIалъэкIэрэ абы къыхэкIа, ехъулIэныгъэ гуэрхэри зыIэрагъэхьа щхьэкIэ, ар ехьэжьауэ абы къыхуэгъэсэбэпакъым, псоми къызэдащтэу зэрахьэ хъуакъым.

Ауэ IуэрыIуатэм сыт хуэдэ къалэн инхэр имыгъэзащIэми, художественнэ тхыгъэм и мыхьэнэр куэдкIэ зэрынэхъ лъагэр, ар уимыIэу лъэпкъ тхыдэр къызэрыпхузэтемыгъэнэнур, зэрыпхуэмыхъумэнур, зэрыщыту лъэпкъым и пщэдейр, и зыужьыныгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу абы зэрепхар пэжу къызыгурыIуэ цIыху зырызхэр абы къыхокI.

Урыс-Кавказ зауэр зэрекIуэкIым, лъыгъажэ зыхэтым хущIыхьэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ къазэрыримытым, лъэпкъ щIэныгъэм яужь ихьэным гугъуехь инхэр зэрыпылъым щхьэкIи къамыгъанэу, I9-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм адыгэхэм я деж щызэфIоувэ лъэпкъ щIэныгъэм и лъэхъэнэ гъэщIэгъуэныр.

Лъэпкъ куэдым я тхыдэм зэман зэхуэмыдэхэм узыщыхуэзэ а лъэхъэнэр адыгэхэм я деж а илъэс псэзэпылъхьэпIэхэм зэрымыщIэкIэ къыщыунэхуакъым – абы лъабжьэ пыухыкIахэр зэриIам шэч хэлъкъым. Абы и лъэныкъуэкIи нэхъыщхьэу гу зылъытапхъэр, япэрауэ, адыгэ щIэныгъэм и зыужьыныгъэр пщылIыпIэм и кIуэдыжыгъуэмрэ капитализмэм и хабзэхэм я зэфIэувэныгъэмрэ зэрырихьэлIарщ, етIуанэрауэ, адыгэхэм я зэхэщIыкI-гупсысэм зэрызиужьам, зэрылъэпкъыр къызэрыгурыIуэжам ар къызэрыдэкIуарщ. Ещанэрауэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я ехъулIэныгъэ-зыужьыныгъэхэм щыгъуазэ зэрызыхуищIам, къигъэсэбэпу зэрыщIидзам и фIыгъэщ.

А лъэхъэнэ щIэпхъаджэм хэт и дежкIи тыншу щытакъым щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыныр. Ущеджэн къэбгъуэтын, мылъкушхуэ щIэптын хуейт. Абы и зэранкIэ, къызэрыгуэкI цIыхухэм, сыт хуэдизу я нэ къыхуимыкIами, зэфIэкIхэр ябгъэдэмылъами, щIэныгъэ нэс яхузыIэрыгъэхьэртэкъым, я гугъэхэр яхуэгъэзащIэртэкъым. Еджэн зыхузэфIэкIыр, щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтыфыр гъэпщылIакIуэхэм я бынхэрт. Зырызыххэ мыхъумэ, нэгъуэщI лъэпкъхэми я щIэныгъэм и къежьапIэм щытахэр е диным и лIыкIуэхэрщ, е зиусхьэнхэм, зылъэкIхэм я бынхэрщ. Зэман заулкIэ нэмыплъ ирату къэгъуэгурыкIуа щхьэкIэ, апхуэдэ лъэпкъ щIэныгъэлI пажэхэм ирахьэжьа Iуэху щхьэпэм и фIыгъэщ щIэныгъэм нобэрей и зыужьыныгъэфIхэр, а псэемыблэж лэжьакIуэхэрщ лIэщIыгъуэкIэрэ лъэпкъхэр зыхэта кIыфIыгъэ хьэлъэр гъэкIуэдыным ерыщу яужь нэхъапэу ихьахэр.

Лъэпкъ щIэныгъэм и къежьапIэм щыта япэ адыгэ узэщIакIуэхэм я лэжьыгъэм нэгъуэщI зы гъэщIэгъуэнагъи хэлъщ. Абыхэм языхэзми ирихьэжьа Iуэху иныр езым и щхьэкIэ и жэрдэмт, абы пщIэ, щIыхь кърихьынуи, мылъку хэхыпIэ ищIынуи зыми игу къэкIакъым. Абы къыдэкIуэуи лъэпкъым къыхуэщхьэпэн апхуэдэ лэжьыгъэхэр езыхьэжьа дэтхэнэ зыми зыщIагъэкъуэныр, я Iуэху даIыгъыныр къэрал унафэщIхэмрэ хэку гъэпщылIакIуэхэмрэ я къалэну щыта щхьэкIэ, а цIыху пэрытхэм я жэрдэмхэр къафIэIуэхуакъым. Хэбгъэзыхьмэ, абы и мыхьэнэр къагурыIуакъым, ар зэпаудын, къызэтрагъэувыIэн папщIи яхузэфIэкI къагъэнакъым.

Адыгэ щIэныгъэм япэ и къызэгъэпэщакIуэхэм я мурад лъагэхэр гъащIэм зэрыщамыгъэувыфам нэгъуэщI зы щхьэусыгъуи иIэщ. Ахэр зэдэлэжьэн, Iуэху гъуэзэджэ къаIэтар зэщIыгъуу, зэгъусэу ирагъэкIуэкIын дэнэ къэна, я IуэхукIэ зэрыщIэу, зэдэIэпыкъуу щытакъым. Апхуэдэу зэпыщIэныгъэ яку зэрыдэмылъам и зэранкIэ зым ищIэр адрейм къытригъэзэжурэ илэжьын хуей хъурт.

Япэ лъэпкъ щIэныгъэлIхэм я Iэрытх ди деж къэсыжахэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абыхэм языхэзми езыр нэхъыфIу зыщыгъуазэ хамэ алфавитыр анэдэлъхубзэм и тхыбзэм лъабжьэ хуищIырт. Арагъэнущ зэщхьэщыкIыныгъэхэр зяку дэлъ тхэкIэ зэхуэмыдэхэр абыхэм къащIыщIэнар, щIэныгъэ нэсым и хабзэ ткIийхэм тету языныкъуэхэр зэрагъэпэщыныр щIахузэфIэмыкIар.

 

 

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться:

Читать также: