Кавказ зауэм и тхыдэм щыщ пычыгъуэхэр

         Абрамов Яков и «Кавказ бгырысхэр» лэжьыгъэр япэ дыдэу къытрадзащ 1884 гъэм къыдэкIа «Дело» журналым и 1-нэ номерым, иужькIэ тхылъ щхьэхуэуи дунейм къытехьащ. Урыс пащтыхьыгъуэм ХIХ лIэщIыгъуэм и 60  - 80 гъэхэм Кавказым щригъэкIуэкIа политикэм кърикIуэу бгырыс лъэпкъхэм я лъахэр къабгынэныр къызыхэкIамрэ абыхэм я щэнхабзэр зэрыкIуэдамрэ пэжым тету  къыщыгъэлъэгъуащ абы. КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф  а тхыгъэм щыщ пычыгъуэ зэридзэкIауэ щытащ. Абы щыщ  Iыхьэхэм фыщыдогъэгъуазэ.

Япэ Iыхьэ

         ЦIыхум зэрызехьэу щIадзэ. Хэт пIащIэ-тхъытхъыу къокI мафIэгум, хэти, нэхъ Iеижу пIащIэрэ, цIыхур зэрадзэу, йотIысхьэ абы. МэкIий-мэгуохэр. Зэщохьэхэр, хьэпшыпхэр зелъэфэным къагъэгубжьащи, хъийм йокIхэр. Сэ хьэпшып къыздесхьэкI си хабзэкъыми, си Iуэхур тыншщ: кIэрыщIэни къызэIунщIи щымыIэу, мафIэгум сыкъобэкъукI. Зэрызехьэу къэзыжыхьхэм сахоплъэ – си цIыхугъэ гуэр нэкIэ къызолъыхъуэ. Абдеж гу лъызотэ мо зэхэзежэ къомым зыкIи емыщхьу икIи я Iуэху лъэпкъ абыхэм хэзымылъхьэу зэхэт цIыху гупышхуэм. Пэжщ, ахэр гъуэгу зэрытехьэр нэрылъагъущ: яIыгъ хьэпшып хъушэм нэмыщIыж, я хъуреягъкIи Iэджэ щызэхэлът.

         Ахэр къэбэрдей адыгэт. Абдеж щыплъагъурт сабийхэри, цIыхубзхэри, лIы балигъхэри, жьыкIэфэкIэхэри. Сабийхэр икъукIэ щыгъыныджэт. ЦIыхубзхэр бгырыс щыгъынкIэ хуэпат. Я нэгур IэлъэщIкIэ щIэхъумат. ЦIыхухъухэм адыгэ цей ящыгът. IэщэкIэ зэщIэузэдахэт. Ауэ псоми нэхъ къахэщырт лIыжьхэр.

         Ахэр зытIощIырыпщIым нэсырт. Лъэпкъыр зыгъэбжьыфIэ нэхъыжьыфIхэрт. Я ныбжьым емылъытауэ, зэкIужхэт, щхьэпэлъагэхэт, я фащэри, я теплъэри дахэт. Хужьыбзэу тхъуа жьакIэшхуэхэр ятетт, нурыр кърихыу   я нэгухэр лъагъугъуафIэт, зэрыакъылыфIэхэр, пщIэрэ щхьэрэ зэраIэр зыщIэжхэти, ар я зыIыгъыкIэмкIи къагъэлъагъуэрт. Уеплъ пэтми защумыгъэнщIу, уатхьэкъурт, пщIэ яхуэпщIу уехъуапсэрт. Ахэр ауэ сытми гуп къудейуэ къызыщыбгъэхъу хъунутэкъым – дэтхэнэ зыми ищIэжырт пщIэуэ иIэр, акъылрэ лIыгъэу бгъэдэлъыр зыхуэдизыр. Абыхэм узытрагъэгушхуэнутэкъым, бгъэпуду къыпхуадэнутэкъым – дэтхэнэ зыми и пщIэмрэ и щхьэмрэ зэрихъумэжыфынур, уэри къызэрыпщхьэщыжыфынур нэрылъагъут. НэгъуэщIым и пщIэр ягъэпудын муради яIэтэкъым – цIыхур я щхьэм иралъытырт. Зыхэт я лъэпкъэгъу нэхъыщIэхэм я набдзэт. Я щапхъэт. Абыхэм я дежкIэ зырикIт урысхэм я къулыкъущIэхэри, езыхэм я пщыжь-уэркъыжьхэри. Ахэр зым и унафи щIэтыну зи мыгуращэ цIыху щхьэхуитхэт. Абыхэм я дежкIэ хабзэ нэхъыщхьэр езыхэм я Iуэху еплъыкIэрат – абы тещIыхьауэт пэжымрэ пцIымрэ зэреплъ щIыкIэри.

         Сыным хуэдэу, я пIэм ижыхьауэ зэхэтт а къэбэрдей гупыр. Я нэгур уфат. Я нэхэр къилыдыкIырт. Я Iупэ зэтекъузахэр кIэзызырт. Псоми къатехьэлъэу гуауэшхуэ къазэрыщхьэщытыр нэрылъагъут. Ауэ лIыгъэ яхэлъу заIыгът, я гуныкъуэгъуэхэр ялъагъу мыхъуу зыIуплъэ урыс джаурхэм кърамыгъэщIэн зыхуагъэшэчырт.

         Си нэгу щIэкIыр схузэмыгъэзахуэурэ къэбэрдейхэм сахэплъэу сыздэщытым, куэд мыщIэу гупым къабгъэдохьэ мафIэгум и лэжьакIуэхэм ящыщ зы:

         – Ей, тэтэрыжь къом! ФыкIуи, мафIэгум фитIысхьэ… Мо вагонращ фызэрытIысхьэнур…

         Абы и ужькIэ къэхъуар пхужымыIэным хуэдизщ: зыр зым епхъуэу, сабийхэмрэ цIыхубзхэмрэ зэщIогъуагэ. ЦIыхухъу балигъхэр зэщоджэ. ЛIыжьхэм зрадзыхри, нэпс уэркIэ яуфэнщI щIым ба хуащIу щIадзэ. А теплъэгъуэ гуауэр дакъикъитI-щыкIэ екIуэкIащ. ИтIанэ псынщIэу зрачри, къыхуагъэлъэгъуа вагоным зрадзащ псоми. Абы къиIукIырт гущIэм зыкъезыгъэгъазэ гъы макъышхуэхэр.

         ИгъащIэ псокIэ сщымыгъупщэжыным хуэдизт си нэгу щIэкIа а нэщхъеягъуэшхуэр. Къэхъуар, слъэгъуар зыхуэсхьынур сымыщIэ пэтми, а псори апхуэдизкIэ си гум щIыхьати, схуэмыубыд нэпсыр нэкIущхьитIымкIэ ежэхырт. СыщтэIэщтаблэу зысплъыхьырт – си нэгу щIэкIахэр зищIысыр къысхуэзыIуэтэфын гуэр къэслъыхъуэу арат. Спэмыжыжьэу абдеж щыт мэкъумэшыщIэ гуэрым, си щытыкIэ хъуам гу къылъитагъэнщи, щхьэхынэ-щхьэхынэу къызжеIэ:

         – Iэпхъуэхэу… Тыркум яшэу аращи, я щIыналъэм сэлам ирахыж… Ар хэтуи ирехъуи, апхуэдэ бэлыхь къызытехуэм уи гур щIэгъун хуейщ…

         Абдежым сэ псори къызгуроIуэ…

КъыкIэлъыкIуэнущ.

 

Поделиться: