Тхыдэ

Адыгэпщхэм я хъыбархэр тхыгъэхэм къызэрыхэщыжыр

Адыгэпщхэм ящыщ зыбжанэм фIыуэ къагурыIуэрт пщыхэр гуп - гупурэ зэрызэзауэм лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэришэнур. Абыхэм мурад ящI Урысейм зыпащIэну, ар дэIэпыкъуэгъу, жэрдэмщIэгъу хъумэ, адыгэхэр кърым тэтэрхэм щыхъума хъуну ябжри. Адыгэхэм я пщы щхьэхуэхэр зэрызэзэуэжым кIэ етын зэрыхуейри къагуроIуэж.

Елизаветэ и закъуэкъым…

2022 гъэм фокIадэм и 8-м и ныбжьыр илъэс 97-м иту лIащ Инджылызым и пащтыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэр. Ар Британием и тахътэм нэхъыбэ дыдэрэ, илъэс 70-кIэ, исащ. Дауи, пIалъэ кIыхьт. Иджы пащтыхь хъуа Карл Ещанэри тетыгъуэр Iэрыхьэным апхуэдиз илъэскIэ пэплъащ-ари а къэралым и дежкIэ рекорду къэплъытэ хъунущ. Зи гугъу тщIыр Елизаветэ и къуэ Чарльзщ, псоми фIыуэ ялъэгъуа Дианэ и щхьэгъусэу щытарщ, пащтыхьыгъуэр щылъысым абы Карл зыфIищыжащ.

Сахарэ

Сахарэр - Африкэ Ищхъэрэм и пшахъуэщIщ. Ар дуней псом и пшахъуэщI нэхъ ин дыдэу къалъытэ. ЩIыпIэм и инагъыр километр зэбгъузэнатIэу мелуани 8,6-рэ мэхъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, абы Африкэм и процент 30-р еубыд.
А пшахъуэщIыр къэралу щытамэ, километр зэбгъузэнатIэ мелуани 8,5-рэ хъу Бразилием ебгъапщэ хъунут. Сахарэм зы псыежэхи щыIэкъым, Нилрэ Нигеррэ къищынэмыщIа.

Зеинур къалъыхъуэу

Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам куэд къетIэщIыж. Тхыдэм уриплъэжмэ, уигу къэбгъэкIыжыни зэбгъэпщэни мащIэкъым. Щхьэхуэ  зищIыным хущIэкъуурэ, языныкъуэхэм  деж  ар хьэзырт хэт и жыIэми щIэувэну. Ауэ ар щхьэхуитыныгъэт?!

1917 гъэм и бжьыхьэм къэунэхуащ «Украинэ цIыхубэ республикэр». Ауэ иджыпсту абы нэхъыбэу щыгъуазэр  тхыдэджхрэщ. КъэралыщIэм герби, ныпи, гимни иIэжт  -зигъэIейтэкъым.

ЩIыщIэ къамыIэта

 СССР-м и зыужьыныгъэм гъуэгу нашэкъашэ куэд хэлъащ. Абыхэм ящыщщ щIыщIэр къызэрагъэIурыщIар. Иджы абы къикIыр куэдым ящIэжыркъым, арщхьэкIэ а зэманым «щIыщIэ» псалъэм щIалэгъуалэр къызэщIиIэтэрт, жыджэрагърэ тегушхуэныгъэрэ къахилъхьэу.
 Комсомолым хэтхэмрэ студентхэмрэ Iэмал ягъуэтат я къару еплъыжыну, къэралым зиузэщIэным яхузэфIэкI халъхьэну.

Дэнэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыдэкIуар?

 1945 гъэм щIышылэм и 2-м Порт-Артур щекIуэкIащ абы и япон гарнизоным и парад. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэлъэпIащ быдапIэр зэраIэрыхьэрэ илъэс 40 зэрырикъуар.   Абы и комендант генерал Отэ зэхыхьэм кIыхьу къыщыпсэлъащ. КIэухыу жиIащ, сыт хуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъами, самурайхэм я закъуэкIэ мыр къащтэфыну зэрыщымытар: «Абы къыдэкIуэу генерал Ногэрэ урыс генерал Стессельрэ  зэхэщIыкIрэ пэжыгъэрэ яку дэлъыни хуейт».

АрдыдэмкIэ зиумысыжащ епцIыжакIуэм бийм быдапIэр зэрырищамкIэ.

ГъащIэм и гъуджэ

Кинор лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI, ауэ нэхъыбэм ар гъащIэм и гъуджэу жыпIэ хъунущ, цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр, и гупсысэкIэр къызэрагъэлъагъуэщ, цIыхум щапхъэ къыщыхихыфи щыIэщ.

Мономах и пыIэ хьэлъэр

Мономах и пыIэр Кремлым Iэщэхэм я пэшым щахъумэ хьэпшыпхэм я нэхъыжь дыдэщ. Урыс пащтыхьхэм хабзэм тету ар зыщхьэратIагъэрт тетыгъуэр къащылъысым деж. ПыIэм и хьэлъагъщ грамм 993,66-рэ. КъыздикIар IупщI дыдэкъым, щIэныгъэлIхэм абы теухуауэ гупсысэ щхьэхуэхэр яIэми. Хуагъэфащэ Византием, Азие Курытым е КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и дыщэкIхэм ящIауэ. Языныкъуэхэм къалъытэ Iуэ дыщэм и хъану щыта Узбек Москва тыгъэ къыхуищIауэ. Мономах и пыIэр гъэщIэрэщIащ дыщэкIэ, мывэ лъапIэхэмкIэ, къунфэхъум (соболь) ицкIэ.

Тхыдэ фэеплъхэм уриджэгу хъунукъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и археологие щIэныгъэр зауэм ипэ илъэсхэм зэрызэфIэувар Миллер А.А., Ермоленкэ М.И., Иессен А.А., Деген Б.Е. сымэ я цIэм ирапх. 

Монгол-тэтэрхэмрэ адыгэхэмрэ

Хэт хъуну Хьэжы-Шэрджэс е Шэрджэс-хъан? Языныкъуэ тхыдэджхэм а цIэр цIыхуитIым зэрахьа хуэдэу хуагъэфащэ, нэхъыбэм – тIури зы цIэм и къэпсэлъыкIэ зэтемыхуэу къалъытэ.

Хьэжы-шэрджэсыр е Шэрджэс-хъаныр зы цIыхуу къэтлъытэным дытрегъэгушхуэ ар тIэунейрэ Дыщэ Уэрым и хъану зэрыщытами. Хьэжы-Тэрхъан цIэр зезыхьэ Дыщэ Уэрым и къалэр езым еипэу щытауэ, илъэс зыбжанэкIэ зэрыхъаныгъуэуи и унафэм щIэта хуэдэу зэхыдагъэх 23-нэ хъаным тепсэлъыхьхэм: япэу 1361 - 1369 гъэхэм, етIуанэу: 1369 - 1374 (1375) гъэхэм.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ