Тхыдэ

Хэт хъуну мамлюкхэр?

Ахэр къэрал жыжьэм дауэ къыщыхутат? Сыту щыта ахэр икIи илъэс 737-рэ лъандэрэ абыхэм я нэIэ щхьэ трагъэт?

ФэрэкIхэлъхьэр къезыхьэжьар адыгэхэрщ

 XVII-XVIII лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм псэуа Вольтер Франсуа франджы узэщIакIуэщ, усакIуэщ, тхакIуэщ, нэхъыбэу зэрыцIэрыIуэр и философ тхыгъэхэрщ. ФэрэкIхэлъхьэ ящIу Европэр езыгъэсар инджылызхэрщ, ахэр зыдэплъеижар – тыркухэрщ, ауэ псори къезыгъэжьар адыгэхэрщ, - жеIэ Вольтер. Абы дыкъыщоджэ тхакIуэм и «Философ тхыгъэхэм» щыщ 11-нэ Iыхьэм. 

Хэхэсхэр дзыхэркъым

Уэсмэн къэралыгъуэм и сулътIаныр зауэ-банэм хэмыкIыу псэу курдхэр къигъэIурыщIэну, я щхьэ къамыIэтыжын хуэдэу и бжьым щIигъэувэну сыт щыгъуи иужь итащ. СулътIаным и мурад бзаджэм мэIуху хуищIат Тыркум зи псэр нэзыхьэса адыгэхэр, абазэхэр, шэшэнхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зы мыгъуагъэм зыщызыдзеяхэр етIуанэ мыгъуагъэм Iууащ. Ахэр цIыху зыщымыпсэуф Узун-Яйла (Бгы КIыхьхэр), Хинзир-Даг, Коча-Даг, Айгормез-Даг, Али-Даг мывалъэ щIыпIэхэм ягъэкIуащ. Ябгынэжа щIыналъэр адыгэхэм къагъэIурыщIэмэ - зыфI, ар яхузэфIэмыкIыу илIыхьмэ - фIитI. Арагъэнут тырку унафэщIхэм Iуэхур зытращIыхьар.

УIэгъэ мыкIыж

Зауэм гуауэрэ насыпыншагъэу къихьыр зылъэгъуахэр ирогуауэщхьэуэ фашистхэм ноби я щхьэр къызэраIэтыжым. КъаIэтыж къудейм къыщымынэу, Гитлер и мурадар нэхъри убгъуауэ зэрагъэхъулIэн гуращэ зэраIэрщ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр, абы и жэрдэмщIакIуэр зи щIыналъэм зауэ нэмыса, ауэ нэгъуэщI къэралхэм щызэуэнымкIэ жыджэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэрщ. Сыхуейт, Хэку зауэшхуэм ди Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ цIыкIум къыхуихьа гуауэмрэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэмрэ  иджыри зэ дигу къэдгъэкIыжыну.

Пэжыр зэрызэрахъуэкI Iэмалхэр

Гъуазджэ, щэнхабзэ, литературэ, дин щIэныгъэ ирехъу, щабагъымрэ дахагъэмрэ нэхъапэу къэзылъытэ дэтхэнэ зэхэтыкIэ екIуми я хьэтыр зымылъагъу цIыху ущрихьэлIэкIэ, укъоуIэбжь. Хьэл-щэн зэпIэзэрытыр зыгъэпажэ гупсысэкIэм дауэ ар Iейм тригъэшхуа, жыбоIэри. Ауэ щыхъукIэ, пэжыр нэпцIым хуигъэкIуэн къалэн зиIэхэри мащIэкъым. Тхыдэм апхуэдэ щапхъэ кэуд дегъэлъагъу.

Урысыбзэ зымыщIэ адыгэхэм къагурыIуэнкIэ мыгузавэу, пащтыхьым и блыгущIэтхэр тепсэлъыхьырт КъурIэныр узэрыхуейуэ зэбдзэкI зэрыхъунум, абы бгырысхэр нэхъ IумпIафIэ зэрищIынум.

Хэт Кеннеди зыукIар?

Америкэм и Штат Зэгуэтхэм президент хэхыныгъэхэр къыщоблагъэ. Ахэр къэсыным зы илъэсрэ ныкъуэрэ иIэжми, зэныкъуэкъум щIидзакIэу къэплъытэ хъунущ. Абы и щыхьэтщ США-м и иджырей президент Байден Джо егъэщIылIауэ нэхъыбэ къатIэщI зэрыхъуар. Къэралым и Iэтащхьэм и шэнтжьейм итIысхьэну хущIэкъухэр мащIэкъым. А псоми къагъэлъагъуэ иджырей хэхыныгъэхэр тыншу зэрыщымытынур. Сыт щыгъуи хуэдэу а къулыкъум щхьэкIэ гуащIэу зэпэщIэтщ къару нэхъыщхьитIыр-демократие, республикэ партхэр.

Тхыдэм и дерсхэр

 ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, дызэрыщыгъуазэщи, адыгэ лъэпкъыр дызэрыгушхуэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ и хъуэпсапIэр къигъэлъагъуэу итхыгъауэ щытыгъащ: «…Iэмал имыIэу къэунэхунщ зэман, зи гур пхъашэ бгырысым и гъащIэр зыгъэнэхун щIэныгъэ щызригъэгъуэтын, еджэкIэ тхэкIэ щызригъэщIэн, абы лъагъуныгъэ щыхуищIын». 

МафIэсым и… сэбэпкIэ

            Куэдым къалъытэ дунейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ дыдэхэм щытыкIэхэр щызэщIэзыгъаплъэ, лъыгъажэ зыпылъ къаугъэхэр къыщызыгъэхъей американхэр апхуэдизу зыгъэгушхуэр езыхэм я щIыналъэм зэи  хамэхэм зэрыщемызэуар  арауэ.  Дауи, ар пэжкъым. 1814 гъэм Вашингтон бийхэм яIэщIыхьауэ икIи абыхэм Унэ хужьыр ягъэсауэ щытащ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ ар зи IэдакъэщIэкIыр США-м мы зэманым  нэхъ  и ныбжьэгъу дыдэ Инджылызымрэ Канадэмрэ икIахэрт.

И цIэри и щхьэри щIагъуэтэкъым

 Хэку зауэшхуэм тетхыхьхэм и цIэр зэи фIыкIэ жаIэркъым Кулик Григорий. Абы щыгъуэми, иужькIэ трахыжами, ар Совет Союзым и Маршал, Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуауэ щытащ. Ауэ и къэухькIи лIыгъэкIи апхуэдэ щIыхьым хуэфащэу зэи зыкъигъэлъэгъуэфакъым. Абы и гъащIэр и щыхьэтщ, сэбэп къыпхуэхъун щхьэусыгъуэ гуэрхэр къыкъуэкIмэ, нэхъ лъагапIэшхуэхэми узэрынэсыфынум.

ЗекIуэлI уэрэдхэр

ЗекIуэлI уэрэдхэр

Адыгэхэм зекIуэ щыкIуэкIэ лIыхъужь уэрэдхэр жаIэ хабзэщ.  Зы едзыгъуэ жаIа нэужь, зауэлIхэм шы сокум зытрагъащIэ, я пыIэхэр зыщхьэрахри, зекIуэр къайхъулIэн папщIэ тхьэ йолъэIу. Апхуэдэ уэрэдхэм зекIуэлIхэр лIыгъэ зэрахьэу цIэрыIуэ хъуным трагъэгушхуэ. Я нэхъыбэр тхыдэм къыхэнэжа лIыхъужьхэм ятеухуащ, щагъэзащIэри зекIуэ щыкIуэм и дежщ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ