Тхыдэ

Бзылъхугъэ цIэрыIуэхэр

ЗэрытщIэщи, шэрджэс бзылъхугъэм и теплъэмрэ зыIыгъыкIэмрэ цIыху цIэрыIуэ куэд - щIэныгъэлIу, тхыдэджу, тхакIуэу, усакIуэу, сурэтыщIу - зэман зэхуэмыдэхэм тетхыхьащ. Апхуэдэт Белл Джеймс, Мариньи де Тебу, Паллас Симон, Байрон Джордж, Дубровин Николай, Немирович-Данченкэ, Бальмонт Константин, Данилевский Николай, Гагарин Григорий, Пушкин Александр, Лермонтов Михаил сымэ, нэгъуэщIхэри. Сыт и уасэт дыжьын лIэщIыгъуэм и усакIуэ Бальмонт Константин шэрджэс бзылъхугъэм хузэхилъхьауэ щыта усэр, «Черкешенке»  фIэщыгъэр иIэжу?!

Зэ уеджамэ, зэи пщыгъупщэжыркъым

ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэмрэ етIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэмрэ псэуа адыгэ тхакIуэхэм я тхыгъэ куэдым я мыхьэнэр иджы нэхъ лъагэ хъуащ. Ахэр удихьэхыу тхащ. А тхыгъэхэм хуэныкъуэщ ди нобэрей тхылъеджэр. Адыгэ тхыбзэ зэрыщымыIэм къыхэкIкIэ урысыбзэкIэ тхэуэ щыта Хъан-Джэрий, КIашэ Адэлджэрий, Къаз-Джэрий, Инэт Кърым-Джэрий, Адэл-Джэрий, Ахъмэтыкъуэ Юрий сымэ я къалэмым къыщIэкIахэр адыгэбзэкIэ къыдэгъэкIыжын зэрыхуейм, абы зэкIэ зыри зэремыгугъум тетхыхьащ публицист ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

ЛIэщIыгъуэхэм къапхыкIыу

Тамань къыщыщIэдзауэ Сыхъум нэс хы Iуфэм щыгъунэжщ мывэ кхъэлэгъунэхэр. Адыгэхэр апхуэдэ кхъэлэгъунэхэм испы унэкIэ йоджэ. Илъэс миниплIым щIигъу я ныбжьщ испы унэхэм, ахэр щIын щIадзащ адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ лъыкIэ къагухьэ хьэтхэм я лъэхъэнэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, нарт эпосым и купщIэр щыжэпхъ зэманым. 
Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ я щIыналъэм къыщызэтенащ испы унэ минитIрэ щищым щIигъу; абыхэм я нэхъыбэм ущрихьэлIэр хы Iуфэмрэ Кавказ къуршым и дыгъафIэмрэщ. Испы унэ куэд ущыхуозэ Кавказ къуршым и дыгъэмыхъуэми, псалъэм папщIэ, Мейкъуапэ и Iэхэлъахэм. 

БлэкIам и лъэужьу

Тхыдэр джыным, зэхуэхьэсыжыным мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр къыхэзыгъэщу «археологие» псалъэр япэу къэзыгъэсэбэпауэ щытар Пасэрей Алыджым и философ цIэрыIуэ Платонщ. Абы къызэринэкIа и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм ар къызэрыщыкIуэр «блэкIам теухуа Iуэтэжхэр, щыхьэтлыкъхэр» егупсысыкIэм хуэкIуэущ.

Тхылъхэр яхъумэ пасэ лъандэрэ

«Библиотекэ» псалъэр алыджыбзэм къыхэкIащ. «Библио» жиIэмэ – «тхылъ», «тека»-м - «хъумапIэ» жиIэу къокI. Компьютерхэмрэ интернетымрэ къежьэн ипэ, щIэныгъэр зэрызэIэпыпхыу, щIэблэм и гупсысэм зырызрагъэужьу щыIар тхылъырщ. 

Тхыдэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм, адрейхэми хуэдэу, тхыдэ къулей къызэранэкIыу зэпымыууэ къэгъуэгурыкIуащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, тхыдэ-этнографие къудамэ къызэгъэпэщын хуейуэ япэу щыжаIар Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и советым и зэIущIэрт - 1926 гъэм мэлыжьыхьым и 27-м.

ЦIыхугъэшхуэм и щапхъэт

«Зауэр лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэщ», - жиIащ пасэрейм. Апхуэдэ куэдым адыгэр къыпхрыкIащ, и напэр, и псэр къабзэу, и нэмысыр лъагэу. Тхыдэм мымащIэу къыхэнащ ди адэжьхэм ябгъэдэлъу щыта лIыхъужьыгъэмрэ яIа зэфIэкIымрэ теухуа тхыгъэхэр. Зыщыдгъэгъупщэ мыхъунухэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм и зэманым Беслъэней къуажэдэсхэм зэрахьауэ щыта лIыгъэри.  

ХьэкущIэ лIыжьым и пщIыхьэпIэ

Къуажэ гуэрым зы хьэкущIэ лIыжь щыпсэурт. Зэгуэрым нэхущхэм деж къаджэ макъ зэхихащ абы. «Нэхущым къысхуей хъуар хэту пIэрэ?» - жиIэурэ дэкIащ ар куэбжэм. ТешанкIэ зыкъизыхым зы щIалэ мыцIыху къиувыкIауэ щытт.
- Къеблагъэ, щIалэ, - жиIащ лIыжьым. - Къуажэм ущыщ хуэдэкъым, сытым укъытхуихьа?

ПщыIэпщокъуэ Къазий

Къазий теухуауэ Нэгумэ Шорэ мыпхуэдэу итхыжауэ щытащ: «Темрыкъуэ дунейм ехыжа нэужь, абы и къуэрылъхухэу Къэбэрдеишхуэр зыIэщIэлъа Къазийрэ Джылахъстэнейр зыIэщIэлъа Щоджэныкъуэрэ, езыхэр зэгурымыIуэми, я адэжьхэм урысхэм хуаIа щытыкIэм тету псэуащ». Ауэ ар пэжкъым. Пщыхэм ятеухуауэ цIыхухэм къаIуэтэж хъыбархэр зэтехуэтэкъым, арауэ къыщIэкIынущ Шорэ щызыгъэуари.

Адыгэм и хъуэхъуэкIэр

Адыгэм фадэбжьэ къиIэту щытакъым, хъуэхъу трижи­мыIыхьу, ар сыт хуэдэ Iуэхугъyэм къыхуащтауэ щытми. Зэрыхабзэти, фадэбжьэм нэхъыжьыр техъуэхъухьырт, нэгъуэщI зыгуэрым иритырти иригъафэрт. Хъуахъуэу езыр ефэжу хабзэтэкъым. Зритар ефа нэужь къритыжти, итIанэт хъуэхъуар щефэр. «Хъуахъуэрэ ефэжмэ, джылахъ­стэнейщ», - жаlэу а псалъэр къыщlежьари аращ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ