Тхыдэ

«Губгъуэ бгъузэм» блэж Мдзымтэ

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сочэ и Iэгъуэблагъэм щыIэ щIыпIэ телъыджэу иужькIэ «Красная Поляна» зыфIащыжам нэхъапэхэм «Кбаадэ» (Къуэбыдэ) цIэмкIэ еджэу щытащ. Ар зыдэт псыхъуэм, Мдзымтэ къуршыпс уэрыр здежэхым, къыщыщIидзэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм дыгъапIэ-къухьэпIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ.

Урыскъан Яков Черкасский

Къэбэрдей пщы уэлий Къундет и къуэр 1624 гъэм и пэщIэдзэм и адэм и унафэм тету Москва кIуащ. А гъэм Урыскъан чыристан диныр къищта нэужь цIэуэ къыфIащащ Яков. Апхуэдэу абы къратат стольник къулыкъури. Урыскъан бгъэдэлъа акъылым щIэныгъэм, зэфIэкIым и щыхьэтщ къыкIэлъыкIуэ гъэм кърата къулыкъур - Дыщэ палатэ цIыкIум стольникхэм яхэсу япэ тIысыпIэм щыст.

Жэнэт псэукIэм хуэплъэу

ЕтIуанэ Iыхьэ
Кавказымрэ Тыркумрэ куэд лъандэрэ зэпыщIат. А зэпыщIэныгъэр ехьэлIат политикэми, динми, сатуми. Тенджыз ФIыцIэ бжьэпэхэм щаухуа быдапIэхэм къикIыурэ бгырысхэм куэду къаIэрыхьэрт Iэщэ-фащэхэр, ахъшэхэр. Абыхэм ящыщ Iэджэ Тыркум и унафэм щIэхуат. Абыхэм я къару зэхэлъыр зыхуэгъэзар зы бийт: урысхэрат. А къарур нэхъри нэхъ лъэщыж ищIу лъэныкъуитIым яку дэлът муслъымэн диныр. А диным и узэщIакIуэу муслъымэну щыIэ псоми ябжырт тырку пащтыхьыр. 

Тхыдэ лъэужьымрэ нобэрей дерсымрэ

Накъыгъэм и 21-м хэкурысхэри, хамэ щIыпIэ куэдым ипхъауэ ис ди лъэпкъэгъухэри блэкIам – лъэхъэнэ хьэлъэм, адыгэм Урысей пащтыхьыгъуэм кърищIылIа зауэ гущІэгъуншэм – дыхуоплъэкIыж. А махуэм дунейм адыгэу тетыр зэрощIэ, зэдощыгъуэ. Ди лъэпкъым къыхэкIа жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм гъэ къэс цIыхубэм зыхуагъазэ илъэси I00-кIэ екIуэкIа зауэ гущIэгъуншэм тхыдэм къыхина лъэужьымрэ нобэм къихьэса дерсымрэ къыхэщу.

ЩIэщхъу хьэлэмэт

Зыми и дежкIэ щэхукъым цIыхухэр псым пэгъунэгъуу тIысу зэрыщытар. Ауэ абы къищынэмыщIа, Алъхъо къуажэм (иджы Курп Ищхъэрэ) абдеж щытIысым, щIыналъэм нэгъуэщI и фIагъхэри къалъытат: къуэ зэхуакути, щIымахуэм жьыугъуэджэ хъурт, гъэмахуэм - дыгъэр щыжьэражьэм - нэхъ къелырт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, дунейм «зыщигъэкъииным» жылэм ар ящхьэщыкIырт. Ауэ щIэх-щIэхыурэ мы щIыпIэм псыдзэ къыщехырт. Апхуэдэм деж къуажэр курпыпсым къригъэлырт, жылэдэсым я унэ-пщIантIэхэм къащIэлъадэ щыхъуми, джэдкъуртыр зытес абгъуэрынэр ихьым нэхъ хэщIыныгъэшхуэ яIэтэкъым.

Хэкупсэт ямылейуэ хьэкIувхэр

Кавказ зауэр I864 гъэм майм и 21-м иухауэщ куэдым зэрытщIэр. АтIэми, дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа адыгэхэм яхэтащ я щIыгу къихьахэм зэман кIыхькIэ къеныкъуэкъуа, уеблэмэ XIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэсыху Урысей къэралыгъуэжьым щыщу зыкъэзымылъыта, унагъуэ-унагъуэкIэрэ бгыхэм зыдэзыгуашэу зызыудыгъуа гуп щхьэхуэхэр. ХьэкIувхэрщ зи гугъу тщIыр (кIахэ адыгэхэм «хьэкIуцу», урысхэм «хакучи» жаIэрт).

Кавказ зауэм и тхыдэм щыщ пычыгъуэхэр

         Абрамов Яков и «Кавказ бгырысхэр» лэжьыгъэр япэ дыдэу къытрадзащ 1884 гъэм къыдэкIа «Дело» журналым и 1-нэ номерым, иужькIэ тхылъ щхьэхуэуи дунейм къытехьащ. Урыс пащтыхьыгъуэм ХIХ лIэщIыгъуэм и 60  - 80 гъэхэм Кавказым щригъэкIуэкIа политикэм кърикIуэу бгырыс лъэпкъхэм я лъахэр къабгынэныр къызыхэкIамрэ абыхэм я щэнхабзэр зэрыкIуэдамрэ пэжым тету  къыщыгъэлъэгъуащ абы. КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф  а тхыгъэм щыщ пычыгъуэ зэридзэкIауэ щытащ. Абы щыщ  Iыхьэхэм фыщыдогъэгъуазэ.

Япэ Iыхьэ

1864 гъэм накъыгъэм и 21-м

ЦIыхум и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэрызэрыIыгъым хуэдэу, зэгуэр адыгэ лъэпкъым и лIакъуэ 12-ри зэнэзэпсэу псэуащ. Урыс пащтыхьыгъуэм кърищIылIа зауэм ахэр илъэси 101-кIэ (1763 - 1864) хэтащ, тхыдэджхэм къызэралъытэмкIи, апхуэдиз хьэзаб зышэчыфа нэгъуэщI лъэпкъ щыIэкъым. Зауэм лъэпкъыр зэбгридзри, дунейм трикъухьыжащ. Абыи емылъытауэ, нобэ, илъэси 159-рэ дэкIыжа нэужьи, адыгэм я щIэблэр дунейм дытетщ.

Лъабжьэр къыщежьэр

Адыгэ хабзэр, адыгагъэр лъэпкъыр зы зыщI, зэщIэзыубыдэ, зэщIэзыIыгъэ Iуэхугъуэшхуэ дыдэу щытащ.
Ди хабзэм и фащэ нэхъыфI, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ нэмысымрэ Iыгъыныр, гъэзэщIэныр. Абы къызэщIеубыдэ цIыхум и щIыхьыр имыгъэпудыныр, и щхьэ хуищIыж пщIэр, захуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, щытыкIэр, гулъытэр, нэхъыжьыр гъэлъэпIэныр, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, нэгъуэщIыр уи щхьэм пэщIыныр, н.къ.

Георгий щихъым и орденыр зыхуагъэфэща адыгэлIхэр

1769 гъэм щэкIуэгъуэм и 26-м (иужькIэ дыгъэгъазэм и 9-м ядзыжащ), Георгий щихъым и махуэм ирихьэлIэу,  пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм и унафэкIэ къаублауэ щытащ Георгий щихъым и орденыр яту. Дызэрыщыгъуазэщи, офицерхэр зэрагъэлъапIэ дамыгъэхэм я нэхъыщхьэ дыдэр аращ. Ар зрату щытар зауэм лIыгъэкIэ къыхэщхьэхукIа, къэралым хуэщхьэпэн чэнджэщ зыта офицерхэр, генералхэр, дзэпщхэр  арат. 

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ